Политикэмрэ экономикэмрэ зэпыщIащ

Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу сенатору щыIэ Къанокъуэ Арсен Башир и къуэм иджыблагъэ интервью къыIихащ АР-м щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэ. Ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ зэпсэлъэныгъэм щыщ пычыгъуэ - политикэм, хьэрычэт Iуэхум, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ Къанокъуэ Арсен къиIуэта гупсысэхэр.

- Налшык уикIыу, къэралым щынэхъ цIэрыIуэ, Плехановым и цIэр зэрихьэу Москва дэт Урысей экономикэ университетым ущIэтIысхьэныр тынш хъунтэкъым. Дауэ укIуа Москва?

- 1975 гъэм илъэс 17 сыхъуу сыкIуащ. Сэ экономикэр сфIэфIт, ауэ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и унафэщIу а зэманым лэжьа си анэ дэлъхум, юристу седжэмэ, нэхъ къищтэрт. Арати, япэ илъэсым Москва къэрал университетым и юридическэ факультетым си дэфтэрхэр естат, ауэ сыпхыкIакъым. Зы студентым и пIэм дыщэ медаль зиIэу тху итт. Апхуэдэу къэзгъэзэжри, си анэм и дэлъхум жесIащ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым Урысей экономикэ университетым и сату-экономикэ факультетым сыкIуэмэ нэхъ къызэрысщтэр. Мис ар къызэхъулIащ.

Москва япэу сыщыкIуам, зыри сцIыхуртэкъым, зы шэшэн щIалэ нэIуасэ схуэхъури, абы сэрэ зы пэшым дыщыпсэуащ, итIанэ ингуш щIалэ гъусэ схуэхъуащ. Ауэрэ адыгэхэр нэхъыбэ къэхъури, зэгъусэ зытщIауэ щытащ. Къуажэм дыкъыщалъхуами, тегушхуэныгъэ тхэлъащ, тхузэфIэкIынкъым жытIэу гуитIщхьитIу зэи дыщытакъым, арагъэнщ гугъуехь дыщIыхэмытар.

Ди адэ-анэр нэхъ щIэх-щIэхыурэ тлъэгъуарэт, къуажэм дыкIуэжарэт жытIэрт, япэ илъэсхэм. Ауэ иужькIэ десэжри, тыншу дыдэсащ, дыщеджащ. Иджырей щIалэгъуалэм я Iуэхур нэхъ тыншщ абы и лъэныкъуэкIэ. Нэхъ зэрощIэ, зэхохьэ.

- Хьэрычэт Iуэхум ехъулIэныгъэшхуэхэр щызыIэрыбгъэхьауэ политикэ иным ухыхьащ. Ухуейуэ ухъуа къэрал лэжьакIуэ хьэмэрэ зи ужь уит Iуэхухэм ухуаша?

- Къэралым цIыхушхуэ щыбгъэлажьэу, и экономикэм увыпIэ гуэр щыбубыду ухъуа нэужь, ухуей-ухуэмейми политикэм ухохьэ. Экономикэмрэ политикэмрэ зэпыщIащ сытым дежи. КъищынэмыщIауэ, уи щхьэ Iуэхум и мызакъуэу, нэгъуэщIхэми я псэукIэм уегупсымэ, политик ухъуагъэххэщ. Ар къалэн куэду зэхэлъщ икIи нэхъ гугъущ политикэр. Дауэ мыхъуми, цIыхум удэIэпыкъун щхьэкIэ экономикэми политикэми фIыуэ хэпщIыкIын хуейщ. Экономикэм куууэ сыхэту, политикэм сыхыхьати, зыр зым дэIэпыкъуэгъу хуэхъуа фIэкIа, зэран хуэхъуакъым.

- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэу уагъэкIуэжыну УФ-м и Президентым къыщыбжиIам… Упэплъат хьэмэрэ зэрымыщIэкIэ къыкъуэкIа Iуэхут.

- Президентым а Iуэхур къыщызжиIам сыхуэхьэзыру щытащ жысIэфынукъым. Ауэ Къэрал Думэм сыщыщылажьэм сыкъыщалъхуа республикэм сыдэIэпыкъуну, зезгъэужьыну, и экономикэр езгъэфIэкIуэну си хъуэпсапIэти, ар IэмалыфIу къэслъытауэ щытащ. КъищынэмыщIауэ, укъызыхэкIа лъэпкъым, укъыщалъхуа хэкум тхьэмадэу уагъэкIуэжыну апхуэдэ дзыхь къыщыпхуащIым деж пщIэшхуэу къызолъытэ. Президентымрэ цIыхубэмрэ къызагъэза дзыхьыр зэрызгъэпэжыным иужь ситащ, си къару къихь къэзгъэнакъым. Уеблэмэ, жэщ-махуэм хэт сыхьэт 24-м нэхърэ нэхъыбэкIэ сылэжьэну сыхуейт. А илъэсхэм Iуэху куэдым иужь дитащ, куэд зэфIэдгъэкIащ, ауэ сызоплъэкIыжри, иджыри нэхъыбэж яхуэсщIэну сыхуейт. Аращ сиIэ Iэмалхэр къэзгъэсэбэпурэ си республикэм Iуэху пыухыкIахэр щIыщезгъэкIуэкIыр.

- Iэтащхьэу ущылэжьа илъэсхэм уэ езыр уригушхуэу сыт хуэдэ Iуэхухэр зэфIэбгъэкIа?

- Къуажэхэм, къалэхэм сыкIуэурэ, абыхэм дэс цIыхухэм сахуэзэурэ, къысхуаIуатэ гурыгъу-гурыщIэхэм теухуауэ дэтщIыхьа IуэхущIапIэхэр, тетлъхьа гъуэгухэр, зыхузэфIэмыкI цIыхухэм сазэрыдэIэпыкъуар, республикэр нэхъ дахэ, цIыхухэр нэхъ гушхуа хъун щхьэкIэ щедгъэкIуэкIа ухуэныгъэхэр щыслъагъукIэ сигу хохъуэ. АбыкIэ згъэзэжа нэужь, мыр къытхуэпщIат, мор къытхузэIупхат жаIэу къуажэдэсхэр къызбгъэдыхьэу си Iэр щаубыдым деж, хуабжьу си гуапэ мэхъу.

- ЦIыху мин бжыгъэм уи мылъкум хэптыкI ахъшэмкIэ сэбэп уахуохъу, лъэIуакIуэ къыпхуэкIуэр куэдщ. Сыт хуэдэ увыпIэ щиубыдрэ уи гъащIэм псапащIэ Iуэхум?

- Зыгуэрым удэIэпыкъумэ, уи щхьэ удэIэпыкъужущ къызэрысщыхъур. Сэ хуабжьу си гуапэщ апхуэдэ зэрысхузэфIэкIыр. Пэжщ, псоми защIэзгъэкъуэфыркъым, къэлъаIуэ псоми я деж сынэсыфыркъым. Ауэ илъэсым къриубыдэу лъэIу мин хуэдиз къысIэрохьэри, си Iэ къызэрикIкIэ, садоIэпыкъу. Нэхъ япэ изгъэщыр, дауи, сымаджэхэрщ, хущхъуэ, операцэ хуэныкъуэхэм защIызогъакъуэ, гъащIэм щытыкIэ гугъу иригъэувахэм садоIэпыкъу, еджакIуэ кIуэну зи нэ къикIхэм къахузызогъэпэщ.

Нэгъабэ, псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, сом мелуани I50-рэ яхуэзгуэшащ хуэныкъуэхэм. Ар нэхъыбэж зэрытщIыным иужь дитынущ. Зауэм хэта ветеранхэм сом мелуан I5 хуэдиз гъэ къэс ядот. ФIы щIэи, псым хэдзэ жеIэ адыгэм. Мыбы лейуэ утепсэлъыхьыни хуейкъым.

- Уи хьэрычэт IуэхумкIэ дгъэзэжынщи, Арсен, Урысейм и къалэ куэдым сату центрхэр, бэзэрхэр, шхапIэхэр, хьэщIэщхэр, узыншагъэр егъэфIэкIуэным епха IуэхущIапIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр, нэгъуэщI куэди ущиIэщ. Иужьрей илъэсым щIэуэ къыхэбгъэхъуахэм я гугъу къытхуэпщIын?

- Ахэр куэд мэхъу, ауэ нэхъ инхэм ящыщу къэбгъэлъагъуэ хъунущ «McDonald’s» жылагъуэ шхапIэр ди къэралым икIыжын хуей щыхъум, и акцэхэр къызэрысщэхужар, иджы абы зэреджэр «Вкусно - и точка»-щ. Апхуэдэ шхапIэу къэрал псом 840-рэ щолажьэ.

КъищынэмыщIауэ, «Starbucks» кофе ефапIэхэр къэтщэхужри, «Старс Кофе» хъуащ, ар кофе щащэ щIыпIэу зэкIэ 80 мэхъу.

- Ар щызэIэпыфхым, сощIэж, Къанокъуэ унэцIэр хэту цIэ фIащын хуэдэурэ хъыбари зэрыщыIар. Щхьэ хэмытрэ уи унэцIэр?

- НтIэ, апхуэдэ мурад ящIат си лэжьэгъухэм, ауэ сэ къыщызжаIам яхуэздакъым. Си акъылрэ жэрдэмкIэ сухуа компаниеу щытамэ, фIэсщынут. Ауэ и щIэдзапIэм си гуащIэ хэзмылъхьауэ, хьэрычэт Iуэху зэтегъэпсыхьар къэсщэхужауэ арати, къезгъэзэгъакъым.

- Уи IуэхущIапIэхэр псори зэгъусэу къапщтэмэ, цIыху дапщэ бгъэлажьэрэ, Арсен?

- Псори зэхэтмэ, цIыху мини I70-рэ щолажьэ си компаниехэм.

- Апхуэдэ бизнес Iуэхухэм ящыщ зыщ къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм, Iуащхьэмахуэ и лъагагъыр цIэуэ фIэпщауэ адыгэ шхыныгъуэхэр щагъэхьэзыру къыщызэIупх «Высота 5642» ресторанхэр. Хэт а цIэр къэзыгупсысар?

- Си ныбжьэгъу ресторатор цIэрыIуэ Новиков Николай, сипхъу Мадинэ, сэ дыщысу Москва адыгэ шхынхэр щапщэфIу шхапIэ къыщызэIутхыну дыхуейти, дегупсысащ. ЯпэщIыкIэ «Эльбрус 5642» фIэтщыну ди мурадащ, арщхьэкIэ псалъэр ямыцIыхункIи хъунщ жытIэри, Iуащхьэмахуэ и лъагагъым дыкъытеувыIащ. Абы щапщэфIым и нэхъыбэр адыгэ шхыныгъуэщ – лэкъум, кхъуей, пIастэ, лыцIыкIулыбжьэ, лыгъурлыбжьэ, джэшлыбжьэ, жэмыкуэ, кхъуейжьапхъэ, дэлэн, тхьэмщIыгъуныбэ - ерыскъыхэкIыу 25-рэ хуэдиз итщ менюм, ар адыгэбзэщ зэрытхар.

Москва тIу, Сочи, Адлер, Кисловодск, Ростов, Челябинск къалэхэм дэтщ апхуэдэ ресторанхэр. Мыбы ахъшэшхуэ къридлэжьыну къызэIутхауэ аратэкъым, атIэ, ди шхыныгъуэхэр щапщэфIу Москва зыгуэр дэтын хуейуэ къэтлъытэри, едгъэжьати, нэгъуэщI къалэхэри къэлъаIуэурэ зиубгъуащ.

Рестораным къыщIыхьэхэм ящыщу адыгэхэм я закъуэкъым ди ерыскъыр зышхыр, атIэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIахэр щошхэ, яфIэфIщ.

Рестораным щапщэфI псоми хэтлъхьэнухэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыдош, кхъуейр Адыгейм къыщыдощэху. ПщафIэхэр адыгэ бзылъхугъэщ. Си щхьэкIэ, адыгэ шхыным пэсщIын зыри щыIэкъым, къэуат щIэлъщ, IэфIщ.

 

 

Зытхыжар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться: