Жылагъуэ

ЩIэныгъэ журналым и къыдэкIыгъуэ

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и щIэныгъэ журналым 2023 гъэм и 4-нэ къыдэ­кIыгъуэр дунейм къытехьащ. Абы итщ матема­тикэмкIэ, биологиемкIэ, тхыдэмкIэ, философиемкIэ тхыгъэ купщIафIэу щIэныгъэлIхэм ягъэ­хьэзырахэр.

Студентхэм жэрдэмхэр я куэдщ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Iэтауэ щагъэ­лъэ­пIащ Урысей студентыгъуэм и махуэр.

Къэрал мылъкум къыпэкIуэ хэхъуэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ республикэм щIымрэ мылъку IуэхухэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ IэнатIэр 2023 гъэм зэрылэжьамрэ къэкIуэну лъэхъэнэм я мурадхэмрэ.

Хабзэхъумэхэр бэлэрыгъынукъым

 УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и коллегием и зэхуэсым. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек хэтащ

ЗэхъуэкIыныгъэ зыхалъхьэ унафэхэр

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм щыхэплъа зи чэзу зэIущIэ. 

Гъэлъэгъуэныгъэ иным и утыкум

2024 гъэр Унагъуэм и илъэсщ

Лъэпкъ пэхуэщIэхэм я фIыгъэкIэ

2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм лъэпкъ пэхуэщIэхэр щIыналъэм щыгъэзэщIэным ехьэлIа Iуэхухэм сом мелуан 760-рэ тригъэкIуэдащ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ зэбгригъэхащ министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм.
«БлэкIа илъэсым лъэпкъ пэхуэщIэхэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр гъэзэщIэным сом мелуан 760-рэ хилъхьащ министерствэм. Абы щыщу сом мелуан 665-рэ хуаутIыпщащ «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ лажьэ «Мэкъумэш продукцэхэр хамэ щIыпIэхэм яхуегъэшэн» щIыналъэ пэхуэщIэм хуэунэтIа Iуэхугъуэхэм.

Хьэрычэт IэнатIэм КъБР-м зыщеужь

Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм Инвестицэ политикэмкIэ, хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ зегъэужьынымкIэ и департаментым и унафэщI Дадаян Иннэ видеоконференц зэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ къэралым и щIыналъэхэм «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ зыщегъэужьын» лъэпкъ проектыр зэрагъэзащIэ щIыкIэм. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Белецкая Ольгэ.

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр къызэрыдахьэх Iуэхугъуэхэр

Урысейм и туроператорхэм зэрыжаIэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ, ар щызэтрагъэувэж и курортхэмрэ санаторэхэмрэ куэдкIэ нэхъ щIэупщIэ яIэ хъуащ иужьрей илъэсхэм. Дауи, ахэр Минводы щыIэ апхуэдэ IуэхущIапIэхэм иджыри къакIэроху я бжыгъэкIи зэфIэкIкIи, апхуэдэу щытми, ди деж зыщызыгъэпсэхуну хуейхэми къахэхъуэ зэпытщ.
ЩIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм нэмыщI, ахэр зыIэпешэ ди щIыуэпсым и щытыкIэм, хьэуа къабзэм, зэрыхуабэм, ди аузхэм, мэз лъапэхэм я даущыншагъэм, а псом къадэкIуэу, путевкэхэм я уасэхэр фIыуэ зэрынэхъ пудым.

МурадыщIэхэм хуагъэуш

Урысейм къыщыхалъхьа, «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» зи фIэщыгъэ лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгуухуэ IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ иужьрей илъэсхэм зэфIигъэкIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ