ЩIыналъэм иIэну мылъкум теухуауэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий Iуэху­-гъуэ нэхъыщхьэхэм щытепсэлъыхьа зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. 

КъБР-м 2023 гъэмрэ къэблэгъэну 2024, 2025 илъэсхэмрэ ­ятещIыхьауэ иIэну социально-экономикэ щытыкIэр къигъэлъэ­гъуащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев ­Борис. Ар лIэужьыгъуитIу ягъэбелджылащ. Япэ лIэужьыгъуэм деж экономикэ зыужьыныгъэр инвестицэм тещIыхьауэ щытщ, инфраструктурэ проектышхуэхэр хэтщ. ЕтIуанэм деж социально-экономикэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным тещIыхьауэ щыIэ ­хабзэхэм захъуэжыркъым. 
- Проектым къигъэувхэр тэмэму гъэзэщIа хъумэ, 2022 гъэм щIыналъэм къыщалэжьар (псори зэхэту) проценти 103,8-кIэ гъэзэщIа хъуну дыщогугъ. Ар сом мелард 242-м нэблэгъэн хуейщ. Къапщытэ пIалъэм и кIэухым къриубыдэу ВРП-р проценти 126,5-кIэ ­хэхъуэну дыпоплъэри, ар сом мелард 306-м нэсынущ. ВРП-р хэ­хъуэнущ промышленностым, мэкъумэш, ухуэныгъэ IэнатIэхэм, сату Iуэхум я фIыгъэкIэ.
2025 гъэм ирихьэлIэу хэхъуэр зыхуэдизынур япэ Iэмалым тету къэббжмэ, сом мелард 15,2-рэ хъунущ, етIуанэмкIэ - сом мелард 14,2-рэ. 
ЗэIущIэм къыщащтащ 2023 гъэмрэ къэблагъэ 2024, 2025 илъэсхэмрэ ятещIыхьауэ республикэ бюджетыр зыхуэдэнум и проектыр. Абы теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ. Министрым зэрыжиIащи, бюджетым иджыри зэ­хъуэкIыныгъэ игъуэтынкIэ хъунущ. 2023 гъэм республикэм и хэ­хъуэр сом мелард 52,2-рэ, 2024, 2025 гъэхэм - сом мелард 50,2-рэ, сом мелард 42,1-рэ (зэрызэкIэлъыкIуэу) хъуну ягъэбелджылащ. Налог, мыналог мылъкуу 2023 гъэм къахэхъуэну хуагъэфащэ сом мелард 14,2-рэ, 2024-м - сом мелард 14,8-рэ, 2025-м - сом мелард 15,4-рэ. 
2023 гъэм республикэм зымыгъэзэж мылъкуу къыхэхъуэнущ сом мелард 38-рэ. КъыкIэлъыкIуэ илъэситIым - сом мелард ­        35,4-м, сом мелард 26,7-м тращIыхь. 
Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм хуэунэтIа ахъшэхэр хуэгъэфэщауэ ягъэбелджылащ. Абы щыщу 2023 гъэм тещIыхьа субсидиер сом мелард 20,3-рэ, субвенцэр сом мелуан 923,6-рэ, нэгъуэщI бюджетзэхуаку трансфертхэр - сом мелуан 689,3-рэ хъун хуейщ. 2023 гъэм КъБР-м къигъэсэбэпыну хуагъэфащэ сом мелард 55,9-рэ, 2024 гъэм - сом мелард 50,1-рэ, 2025-м - сом мелард 41,1-рэ. 
Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, ухуэныгъэ Iуэхухэм трагъэкIуэдэну ахъшэр елъытауэ щытынущ федеральнэ мылъкуу абы къыхуаутIыпщым. 2023 гъэм хуэзэр сом меларди 6 мэхъу. Мылъкур трагъэкIуэдэнущ мы гъэм яухуэну кърагъэжьа школиблымрэ щIэуэ кърагъэжьэну школиймрэ; и кIэм нагъэсын ­хуейщ щIалэгъуалэм я уардэунэу Налшык щащIыр, онкологие цент­рыр, зы поликлиникэ. Тырныауз къыщрагъэжьэну я мурадщ псы зэрагъэкъабзэ ухуэныгъэ, Эльбрус къуажэм дащIыхьын ­хуейщ ­къуажэ амбулаторэ, сымаджэщ, фельдшер IуэхущIапIэ. 
Республикэм и бюджетым и проектыр и кIэм нэсу Парламентым щагъэбелджылыжынущ. 
2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Налшык къыщыхъуа щIэпхъаджагъэм хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэу хэкIуэда цIыху 32-м я уна­гъуэ­хэм мылъкукIэ дэIэпыкъунущ. А Iуэхум хухахащ сом мин 960-рэ. 
Щхьэхуэу тепсэлъыхьащ УФ-м и Президентым и Унафэм,  ­ДНР-м, ЛНР-м, Украинэм щхьэхуимыту къиIэпхъукIын хуей хъуа цIыхухэмрэ гражданствэ зимыIэхэмрэ зэрыдэIэпыкъуну щIыкIэм теухуам. Бадзэуэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ мазэ къэс абыхэм пенсэу сом ­мини 10, ныкъуэдыкъуэхэм хухаха дэIэпыкъуныгъэу - сом мини 10, а дэIэпыкъуныгъэм дыщIагъуж сом мини 3, Хэку зауэшхуэм хэтахэм - сом мини 5 Iэрагъэхьэ. ЗэрыIыгъыу ират: уэндэгъухэм - сом мини 10, сабий къызыхэхъуахэм - сом мин 20. Илъэс 18 иримыкъуа зы сабийм ират мазэм хуэзэу сом мини 4. Зи закъуэу бын зыпI адэхэмрэ анэхэмрэ зы быным хуэзэу сом мини 10. 
ЗэIущIэм хэтхэм зэдэарэзыуэ къащтащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм ­епха IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр егъэгъуэ­тыным теухуауэ къыхилъхьа проектыр. Республикэм, къалэхэм я центр зыбжанэ зэхагъэхьэжкIэрэ, щIэуэ къэунэхунущ ЦIыхухэм щадэIэпыкъу республикэ центр. 
«ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ фондым 2022 гъэмрэ къыкIэлъыкIуэну 2023 - 2024 гъэхэмрэ ятещIыхьа и бюджетым» и законым зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэхэр игъуэтащ. Транспортым, псым, щIалэгъуалэ политикэм я IуэхукIэ унафэ зыбжанэ ­къащтащ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: