Жылагъуэ

Адыгэ пащтыхьхэм я гъыбзэ

Адыгэм тхыбзэ щимыIа лъэхъэнэм и тхыдэр зэрихъумэжар IуэрыIуатэрэ уэрэдыжьхэмкIэщ. Апхуэдэ защIэкIэ ди нэхъыжьыфIхэм нобэм къахьэсыжащ лъэпкъым нэщIэбжьэрэ зауэ-банэу и нэгу щIэкIар. 

Мы гъэм и кIэм нагъэсынущ

         «ЩIыуэпс»» къэрал пэхуэщIэм хиубыдэу 2024 гъэм Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щагъэкъэбзэнущ Бахъсэн псы Iуфэм щыщу километр 13. ЩIымахуэр къэмыс щIыкIэ лэжьыгъэ щхьэхуэхэр щызэфIагъэкIащ Эльбрус, Тегенекли жылэхэм я Iэхэлъахэхэм.

IэнатIэр щыкуэдым деж

Илъэс бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, къэралым IэнатIэхэр щызэпэубыдауэ щытащ. ЩIэныгъэфI, IэщIагъэфI зиIэхэр мин бжыгъэкIэ уэрамым дэтащ, лэжьапIэ къалъыхъуэу икIи дунейм екIуу, я унагъуэхэр зыхуей хуэзэу ягъэпсэун щхьэкIэ, сыт хуэдэ къалэн къыхуамыгъэлъэгъуами зрапщытыну хьэзыру.

IэщIагъэлIхэр ягъэфIащ

ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсыр къызэднэкIащ, IэнатIэм щахузэфIэкIахэм щриплъэж икIи щызэIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэр къыщызэщIакъуэж зэIущIэхэри ирагъэкIуэкIащ. УФ-м и Президентым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ, егъэджакIуэхэм, унэтIакIуэхэм, гъэсакIуэхэм я пщIэр къэIэтыным, абыхэм я лэжьыгъэм гулъытэ егъэгъуэтыным хуэунэтIауэ къэралым лэжьыгъэшхуэ щызэфIагъэкIащ.

Налшыкдэсхэр хуабжьу цIыхуфIщ

Ди хэгъэрейхэр

Пасэ лъандэрэ ягъэкI

Бжьыныр дэнэ щIыпIи къыщокI, нэхъыбэ дыдэу шхынхэм халъхьэ хадэхэкIщ. Ауэ цIыхубэм куэд дыди ящIэркъым абы теухуауэ, ар щыбупщIатэкIэ уи нэпсыр къызэрыщIигъэжым, узыншагъэмкIэ зэрысэбэпым нэмыщI. АтIэ ар къыщагъэунэхуам, и лIэужьыгъуэхэм, плъыфэ зэхуэмыдэхэр зэриIэм теухуауэ гъэщIэгъуэн куэд щыIэщ.

Сытыт Мазэр щIагуэшынур?

  ГъэщIэгъуэнщ

НэхъыфIхэм ящыщщ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ 2023 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа, дызыхыхьа лъэхъэнэм къапэщыт къалэнхэр щаубзыхуа зэIущIэ зыубгъуа. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Пащтыхьыгъуэм и дамыгъэт

Пащтыхь тажышхуэр лIэщIыгъуэрэ ныкъуэкIэ Урысейм и пащтыхьыгъуэм и дамыгъэ нэхъыщхьэу екIуэкIащ. Ар 1762 гъэм ящIауэ щытащ, Екатеринэ II тетыгъуэр щиубыдым ирихьэлIэу. Пащтыхь гуащэр тахътэм щитIысхьэкIэ щхьэратIэгъэну тажым елэжьащ лъэпкъкIэ франджы дыщэкI Позье Меремирэ швейцар Экарт Георг Фридрихрэ. Ахэр Урысейм щыпсэурт, а зэманым къэралым и дыщэкI нэхъыфI дыдэуи къалъытэрт. Пащтыхь тажышхуэр щIыным кIэлъыплъыну ягъэуващ пащтыхь гуащэм и секретарь Бецкой Иван.

Зэманым пэлъэщакъым

Мы гъэм илъэсищэ ирикъу «Советский спорт» газетыр  зэгуэр цIэрыIуэ дыдэу щытащ. Ауэ ар  зыми игъэлъэпIэну фэ теткъым. Пэжщ, иджыри къыдэкIыу жаIэ арщхьэкIэ щапIэхэм щыплъагъужыркъым. Сыту пIэрэ   къызыхэкIар?

Зэуэ жытIэнщи, 1924 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м къыдэкIын щIэзыдза «Красный спорт» газетым («Советский») щыхъуар 1946 гъэм гъатхэпэм и 19-рщ) ипэкIэ илъэситIкIэ къыдэкIащ «Известия спорта» жыхуиIэр, арщхьэкIэ тхыдэм къызэрыхэнар иужьрей фIэщыгъэр иIэущ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ