Лъэхъэнэм и джэрпэджэжхэр

«Мстиславрэ Редадэрэ: илъэс минхэм къапхыкI еп­лъыкIэ» - аращ зэреджэр Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIа тхылъ гъэщIэ­гъуэным. Адыгэ тхыдэм и зы ныбз къызэзыгъэдзэкIыж къы­дэкIыгъуэр щIэщыгъуэ ещI тхылъым къыщыIэта Iуэху­гъуэхэр лъэхъэнэ жы­жьэ дыдэхэм къызэрыще­жьэм, урыс тхыгъэхэм ямызакъуэу, лъэпкъ щIэжми къаруушхуэ зэраIэм и щыхьэт зэрыхъум, ди нобэхэм къэса IуэрыIуатэхэр блэкIам и щIэ­жьыуэ  хьэлэмэту  зэры­щы­тым.

Тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляров Виктор зэрыжиIэм­-кIэ, ТэмтэрэкъейкIэ зэджэ хэгъэгум, нобэ ТьмутараканкIэ нэхъыбэм яцIыху щIыпIэм, 1022 гъэм къуэшэгъухэмрэ урысхэм­-рэ щызэпэщIэуващ. Редадэ зи цIэ къуэшэгъу пщыдадэмрэ урыс джыназ Мстиславрэ лIыгъэкIэ зэрыгъэунэхуну, зым и лъэкIыр адрейм ейм нэхърэ зэрымынэхъ лъахъшэр и фIэщ ищIыну щызэпэщIэувэм, тIуми я пщIыхьэпэ къыхэхуакъым а щIакIуэкIапэ зэныкъуэкъур лъэпкъитIым гъунэгъу зэхуищIыну. Мстислав Редадэ хигъэщIами, лъэпкъхэм я зэхущытыкIэр ­иригъэкIэкIуакъым, атIэ урыс-адыгэ зэпыщIэныгъэхэм я ублапIэ хъуащ - урыс джыназым Редадэ и бынхэр зэришэлIащ, а щIыкIэмкIи къуэшэгъухэм благъэ захуищIащ. Редадэ и пщы­гъуэмрэ езыр щытепщэ лъахэмрэ зэхигъэхьэри, ТэмтэрекъейкIэ зэджэ пщы жылагъуэ лъэщыр къэунэхуащ.
«ГъэщIэгъуэнращи, зауэлI пхъашитIым я зэныкъуэкъум, ахэр зэпэщIэт лъэныкъуитIым я пашэу щыт пэтми, ипэкIэ екIуэкIа ­зауэзэрылIхэр игъэужьыхащ, тхыдэм и пшагъуэ гуэрэным ­хригъэлъэсащ. Ар къэгъэнауэ, пщыхэм я щIакIуэкIапэр илъэс мин зи ныбжь урысей къэралыгъуэм и нэхупсщ, абы и макъри блэкIа жыжьэм джэрпэджэжу къоIукI. Мы гъэм зы мычэму илъэс мин ирокъу Мстиславрэ Редадэ щызэпэщIэува зэны­къуэкъур къызэрыхъурэ. Зауэ къимыкIами, абы цIыху цIыкIум мыхьэнэшхуэ иритащ, тхыдэм и дурэшплIэрэшхэми хэмыкIуэ­дэжу и хъыбарыр къэнащ. Зэманым цIэрыIуэ ищIа лIыхъужьитIым я гъащIэм, я дуней тетыкIэм, я политикэ гупсысэкIэм, я зэхуаку къихъуа зэныкъуэкъум теухуауэ лэжьыгъэ куэд дыдэ щыIэщ. Нобэр къыздэсым щIэныгъэм къэхутэныгъэщIэхэр ­щащI, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ лъэпкъ гупсысэр тегъэщIапIэ зыхуащI къэгъэщIыгъэхэмрэ Iэпэщысэ телъыджэхэмрэ къыщIагъэщ. Езы зауэлIитIым я гуащIэр апхуэдизкIэ мыу­жьыхыжу тхыдэми щIэжми хэтщи, я цIэр щIыпIэ икIи IуэхущIапIэ куэдым фIащ - бгыщхьэхэм къыщегъэжьауэ ресторанхэм щыщIэкIыжу», - жиIащ Котляров Виктор.
«Мстиславрэ Редадэрэ: илъэс минхэм къапхыкI еплъыкIэ» тхылъыр Мстиславрэ Редадэрэ ятеухуауэ щыIэ тхыгъэхэм я зэужьу къэплъытэ хъунущ. Абы ихуащ къэхутэныгъэу щыIэхэм я нэхъыбэр. Псалъэм папщIэ, тхылъым къыщыбгъуэтынущ ­Лопатинский Лев, Трубецкой Николай, Турчанинов Георгий, Алексеевэ Еленэ, Гадло Александр сымэ я Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэ купщIафIэхэр. Абыхэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм ­щIэгъэкъуэни джэрпэджэжи яхуохъу Шортэн Аскэрбий, Къу­махуэ Мухьэдин, Бейтыгъуэн Сэфарбий, Щхьэлахъуэ Дарико сымэ я Iэужьхэр.
ТхылъыщIэр бей ещI абы щызэхуэхьэса IуэрыIуатэ текстхэ­-ми, лъэпкъ литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэм къыхаха пычы­гъуэхэми. Апхуэдэу зэуIуу тхылъым щызэхэтщ МэшбащIэ Ис­хьэкъ, Аргун Алексей, Адыгэ Тенджыз сымэ я романхэм щыщ Iыхьэхэр. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, тхылъыр сыт и лъэныкъуэкIи хьэлэмэт ящI абы Редадэрэ Мстиславрэ ятеухуауэ щыIэ сыт хуэдэ тхыгъэ лIэужьыгъуэри щызэкIэлъыхьауэ зэрыщытми.
«Мстиславрэ Редадэрэ: илъэс минхэм къапхыкI еплъыкIэ» зэужьыр Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм и проектыщIэм - «Тхыгъэ къыхэхахэм я библиотекэ» жыхуиIэм - хэту къыдокI. Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэхъапэкIэ а зэужьым хэту Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ», Шэджыхьэщэ Хьэмыщэ и «ЛъыщIэж», Щоджэн Аксанэ и «Къапхъэнхэмрэ пащтыхьы­гъуэхэмрэ», Хамар-Дабанов Е. и «Мэзкуудэсхэмрэ адыгэхэм­рэ» романхэр къыдэкIыжащ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: