Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентыр
илъэс 30 зэрырикъур гъэлъэпIэным и IуэхукIэ
2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентыр илъэс 30 зэрырикъум къыхэкIыу унафэ сощI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентыр илъэс 30 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырынымкIэ икIи абы пыщIа Iуэхухэр егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитет убзыхун икIи мыбы щIыгъу гуэдзэным тету хэтхэр къэщтэн.
2. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентыр илъэс 30 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырыным икIи ар егъэкIуэкIыным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIынухэм я план зэхилъхьэн икIи къищтэн;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэмрэ щIыпIэ самоуправленэм и органхэмрэ я гъусэу гуфIэгъуэ Iуэхухэм зыхуагъэхьэзырыныр икIи ар ирагъэкIуэкIыныр къызэригъэпэщын.
3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм гуфIэгъуэ Iуэхухэр зэрекIуэкIыр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къыщагъэлъэгъуэныр къызэригъэпэщын.
4. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2023 накъыгъэм и 4-м
№48-УГ
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
|