«Мыщэ хужьхэр».. зэрызахэфIыщIар

Америкэм и Штат Зэгуэтхэр зи унафэщI «КъухьэпIэ зэкъуэтыр» УкраинэмкIэ  Урысейм къыщезауэ мы зэманым дигу къокIыж ХХ-нэ лIэщIыгъуэм екIуэкIа Iуэху языныкъуэхэр, псом хуэмыдэу США-мрэ СССР-мрэ зэрызэпэщIэтам ехьэлIахэр. ЖытIэнщи, апхуэдэ зэхущытыкIэм сыт щыгъуи и жэрдэмщIакIуэу щытар Вашингтонщ. Москва абы пэджэжын хуей хъу къудейт. Дунейр зи тепщэгъуэу зыбж а къэралымрэ Совет Союзымрэ яку тIэунейрэ ядернэ зауэ къыдэхъуэ пэтащ, ауэ щIалъэфыжащ а зауэхэм зыри зэрыщытемыкIуэнур хьэкъ ящыхъуа иужь. Езы къэралитIыр зэи занщIэу къарукIэ зэпIэщIэувакъым, зэ закъуэ фIэкIа. Ауэ абыи фIы щIахакъым хы адрыщI къикIахэм.
1918 гъэм и шыщхьэуIум Архангельск антантэм и дзэхэр къыщитIысыкIащ цIыху мини 9 хъууэ. ФокIадэм абыхэм къакIэлъыкIуащ зауэлI мини 6-м щIигъу американхэр. Ахэр сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIат ищхъэрэ щIыналъэ щIыIэм. ЗэрыпхъуакIуэхэм я мурадыр щIауфэртэкъым: ахэр хуейт Урысейр германием и бийуэ япэ дунейпсо зауэм хашэжыну: большевикхэр абы къыхэкIыжа яужь нэмыцэхэм я къарур къухьэпIэ фронтымкIэ яунэтIат. Нэхъыбэу зытрагъащIэри дзэ хужьымрэ къэзакъхэмрэт.
США-м и лIыкIуэхэм ящIыгъут 3I0-нэ инженер сапер полкымрэ транспорт гупхэмрэ. «Мыщэ хужьхэмкIэ» зэджэж ахэр хьэзырт езыхэм лъапцIэу къалъытэ Дзэ Плъыжьым удын хьэлъэ ирадзыну.
ЩIыпIэм щыпсэухэм хамэщI къикIахэр япэ щIыкIэ гуапэу ирагъэблэгъащ. Ахэр щыгугъырт зэпымыууэ я щIыналъэм къыхуеIэ финхэм щахъумэну, щытыкIэр зэпIэзэрыт ящIыжыну. АрщхьэкIэ щыуауэ къыщIэкIащ. «ХьэщIэхэм» (псом хуэмыдэу инджылызхэм) пIалъэ кIэщIым зэрыпхъуакIуэ дыдэу зыкъагъэлъэгъуащ: абыхэм щIыналъэм и къулеигъэхэр зэIащIэлъхьащ, къаугъуэя мылъкур Британием ирагъашэрт. Антантэм и къарухэр «Ищхъэрэ областым» щыIэхэм я Iэтащхьэ генерал Пуль Фредерик езым и блыгущIэтхэм унафэ яхуищIащ полицай къалэнхэри ягъэзэщIэну. Абыхэм яукIырт большевикхэм я телъхьэу шэч зыхуащI псори. Мудьюг хы- тIыгум къыщызэIуаха Iуэм ирадзэрт къапэувыну зыхуагъэфащэ псори. Хьэпсым куэд илIыхьырт. ИужькIэ белджылы зэрыхъуамкIэ, абы щаIыгъа цIыху 1200-м ящыщу большевикхэм я партым хэтыр 20 къудет.
ЩIыпIэм щыпсэухэм щIэх дыдэу къагурыIуащ «хьэщIэхэр» зэрыпхъуакIуэ къызэрыгуэкIыу зэрыщытыр. Абы къыхэкIыу граждан зауэр щхьэхуитщIыжакIуэм хуэкIуащ.
ЩIыналъэр хуит къэщIыжынымкIэ къалэнышхуэ игъэзэщIащ Шенкурс къалэм. Мыбы щIыпIэ куэд зэпищIэрти, мыхьэнэ ин иIэт. I9I8 гъэм и фокIадэм къыщыщIэдзауэ ар яIыгъ 339-нэ полкым щыщ американхэм, «Мыщэ хужь» зыфIэзыщыжахэм. Абыхэм ядэIэпыкъурт хужьыдзэхэр. Псори зэхэту яхъумэрт зауэлI мини 5-м. Ахэр топхэмкIэ, пулемётхэмкIэ хуэфIу зэщIэузэдат. Шенкурск дзотхэр зыхэт щIытIхэмкIэ къэухъуреихьат.
19I9 гъэм и щIышылэм щIыпIэм щыIащ Iуэхухэр зыIутыр къэзыпщыта генерал Айронсад Эндмунд. ИужькIэ абы итхыжащ: « Окопым сыдэту ихъуреягъыр къэсплъыхьырт. Си нэхэр зыIуплъэр уэс хужьыбзэрт, укъамылъагъуу укъыбгъэдыхьэну зы Iэмали щыIэтэкъым, къыттеуэхэр пулеметхэм лъэрыщIыкI ящIынут. Сэ шэч къытесхьэртэкъым зэуэкIэ зымыщIэ большевикхэм я хьэдэхэр уэс кум къызэрыхэнэнум».
 АрщхьэкIэ зы махуэ нэхъ дэмыкIыу наIуэ къэхъуащ генералыр хуабжьу зэрыщыуар.
КъебгъэрыкIуэ плъыжьхэмрэ партизанхэмрэ я лъэгуажьэм къэс уэс куум топхэмрэ пулеметхэмрэ пхыралъэфырт. Гу къылъамытэн щхьэкIэ я Iэтащхьэ, пащтыхьыдзэм и генералу щыта Самойлэ Александр унафэ ищIащ щэкI хужьхэр зэрашэкIыну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ гъэпщкIуауэ къыIухутащ Шенкурск и гъунэм. Зэуэ заIэтри, къапэмыплъа бийхэм яхэлъэдащ, и мыжурэпэхэр шияуэ.
 Американхэм иужькIэ ягу къагъэкIыжырт хужьыгъэ Iувым къыхэтэджыкIа плъыжьыдзэм зэрагъэгужьеяр. Ахэр щIэпхъуэжащ я быдапIэхэри Iэщэхэри къагъанэри. ЗауэлI хужьхэм я закъуэщ закъыпэщIэзысар, арщхьэкIэ ахэри икIуэтын хуей хъуащ. Шенкурск къагъэнащ хэщIыныгъэ хьэлъэхэр ягъуэтауэ. ЗэрыпхъуакIуэхэр Iуадзащ киллометрищэкIэ. Абы иужькIэ американхэр апхуэдизкIэ псэмахэ хъуати, зэуэжыфынутэкъым. Ахэр я хэку яшэжащ. Абыхэм якIэлъыкIуэу ищхъэрэ щIыналъэр ябгынащ инджылызхэми нэгъуэщI зэрыпхъуакIуэхэми.
 Урысей жыжьэм щыхэкIуэда я зауэлIэхэм я фэеплъу американхэм Мичиган штатым щагъэуващ мыщэ хужьым и теплъэ зиIэ сынышхуэр.
Мис апхуэдэу иухащ хы адрыщI къикIахэм къаймыхъулIа я зекIуэр. Иджы, дауи, ар ягу къагъэкIыжыркъым.

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: