ХъуэпсапIэхэр си лъэпкъым епхащ

ЗэрытщIэщи, лъэпкъым къы­дэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэхэр ­нэхъ зи пщэрылъу щытар цIыхубзырщ. Унагъуэм къихъуа хъыджэбзыр зыхуамыгъасэ, зыхуамыгъэIущ щыIэу щытакъым. Адыгэ унагъуэм къихъуа цIыхупсэр IэфIу пщафIэрт, дзапэ уэрэдкIи ­благъэхэр игъэгуфIэрт, мэлэчыпхъухэм я хъарыби зэIуищэрт. ЗыхуэмыIэзэ щымыIэу къагъэхъу дахэр и чэзум щынэсым езым бгъэдэлъ фIымкIэ гуашэрт. Нобэ си псэлъэгъу хъыджэбзыр и зэфIэкIкIэ, и Iуэху зехьэкIэкIэ «Адыгэ ­псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэм къыддогуашэ. Ар Щоджэн Лианэ Арсен и пхъурщ. Малкэ  къуажэм къыщалъхуа пщащэм и цIэр фIыкIэ жыжьэ Iуащ. Абы и уагъэ, дыщэидэ лэжьыгъэхэр ехъулIэныгъэ лъагэ яIэу щагъэлъэгъуащ ди къэралми хамэ щIыпIэхэми.

- Лианэ, газет щIэджыкIа­кIуэ­хэм нэхъ гъунэгъуу закъебгъэцIыхуамэ, ди гуапэт?
- КIэщIу жысIэмэ, сэ сыегъэджакIуэщ, сысурэтыщIщ, сымодельерщ, сызыхэIэбэ, си Iэпэ къызыпекIуэкI дэтхэнэми адыгэ нэщэнэ зэрыхэслъхьэным сы­хущIэкъуу сопсэу. Малкэ къуа­жэм сыкъыщалъхуащ. Лъэпкъ-кIэ Щоджэнхэ сащыщщ. Жы-лэм дэт курыт еджапIэр къэзуха нэужь, сыщIэтIысхьащ ­КъБКъУ-м и педагогикэ факультетым. Пэжу, си гуращэу, сызы­щIэхъуэпсу щытар журналист-хэр щагъэхьэзыр факультетыр арат, ауэ а зэманым ди универ­ситетым апхуэдэ къудамэ иджыри къызэ­ригъэпэща­тэ­къым. Хамэ щIыпIэ сыкIуэу сыщеджэну сигу къэ­кIыртэкъым, сыту жыпIэмэ адэ-анэр къэзгъа­нэу жыжьэ сыкIуэ­фынутэкъым. Езыхэри сызы­щIэ­тIысхьа фа­культетымкIэ мыарэ­зыуэ щытти, нэгъуэщI пса­­лъэмакъкIэ сапихьэртэкъым.
Урысыбзэр фIыуэ зэрысщIэм щыгъуазэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ и жэрдэмкIэ илъэс зыбжанэкIэ цIыхухэм садэгуэшащ модэм ехьэлIауэ сиIэ Iуэху еп­лъыкIэхэмкIэ. Тхэныр апхуэдизкIэ сигу ирихьырти, журналистхэр щагъэхьэзыр факультетым сыкIуэну сытегушхуащ мызэ-мытIэу, ар къызэIуаха нэужь. Ауэ сыщеджэ къудамэм и унафэщI Дым Елдаррэ кафедрэр зи Iэ­мыщIэ илъ Къаныкъуэ ФатIи-   мэ­рэ сыкъызэтрагъэувыIащ. Но­бэр къыздэсым зи чэнджэщкIэ къысхуэгуапэ, сытым дежи зыкъысщIэзыгъакъуэ Къаны­къуэм сыхуэарэзыщ. ИлъэсиплI хъуауэ Промышленность псын­щIэмкIэ Налшык дэт колледжым студентхэм IэщIагъэ щрагъэ­гъуэт еджапIэм дыщэидэм щы­хузогъаджэ, щыхузогъасэ. Сэ зэи хэдыкIым сызыIэпишэну, абыкIэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр къэзгупсысыну си гугъакъым. Дыкъэзыухъу-      реихь дунейм, щIы­уэпсым ятеу­хуа сурэтхэр сщIыуэ сыпсэун си           гугъащ, ауэ…
- Сыт апхуэдизу уи гъащIэм къыщыхъуар, узыщIэхъупсам и кIуапIэр нэгъуэщI лъэныкъуэ­кIэ щхьэ пхъуэжа?
- СызыщIэс  еджапIэм къигъэув къалэнхэм ящыщ зыт илъэс  къэс уэ езым бдыжа,  къэбгупсысыжа фэилъхьэгъуэ­хэр утыку щыбгъэлъэгъуэныр. Адрейхэм илъэсым и кIуэцIкIэ ­      зэ гъэлъэгъуэныгъэ ирагъэ­кIуэ-к­Iмэ, сэ тIэунейрэ згъэлъагъуэ хъуащ. Щыгъынхэр адыгэ уа­гъэ­кIэ, тхыпхъэкIэ згъэщIэращIэу щIэздзащ. Си жагъуэ зэры­хъущи, дыщэидэм, хэдыкIым куууэ ды хурагъэджакъым еджапIэм, сэ езыр Адыгейм сыкIуэурэ зезгъэ­сэжауэ аращ. КъызэхъулIэу къэзбжащ хэдыкIыр, ауэ къы­жыIапхъэщ си лэжьыгъэхэр адрейхэм зэремыщхьыр. Сэ нэхъыбэу сызэлэжьыр фэращ. Тхыпхъэ тызощIыхь, уагъэкIэ согъэщIэращIэ. Къэзгупсысхэм я нэхъыбэр унэкIуэцIхэм я блынджабэхэр зэрыбгъэщIэращIэ ­хъунхэщ.
- СызэрыщыгъуазэмкIэ, Лиа-нэ, уи япэ ехъулIэныгъэр Москва къыщожьэрт уэ, бжьыпэ увыпIэри абы къыщыпхуагъэ­фэщащ.
- Пэж дыдэщ. УагъэкIэ зэIу­щауэ сщIа лэжьыгъэм Москва увыпIэ нэхъыщхьэр къыщратащ. Абы иужькIэ нэхъри ситхьэ-                     къуащ дыщэидэм, фэм елэ­жьы­ным, уагъэ щIыным. Си псэм щыщ зыхэслъхьа лэжьыгъэхэр 2019 гъэм Налшык щызгъэлъэ­гъуащ. СщIэхэмкIэ, злэжьхэмкIэ нэгъэсауэ сыарэзыуэ щыткъым, Iэмал зэриIэкIэрэ си щIэныгъэм зэрыхэзгъэхъуэным  сыхущIокъу.
Ар си мураду Москва сыкIуэ-ри, абы аспирантурэр къыщызухыжащ. Си егъэджакIуэу щы­тар дуней псом къыщацIыху, модэм и тхыдэдж Васильев ­Александрщ. «Мода и стиль» лъэ­­ныкъуэмкIэ сиIэ щIэныгъэр нэхъри щезгъэфIэкIуащ абы и деж. Васильевым и арэзыныгъэкIэ сэ сагъэкIуауэ щытащ телевиденэм и япэ каналым къигъэлъагъуэ «Модный приговор» нэтыным. Модельерхэм, дизайнерхэм садэщIыгъуу сылэжьащ, мызэ-мытIэуи си лэжьыгъэхэр утыку кърахьащ. Модэм фIыуэ хэзыщIыкI, журналист, тхакIуэ, артист куэдым щапхъэгъэлъа­гъуэу яIэ Хромченкэ Эвелинэ и лекцэхэми сыщIэсащ. Абы жиIа, зытепсэлъыхьа куэдыр нобэми къызогъэсэбэп. Ауэ сигу имы­кIыж Iуэхугъуэу щытщ Васильев Александр си хэдыкIым папщIэ жиIахэр, ар абы зэригъэлъэпIар. Си хэдыкIыр тыгъэ хуэсщIат Васильевым, ауэ ар сIихакъым. «Апхуэдиз зэманрэ къарурэ зытебгъэкIуэда лэжьыгъэр ауэ къасщтэу си унэ схьыфыну-къым. КъищынэмыщIауэ, мып­хуэ­диз дахагъэр къызэрысщэ-хун, абы пэувыфын сом сиIэкъым икIи апхуэдэ мылъкуи щыIэкъым», - жиIащ абы.
- Ар куэд и уасэщ, Лианэ, дуней псом пщIэрэ щIыхьрэ щызиIэ цIыхум  гулъытэ лъагэ уи IэдакъэщIэкIым къыхуищIы­ныр… Ап­хуэдизу ягъэлъапIэу, уасэншэу къалъытэ уи лэжьыгъэхэр дэнэ щIыпIэ щыбгъэлъэгъуа?
- Си гъэлъэгъуэныгъэхэр, мастер-классхэр мызэ-мытIэу ще­кIуэ­кIащ ди щIыналъэм, ­Ин­гушым, Адыгейм, Осетие ­Ищ­хъэрэ-Аланием, Чехием, Тыркум. Су­рэтыщIхэм я дунейпсо зэгухьэ­ныгъэм иригъэкIуэкI гъэ­лъэ­­гъуэ­ныгъэхэм куэдрэ сашэ.
Гулъытэ гуапэ щызогъуэт сыщалъхуа щIыналъэми. Телевиденэм нэтынхэр щагъэхьэзыр си творчествэм теухуауэ, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэм срагъэб­лагъэ. Иджыблагъэ, Урысей ­щIалэгъуалэм я махуэр щагъэлъапIэм, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зыIущIа гупым сахэтащ. Абы псалъэ къыщызатати, си хъуэпсапIэу щыт, сызы­телажьэ проектыр къызэхъу­лIэну, абыкIэ щIэгъэкъуэн сиIэ- ну сызэригуапэр жысIащ. ­КIуэ­кIуэ Казбек хуэзгъэхьэзыра ты­гъэри IэщIэслъхьащ - ды­щэидэу щIауэ КIуэкIуэ лъэпкъым я дамыгъэр.
- Зи гугъу пщIы проектым къытхутепсэлъыхьыт, Лианэ.
- Ар щIалэгъуалэр щызэIущIэ, щы­зэдэлажьэ утыку къызэзгъэпэщынырщ. СыщIохъуэпс абы   лъэпкъым къыдэгъуэгу­рыкIуа IэщIагъэхэмкIэ гъэзэ­щIа хъуа лэжьыгъэхэр наIуэу цIыхухэм я пащхьэ щыдгъэлъэгъуэну. КъищынэмыщIауэ, ди блэкIам ижь зыщIихуауэ нобэм дахагъэ хуэхъуауэ ар фащэ ­ирехъу, арджэну е уагъэкIэ зэIуща хьэпшыпу щрырет, пщIэ, гулъытэ нэс хуащIыну сыхуейт.  Ди республикэм и унафэщIым зи гугъу сщIам теухуауэ стха лэ­жьыгъэм зэрыщыгъуазэри ­къыхигъэщащи, абы гугъэшхуэ сегъэщI си мурадыр къызэ­хъулIэнымкIэ. Сыхуейщ дэтхэнэ си зы студентми дыщэидэу хи­дыкIымрэ IэпхъуамбэкIэ зэIуи­щэмрэ уагъэ хьэлэмэту къы­зэ­рыкIыу, хъарыбэу ищIым налъэ-налъэу щызэрихъэм гукъыдэж дигъуэту псэуну.
- Уи мурадыфIхэр къохъулIэну си гуапэщ, Лианэ. Адыгэ унагъуэм щапIа, адыгэ хабзэр зи бзыпхъэ, блэкIам пщIэ хуэзыщI, къэкIуэну гъащIэм зи лэжьыгъэкIэ хуэтыгъэ уэ пхуэдэхэращ щIалэгъуалэм щапхъэ екIу яхуэхъур. Уи Iэдакъэ къыщIэкI хьэпшыпхэм дахагъэ куэд цIыхухэм халъагъуэу щытынри сфIэмахуэщ!

 

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться: