Щэнджэлей и къуэ Мусалы

Мусалы теухуа хъыбархэм япэ дыдэ дыщрихьэлIэр 1630 гъэрщ - щIышылэм и 20-м ар Къамболэт Пщымахуэ лIыкIуэу Астрэхъан дзэпщым деж щигъэкIуарщ. Абы и пщэ иралъхьа Iуэхур зэфIэзыгъэкIын лIыкIуэу щытыфын хуэдэу хыхьэхэкI а зэманым иIауэ къыщIэкIынущ Мусалы. 
1630 гъэхэм Черкасскэхэ ящыщ Мусалы и къуэшхэми Астрэхъан щащэу щытащ Кавказ щIыбым къраша шылэ щэкI, нэгъуэщI хьэпшыпхэри. А хьэпшыпхэм я уасэр сом щищым нэблагъэмэ, пошлинэ ятырт. Тэрч къалэми хьэпшыпу сом щитI и уасэ щащэрт, пошлинэ щхьэщатыкIыурэ. Ари пащтыхь унафэт. 
ЗэкъуэшитIыр хуит къащIыжу Къэбэрдейм къагъэзэжу, къыхуащIа унафэ псори ягъэзэщIа нэужь, Будэчей и унагъуэр щIыгъуу Сунжэрэ Тэрчрэ щызэхэхуэм деж щыпсэуауэ тхыгъэхэм къыхощыж. Ауэ абы Iуэхугъуэ куэд ипэ къитащ.
 Пащтыхьым къахуигъэува унафэмрэ арэзы зытехъуа я зэгурыIуэныгъэмрэ япкъ иткIэ, Мусалы игу ирилъхьат урыс дзэзешэхэм я гъусэу пащтыхьым къулыкъу хуищIэну: япэрауэ, пащтыхьым и бийхэмрэ къемыдаIуэхэмрэ, тыркухэмрэ къэжэрхэмрэ, кърым тэтэрхэмрэ нэгъуейхэмрэ я дзэхэм, я цIыхухэм си щхьэ, си псэ нэхъыфIщ жимыIэу, езэуэну; етIуанэрауэ, пащтыхьым и бийхэм сыт хуэдэ IуэхукIи запимыщIэну, Урысейм пэжу хущытыну; ещанэрауэ, пащтыхьым и унафэм щIэт цIыхухэр ихъумэну, гъэр имыщIыну, и бийхэм щымысхьыну, Астрэхъанрэ Тэрчрэ бийр къебгъэрыкIуэмэ, урысыдзэм ядэзэуэну. 
Пащтыхьым ирита псалъэр игъэпэжыным – Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ Урысейм и унафэм щIэрыщIэу щIэувэжыным – Мусалы мазитху тригъэкIуэдащ. А зэпсэлъэныгъэхэр абы тэмакъкIыхьагъ хэлъу, Iущу щригъэкIуэкIащ Псыжь деж. Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ Псыхуабэ, япэм щыпсэуам, къэIэпхъуэжыну щIытемыгушхуэм и щхьэусыгъуэр кърым хъаныр къатеуэнкIэ зэрышынэр, ахэр я хэкум къэIэпхъуэжмэ, я къуажэхэр игъэсу, я цIыхухэри я мылъкури Кърымым, Псыжь ихуну къазэрыхуитхыр арат. 
Абы ищIыIужкIэ, ахэр ящымышынэу къанэртэкъым Талъостэнеймрэ Джылахъстэнеймрэ, къумыкъухэмрэ къалмыкъхэмрэ, ахэр кърым тэтэрхэм ягухьэу, зэкъуэту къатеуэнкIэ зэрыхъунум. 
Мусалы 1644 гъэм гъатхэпэм и 3-м Тэрч иригъэкIри, Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я деж игъэкIуащ езым и лIыкIуэ уэркъ Алексеев Бикшэр, цIыху 12 щIыгъуу. ЗекIуэ ежьахэм мэлыжьыхьым и 4-м къагъэзэжащ, Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я уэркъ 13 ящIыгъуу. Абыхэм япщхэм къабгъэдэкIыу жаIащ Будэчей и фызри, и бынри, и къуажэхэри Тэрч къаутIыпщыж щIэмыхъур тырку, кърым тэтэрыдзэхэр АзовкIэ зэрыщыкуэдыр, абыхэм яубыдынкIэ зэрышынэр арауэ зэрыщытыр. 
Iуэхур щымыхъум, 1644 гъэм мэлыжьыхь мазэу Мусалы и къуэш Ал ежьащ Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я деж, зэгурыIуэну, зэпсэлъэну. Абыхэм я гъусэт фочауэ 35-рэ. 1644 гъэм накъыгъэм и 4-м ахэр щызэхуэзащ Червленэ Ипщэ къалэ цIыкIум деж. ЛъэныкъуитIми я лIыкIуэхэр куэдрэ зэпсэлъащ, щIызэдэуэни щIызэныкъуэкъуни я гъунэжти. Махуэ бжыгъэкIэ зэпсэлъа нэужь, зэгурыIуащ: япэрауэ, Тэрч къалэ къакIуэу езы Алыджыкъуэ и цIэкIэ, ХьэтIохъущыкъуэрэ и къуэшхэмрэ я цIэкIэ, Нэгъуей ЦIыкIум я хъан Уракъхэ, Къалмырзэхэ, Азэмэтхэ, Мамийхэ я цIэкIэ урыс пащтыхьым зэреувалIэмкIэ псалъэ быдэ ятыну; етIуанэрауэ, я бын пажэхэм ящыщ, уэркъхэр я гъусэу, Тэрч къалэ шэсыпIэу къашэну. Апхуэдэу Алыджыкъуэ къыжиIащ: езым и къуажэхэмрэ Нэгъуей ЦIыкIумрэ щIыгъуу Псыхуабэрэ Гумрэ деж къэтIысыжмэ, ахэр я бийхэм гъунэгъу зэрыхуэхъунур – Щолэхъурэ Мударрэ я Къэбэрдейхэм, къумыкъу Ендарейм, ахэр зэкъуэлъадэу, пщы уэлий Алыджыкъуэ къазэрезэуэнур, апхуэдэу къэхъуми, Мусалы Iэжьэгъуу увыну къызэрелъэIур. 
Алыджыкъуи, абы и уэркъхэми, Нэгъуей ЦIыкIум я хъанми, абазэпщхэми тхьэ яIуащ пащтыхьым, Урысейм, пэжкIэ бгъэдэтыну. Абы иужькIэ, Алыджыкъуэ улахуэ, дыжь джэдыгу, алътес тебзауэ, дыжьын щIыIухэр иту, тумэниплI и уасэу, бажафэ пыIэ, нэгъуэщI щыгъыныгъуэхэри иратащ. Накъыгъэм и 22-м лIыкIуэхэм ирата улахуэхэмрэ тыгъэхэмрэ къащтэри, ягъэзэжащ. 
1646 гъэм Урысейм и ипщэ къэрал гъунапкъэм кърым тэтэрхэмрэ нэгъуейхэмрэ къытеуащ. А зауэм хэтащ Мусалы, зауэлI 1200-рэ хъу полкым и пашэу. Бийр ирагъэкIуэтащ, текIуэныгъэр къэзыхьахэм цIыху мини 7, жэм мини 6, мэл мини 2 яубыду. 
Куэд дэмыкIыу Мустэфа пэщэр зи унафэщI тырку-тэтэрыдзэр тэн къэзакъхэм я щIым къебгъэрыкIуащ икIи Черкасскэ къалэм щепсыха урыс лагерым теуащ. Япэ удыныр зытехуар тэрч къэзакъхэмрэ Мусалы и дзэмрэщ. Арами, Пожарский Семен и дзэр щIыгъуу къэсри, цIыху мини 10 хъу бийр ирагъэкIуэтащ. Кагальник псым деж щепсыхауэ зызыгъэпсэху тырку-кърымыдзэм Пожарскэмрэ Мусалырэ ялъэщIыхьэжри, зэтраукIащ. 
Сыт хуэдэ зауэ ягъэкIуами, хэт къыпэщIэувами, Мусалы зэи икIуэтакъым, къэдзыхакъым, зыри къыпэлъэщакъым. Псалъэ быдэ итам тету, урыс пащтыхьым хуэпэжу псэуащ. 
1661 гъэм Черкасскэ Мусалы Щэнджэлей и къуэр дунейм ехыжащ. Абы къуитIрэ зыпхъурэ иIащ: Къасболэт, Къантемыр, Абихъан сымэ. Мусалы и къуэ нэхъыжьым и адэм и къулыкъумрэ и лъапсэмрэ къыхуэнащ, нэхъыщIэр нэгъуейхэм яукIащ, и пхъур къалмыкъ тайшэ Аюк-хъаным и щхьэгъусэ хъуащ.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: