ХыфIыцIэIуфэ къэзакъхэм адыгэ Iэщэ-фащэр къызэращтар

Кавказ къэзакъхэми КъуэкIыпIэм щыIэ урыс армэми адыгэ зауэ хуэIухуэщIэхэр къызэращтар апхуэдизкIэ шэч зыхэмылъыххэщи щIэныгъэ тегъэщIапIэ къэплъыхъуэу ущIызэдэуэн хэлъыжкъым. Аращ и купщIэ нэхъыщхьэр Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар) дэт музейм и тхыдэ къудамэм и лэжьакIуэ Фролов Борис и Iуэху еплъыкIэм.

КАВКАЗ зауэм и тхыдэм япэу тетхыхьахэм ящыщ Попко Иван етх: «Адыгэ Iэщэ-фащэмрэ шы хуэIухуэщIэхэмрэ офицерми сэлэтми зэрызагъэщIагъуэ шыфэлIыфэщ. Адыгэхэм зэрахьэ псоми къэзакъхэм я деж пщIэшхуэ щиIэщ. «ФIыуэ къагупсысар къэбгъэщхьэпэнри губзыгъагъэщ», - аращ абы Iущыгъэу хэлъыр. Кавказ зауэм теухуа тхылъышхуэхэр зи IэдакъэщIэкIхэм зыжьэу жаIэ: «Кавказ бгырыс лъэпкъ псоми, абыхэм я ужьым иту ди къэзакъхэми Къэбэрдейм и фащэри, и Iэщэри, шы тесыкIэри, къинэмыщIхэри къащтащ».

Къэзакъхэм езыр-езыру адыгэ Iэщэ зэрызэрагъэпэщыр 1824 - 1828 гъэхэм хуэмурэ къэрал унафэм хуэкIуэн щIидзащ. Абы и щхьэусыгъуэри IупщIщ. Кавказ гъунапкъэм трагъэтIысхьа хыфIыцIэIуфэ къэзакъхэр зауэ IэнатIэм Iухьэху, адыгэхэм я шуудзэ псынщIэ телъыджэм пэщIэувэн хуей хъухэрт. Дауи, дзэ зэгъэпэщам апхуэдэ шуудзэр къыпэщIэтыфынутэкъым. Ауэ хыфIыцIэIуфэ къэзакъыдзэри зэтеухуа дыдэу щыттэкъыми, узижагъуэн и махуэт абыхэм я дежкIэ адыгэ шууейхэр. XIX лIэщIыгъуэм щыщ тхакIуэ гуэрым зэрыжиIауэ: «Езыхэми я нэгу зэрыщIэкIыу, къэзакъхэм иджы къапэщIэтыр кърым шыдыгъухэратэкъым, атIэ уи псэр пхуIузых гузэвэгъуэт».

Къэзакъ уанэхэр, Iэпслъэпсхэр, шы тесыкIэр, Iэщэ хьэлъэр - ахэр губгъуэ хуитым зыгуэру къыщысэбэпми, Псыжь деж мыхьэнэ щиIэжтэкъым. Шынагъуэр къыздикIынкIэ хъуну IуащхьэмкIэ плъэн ямыухыурэ, псэхэхыр езыхэр зытес шым и лъэгум къыщIэлъэтырт. Зауэр нэхъыбэу щекIуэкIыр псыежэх, бгы, мэз хуэдэхэрати, адыгэхэм я зэуэкIэ хабзэр щIыпIэм хуэщIэпат. «Адыгэхэм я Iэщэр къэзакъхэм яIыгъхэм куэдкIэ йофIэкI, - ятхыжырт Iуэхур зи нэгу щIэкIхэм. - Азиатхэм я тажхэр, хьэдзэгъейхэр, жырыщхъуэ къамэхэр, хьэрып е инджылыз кIакхъу зиIэ кIэрахъуэхэмрэ фочхэмрэ къэзакъыр зыщIэхъуэпс Iэщэт, езыхэм а зэманым зэрахьэу щытахэм елъытауэ». Генерал-майор Попко зэритхыжымкIэ, хыфIыцIэIуфэ къэзакъхэм зэманыфI яфIэкIуэдащ адыгэхэм зэрахьэу хъуар къащтэным зэрыхунэмысам и зэранкIэ: «Къэзакъ шуудзэр адыгэ шуудзэм зэрыхуэзэу занщIэу икIуэтын хуей хъурти, абы иужькIэ ебгъэрыкIуэжын дэнэ къэна, бгъурыхьэжыфыртэкъым. Армэм хэту къэжэрхэри тыркухэри зэтезыукIэу щыта урыс сэлэтхэм я хэкум исыж шапсыгъхэм Iэмал хуагъуэтыртэкъым».

ХыфIыцIэIуфэ къэзакъхэм адыгэ Iэщэр Псыжь Iуфэ зэрыIэпхъуэу къагъэщхьэпэн щIадзащ. Ипэм деж адыгэ Iэщэ зиIэхэр мыкуэдами, ар къэзакъ псэукIэм щыщ зэрыхъуам и щыхьэтщ 1811 гъэм ХыфIыцIэIуфэ Гвардиер щагъэхьэзырым ар адыгэ IэщэкIэ узэдын хуейуэ унафэ къыдэкIауэ зэрыщытам. 1811 гъэм накъыгъэм и 18-м зи щIыхьыр ин Императорым хыфIыцIэIуфэ къэзакъхэм ящыщу езым и Iэгъуэблагъэм щиIыгъын Гвардие щыхуагъэхьэзырым, «я фочхэр адыгэ фочу щрет» жаIэри унафэ ящIауэ щытащ. Урысыдзэм а зэманым къигъэсэбэп фочхэр нэхъыбэу зыщIыр Тулэ щыщ фочыщIэхэрат, абдежым щыщIэдзауэ зэрахьэн щIадзар «тулэ фочыщIэхэм ящIа адыгэ фочщ». Iуэхум фIыуэ щыгъуазэ Ермолов Алексей пащтыхьыгъуэм зыхуигъэзауэ щытащ я закъуэрыуэ фочхэр Iуахыжын лъэIукIэ. 1821 гъэм апхуэдэ хуитыныгъэ къыдокI, къэзакъхэм «адыгэ фочхэм я дакъэм хуэдэ зиIэ фочзэгуэт» зэрахьэн щIадзэ. А зэман дыдэм Ермоловыр мэлъаIуэ къэзакъхэм 1809 гъэ лъандэрэ зэрахьэ джатэр сэшхуэкIэ яхъуэжыну хуит къащIыну. ЗанщIэу жыIапхъэщ къэзакъхэр лейуэ гугъу езыгъэхь а джатэр IэщэфIу зэрыщымытар. Къэзакъхэм я тхыдэтх Короленкэ Прокопий шэрыуэу жеIэ: «Адыгэхэм я сэшхуэ жанхэмкIэ щIакIуэ зэфIэтыр зэпаупщIыф, къэзакъхэм я сэшхуэ дзагуэхэмкIэ нащэ фIэкIа зыри пхуэупщIэтэнукъым».

 «ГъущI сампIэм илъ джатэхэр мы щIыпIэм ис къэзакъхэм къахуэгъэсэбэпкъым, ахэр пIыгъыу тIасхъэщIэх укIуэфынукъым, укъаубыдынкIэ умышынэу, - захуегъазэ нэхъыщхьэхэм Ермолов Алексей. - Бийм и сэшхуэхэм хуэдэ зетхьэн щIэддзэмэ, абы зэраныгъэ къихьынукъым, фIы фIэкIа». Императорыр абыкIэ арэзы мэхъу, ауэ сэшхуэ зэращIын ахъшэ иджыри къахуимыутIыпщми, Ермоловым унафэ ещI «гъущI сампIэм илъ джатэ афIэкIа ямыщIыжыну». «Сыт щхьэкIэ?» жаIэу щеупщIым: «ХыфIыцIэIуфэ къэзакъхэм иджы яIыгъ джатэхэм нэхърэ сэшхуэ яIыгъмэ нэхъыфIу къызолъытэ», - жиIэри жэуап къаритыжащ. Ар зыхуэзэр 1824 гъэм и мэкъуауэгъуэрщ.

Унафэ пыухыкIа къызэрыдэмыкIам къыхэкIыу, зэманкIэ къэзакъхэм джатэм и гъусэу сэшхуи зэрахьэну хуит ящIащ. Ауэ а хуитыныгъэр къэзыгъэсэбэпыфын къэзакъ щIагъуэ щыIэтэкъым, сыту жыпIэмэ, къэзакъхэм мылъку зэрабгъэдэмылъым къыхэкIыу, а джатэ дыдэри зимыIэхэр нэхъыбэт.

1840 гъэм къэрал унафэ къыдокI хыфIыцIэIуфэ къэзакъхэм я Iэщэ-фащэм сэшхуэр Iэмал имыIэу хэтын, къамэхэри адыгэ къамэу щытын хуейуэ. Сэшхуэхэр яхуэзыщI нэмыцэ IэщIагъэлIми жраIащ ахэр «адыгэхэм яIыгъым ещхьу, къэзакъхэм я псэлъафэкIэ - езыр-езыру кIуэуэ - зэрыщытыпхъэр».

А унафэхэм къыкIэлъыкIуащ къэзакъ зауэлIым «черкескэ» адыгэ фащэр щыгъыну зэрыхухахари. Ар къыщыхъуар 1861 гъэращ. Япэрауэ, адыгэхэм я зауэ хабзэхэр къэзакъхэм къэрал унафэкIэ къащтат. ЕтIуанэрауи, 1860 гъэхэм и кIэм нэблэгъа зауэм къащыпэщIэта бийм хуащI пщIэри къигъэлъагъуэрт. Дигу къэдгъэкIыжынщ Попко Иван адыгэ шууейхэр бургунд, лотаринг щауэхэм яхуигъадэу зэрыщытар.

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: