|
Спорт
23 апреля, 2023 - 09:32
Илъэс 17 нэхърэ мынэхъыжьхэм атлетикэ псынщIэмкIэ я урысейпсо кадет зэхьэзэхуэ Смоленск къалэ щекIуэкIащ. Ахэр щхьэхуэ-щхьэхуэу лIэужьыгъуитIкIэ, щыкIэ, плIыкIэ зэпеуахэщ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ 17-м къикIауэ спортсмен 300-м щIигъу.
23 апреля, 2023 - 08:31
Орёл къалэм каратэм и лIэужьыгъуищкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 14-м щыщIэдзауэ 20-м нэсхэм Урысейм пашэныгъэ къыщыхьыным теухуауэ.
16 апреля, 2023 - 13:44
Осетие Ищхъэрэ - Аланием и къа- лащхьэ Владикавказ шахматхэмкIэ цIыху 200 зыхэта урысейпсо зэпеуэ щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм кIуат шахматист 20. Ахэр гупитIыу гуэшауэ щытащ - щIалэгъуалэмрэ балигъхэмрэ. Мыбы хэтащ я зэфIэкIкIэ зи цIэр Iуахэу Артемьев Владислав, Алексеев Евгений, Магомедов Магарам, Акинфеев Никитэ, Смирнов Павел, нэгъуэщIхэри.
16 апреля, 2023 - 12:06
Мэлыжьыхьым и 18-м «Динамо» урысей-псо физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэр илъэсищэ зэрырикъум теухуауэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщ. «Динамо»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Джэданэ Залым къызэрыджиIамкIэ, Урысейм абы егъэщIылIауэ щекIуэкIыну спорт зэхьэзэхуэ 13-м хэтынущ ди лIыкIуэхэр.
16 апреля, 2023 - 09:28
Тэтэрстан Республикэм и щыхьэр Къэзан къалэм щекIуэкIащ каратэмкIэ «Ак Барс и Кубок» дунейпсо зэхьэзэхуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ мыбы спортсмен 31-рэ хэтащ. Зэпеуэм цIыху минитIым щIигъу зэхуишэсащ, Урысейм и щIыналъэ 49-м нэмыщI, Азербайджаным, Таджикистаным, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Ираным, Белоруссием къикIахэу. Зэхьэзэхуахэр илъэс 12 - 17 ныбжьым ит хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэщ.
14 апреля, 2023 - 14:50
Урысей Федерацэм футболымкIэ зэкъуэтым и ет1уанэ лигэм и япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэ зы зэIущIэ зэхэтакъым.
Абы щыджэгу «Спартак-Налшык» и хьэщIэн хуеящ ди гъунэгъу ЕсэнтIыгу къикIа командэр. АрщхьэкIэ, футболым къигъэув хабзэхэр ипэкIэ къызэрызэпиудам къыхэкIыу, чемпионатым хагъэкIащ. А щIыкIэм тету ди футболистхэм 3:0-у текIуэныгъэр къахьауэ къалъытащ.
5 апреля, 2023 - 11:14
Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и Следственнэ IэнатIэхэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 60 зэрырикъум хуэгъэпсауэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Налшык къалэм.
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и спорт комплексым щызэхэта зэпеуэм кърихьэлIащ УФ-м и щIыналъэ 15-м я спортсмен ныбжьыщIэ 400-м щIигъу.
2 апреля, 2023 - 09:05
Орлов областым и Орёл къалэм гъатхэпэм и 22 - 26 махуэхэм щекIуэкIащ сумоистхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэр абы я зэфIэкI щеплъыжащ икIи къыхэжаныкIащ.
2 апреля, 2023 - 08:03
Ерчэн Темболэт и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт спортымкIэ уардэунэм илъэс еханэ хъуауэ щокIуэкI армэ IэпщэрызауэмкIэ 115-нэ шуудзэм и республикэпсо фэеплъ зэхьэзэхуэ. Иджыблагъэ абы кърихьэлIат Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ куэдым къикIа ныбжьыщIэхэр.
Страницы
|