«Кавказырыс» - Лермонтовым и тхыгъэ

  Жэпуэгъуэм и 15-р Лермонтов Михаил къыщалъхуа махуэщ. Кавказыр нэхъ лейуэ фIыуэ зылъагъухэм хабжэ пэтми, и зэфIэкIым зригъэубгъуну хунэмысу, щIалэу дунейм ехыжа усакIуэм иджыри IэдакъэщIэкI куэд иIэщ адыгэбзэкIэ дунейм къытемыхьауэ. Абыхэм язщ абы «Кавказец» зыфIища тхыгъэ кIэщIыр. Лермонтовыр зытепсэлъыхьыр Кавказым щыщ цIыхухэракъым, атIэ езым хуэдэу ди щIыналъэм дзэ къулыкъу щезыхьэкIхэрщ. Нэхъыбэ дыдэу мыбы уигу къигъэкIыжыр «Ди зэманым и лIыхъужь» повестым хэта Грушницкэрщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, зызыгъэлI урыс, Кавказым щызауэу, абы щыпсэухэм ядэплъейуэ, ауэ ещхь мыхъуфу. Иныкъуэ критикхэм зэрыжаIэмкIэ, Лермонтовыр мы тхыгъэм и щхьэми мащIэу щыщодыхьэшхыж. 

 «Кавказырысыр урысныкъуэрэ хуэазие хьэлу псэущхьэ гуэрщ, къуэкIыпIэ хабзэхэм итхьэкъуарэ абыкIэ цIыху щыту (псалъэм папщIэ, Урысейм къикIахэр) зыкъиумысыну укIытэу», - апхуэдэущ Лермонтовым и тхыгъэр къызэрыщIидзэр. 
«Кавказырыс» зыфIищахэр лIэужьыгъуищу егуэшыж адэкIэ тхакIуэм: «кавказырыс нэсхэр» Гъунапкъэм тетхэращ. «Куржы кавказырысхэм» а цIэр яхуэфащэу пхужыIэнукъым. Иджыри щыIэщ «кавказырыс къулыкъущIэхэр». Лермонтовыр зыщымыдыхьэшхыр «кавказырыс нэсхэм» я закъуэщ. 
Ди щIэджыкIакIуэхэм папщIэ, зы пычыгъуэ адыгэбзэм къидгъэзэгъащ, ауэ, зэрыхуэдгъэфащэмкIэ, мыбдежым «черкес» мыхьэнэм Лермонтов къригъэкIыр адыгэм и закъуэкъым, атIэ Кавказым щыщ псори абы хрегъэубыдэ. 
«Иужьрей зэманым абы зы шэрджэс мамыр ныбжьэгъу къыхуэхъуауэ, и къуажэм щыкIэлъокIуэ. Къалэ хабзэмрэ къэрал къулыкъумрэ здыщыужам, кавказырысым и гур мыбы щызекIуэ пасэрей гъащIэм етхьэкъу. Бгырысхэр хьэлкIи псэукIэкIи къицIыхуащ, я лъэпкъ лIыхъужьхэм я цIэхэр кърибжэкIыфынущ, я благъэхэр зэрызэпыщIа нэгъунэ ещIэ. Дэтхэнэ пщым ущыгугъ хъунуми, дэтхэнэр пцIыупсми, къыбжиIэфынущ, хэт дабы и ныбжьэгъуми, хэт сыт хуэдэлъ щIэтми, щыгъуазэщ. МыIейуэ тэтэрыбзэкIэ мэшэрыуэ, сэшхуэ зэригъэпэщащ, «гурда» ехьэжьа, и къамэр – базалайщ, и кIэрахъуэр Псыжь адрыщI щащIащ. И фочыр кърым фочщ, езым дагъэ щихуэжу, и шыращи – щолэхъу дыдэщ. И щыгъынри пщы гуащэ гуэрым и IэкIэ хуида адыгэ цейщ. Шэрджэс хуэIухуэщIэхэм хьэщыкъ зэрахуэхъуам гъуни нэзи иIэжкъым, аращи. Махуэ псокIэ ар зы уэркъ зэхэуфIея гуэрым бгъэдэтыфынущ шы мыхьэнэншэм е Iэщэ улъиям тепсэлъыхьу. И ныбжьэгъум къэгъэпцIэгъуафIэ гуэрым шы е Iэщэ щрищэкIэ, хьилагъ хэлъу пащIэкIэм щIогуфIыкIри бгъэдэтщ. Бгырысхэм щатепсэлъыхькIэ, мыхэр жеIэ: «Лъэпкъ хъарзынэщ, ауэ азие хьэли яхэлъщ. Пэжщ, шэшэнхэр мыхьэнэншэщ, ауэ къэбэрдейхэр щIалэжьхэщ. Шапсыгъхэми мыIейуэ куэд яхэтщ, итIани, къэбэрдейхэм ялъэщIыхьэнукъым, е зыхуэпэкIэкъым, е шэсыкIэкъым… ауэ къабзэлъабзэу мэпсэу, къабзэ дыдэу». 
Пычыгъуэм зэрытхыгъэу фыкъригъэджэну дыщыгугъыу, федгъэхъуапсэу аращ. ТхакIуэм жиIэр уи фIэщ пщIынуи умыщIынуи ухуитщ. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: