Абы нэхъ IэфI щыIэ?

«Адыгэбзэр сыт щIэдджынур,
Здынэсыр КъалэкIыхьырщ», -
Ар ауану Iэджэм жаIэр,
Мышыу псалъэм тIэкIу хэчыхьу.
ЩызэхэсхкIэ сэ а псалъэр
А гушыIэр сигу темыхуэ.
Станцым нэскIэ унигъэсмэ,
Ар бзэм дежкIэ уфIэмащIэ? ...

КIыщокъуэ Алим и «Гъуэгу къежьапIэ» усэм щыщ мы сатырхэр си гум илъ зэпытщ. Уи анэдэлъхубзэр зумыпэсмэ, зумыгъащIэмэ, укъэзылъхуа уи анэр, укъызыхэкIа уи лъэпкъыр фIыуэ умылъагъуу аракъэ абы къикIыр? НтIэ, апхуэдэхэр сэ сфIэтхьэмыщкIэщ.
Къалэм сыкъыщыхъуами, сыкъэзыцIыхухэм ягъэщIагъуэу, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу сы­лэжьэну сыхъуапсэу, КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм илъэсихкIэ сыщеджащ. ИкIи къызэ­хъулIащ си хъуэпсапIэр. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэзухри фIыуэ слъагъу, сыщеджа си школым адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэу згъэзэжауэ сыщолажьэ илъэс ещанэ хъуауэ. СрогуфIэ икIи срогушхуэ абы.
СызэрыцIыкIурэ си анэдэлъхубзэр фIыуэ слъа­гъурт, сыдихьэхырт. Бзэм ехьэлIа зэпеуэхэми зыри блэзмыгъэкIыу сыхэтт икIи япэ увы­пIэхэр къыщысхьырт. Сехъуапсэрт си бзэр фIыуэ зэзгъащIэу ар адрейхэми нэхъыфIу езгъэлъа­гъуным, къалэдэс сабийхэр абы дезгъэхьэхыу я анэдэлъхубзэмкIэ хуиту псалъэу езгъэсэным.
Университетым сыщыщIэсым егъэджакIуэу сиIа Къардэн Мусадин къысхуигъэфэщауэ щытащ адыгэбзэ зэзыгъащIэ сабийхэм папщIэ ягъэхьэзырауэ щыта «Кавказ Ищхъэрэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ ныбжьыщIэхэм я инновацэ проектхэр» зэпеуэм сыхэтыну. СфIэфIу, си гуа­пэу абыи иужь сихьащ. ЕхъулIэныгъэхэри дыщиIауэ щытащ а Iуэхум: щIыналъэпсо зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщысхьат, фIыщIэ тхылъи къытхуагъэфэщат. Иджыпстуи сыхэтщ апхуэдэ Iуэхухэм. Псалъэм папщIэ, ди школым къыщы­зэзгъэпэщауэ гуащэ театр гупжьей щызогъэлажьэ. Абы сабийхэр яфIэфIу къокIуалIэ. ­ГуащэхэмкIэ джэгуурэ адыгэбзэкIэ зопсалъэ.  Езы цIыкIухэми ягу ирихьащи, нэхъыбэрэ дерсым щIэсыну гукъыдэж яIэщ. Зэпеуэхэр                         едгъэкIуэкIати, абыи дыщытекIуащ. ЦIыкIухэри абы тригъэгушхуащ икIи нэхъ псынщIэу бзэр зэрызрагъэщIэным хущIокъу.
Си щIэныгъэм адэкIи хэзгъэхъуэну сыщIо­хъуэпсри, Iэмал сиIэху, сокIуэ егъэджакIуэхэм я зэфIэкIым щыхагъахъуэ курсхэм. Апхуэдэ еджэ­ныгъэ сызыхэтахэр хуабжьу щхьэпэ схуэхъуащ. Курсхэм щызэхэсха, щыгъуазэ сызыхуэхъуа Iуэху бгъэдыхьэкIэ пэрытхэм ящыщ куэд, зэзгъэ­гъуэта щIэныгъэщIэхэр иужькIэ си лэжьыгъэм къыщызгъэсэбэпащ, дэIэпыкъуэгъуи къысхуэхъуащ. Апхуэдэу гукъыдэж сиIэу сыхэтщ бзэмкIэ ди щIыпIэм щекIуэкI щIэныгъэ-практикэ семинархэм, сфIэфIщ лъэпкъ радиом садэлэжьэн.
Сабийхэм бзэр нэхъ тыншу зэрызрагъэщIэн Iэмал куэд щыIэщ мы зэманым, ар дапхуэдэу щытынуми езыхэм къыхахыну хуитыныгъи яIэщ. Сэри дяпэкIи схузэфIэкIымкIэ абыхэм садэIэ­пыкъунущ я анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу, ар нэхъ куууэ яджыным хущIэкъуу, гъащIэм щащымыгъупщэу къадекIуэкIыфын папщIэ. Зэрыт­щIэщи, къыбдалъхуа бзэм нэхърэ нэхъ IэфIу щыIэр ар къыпIурызылъхьа анэм и закъуэщ.

 

КЪАРМЭ Миланэ, Налшык дэт гимназие №1-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ.
Поделиться: