Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщIхэр

Къанкъул Машэ Джырандыкъуэ и къуэ (1889-1938)
1889 гъэм Малкэ къуажэм къыщалъхуащ, адыгэщ. 
КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщIу щытащ 1938 гъэм и бадзэуэгъуэ-щэкIуэгъуэ мазэхэм.
Мокаев Азрэт Гуэней и къуэ (1899-1943)
1899 гъэм Балъкъэр Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ, балъкъэрщ. 
КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщIащ 1939-1941 гъэхэм. 
Ульбашев Исмэхьил Лэкъумэн и къуэ (1914-1977)
1914 гъэм Къэщкъэтау къыщалъхуащ, балъкъэрщ, Педагогическэ институт Налшыки, Къыргъызми къыщиухащ. 
КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщIащ 1941-1944 гъэхэм.
Ахъуэхъу Хьэсэнбий Къэсей и къуэ (1907-1965) 
1907 гъэм Шэджэм Ет!уанэ къуажэм къыщалъхуащ, адыгэщ, Дзэ-инженер академиер Москва къыщиухащ. 
КъАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщIу щытащ 1944 гъэм накъыгъэм щегъэжьауэ жэпуэгъуэ мазэм пщIондэ. 
Къудей Чэрим Къарэмырзэ и къуэ (1909-2001)
1909 гъэм Шэджэм Езанэ къуажэм къыщалъхуащ, адыгэщ, Сталин и цIэр зезыхьэ промышленнэ академиер Москва къыщиухащ, КПСС-м и ЦК-м деж щыIэ Парт еджапIэ нэхъыщхьэм щеджащ. 
КъАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщIащ 1944-1951 гъэхэм.
Лъэстэн Чэлимэт ТIутIэ и къуэ (1908-1990)
1908 гъэм Аушыджэр къуажэм къыщалъхуащ, адыгэщ. Мэкъумэш хозяйствэмкIэ Бгырыс институтыр Орджоникидзе къыщиухащ, КПСС-м и ЦК-м деж щыIэ Парт еджапIэ нэхъыщхьэм щеджащ. 
КъАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретарьщ (1949-1951), КъАССР-м, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщI (I95I, I957-I959) IэнатIэхэр иIыгъащ.
Уянаев Чомай Баталэ и къуэ (1914-1985)
1914 гъэм Къэщкъэтау къыщалъхуащ, балъкъэрщ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, КПСС-м и ЦК-м деж Парт къызэгъэпэщакIуэхэм я еджапIэ нэхъыщхьэр къиухащ.
КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщIащ 1959-1966 гъэхэм.
Геттуев Магомет Исмэхьил и къуэ (1916-1985) 
1916 гъэм Гундэлэн къыщалъхуащ, балъкъэрщ, Кировым и цIэр зезыхьэ Ленинград къэрал педагогикэ институтыр къиухащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэщ. 
КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщIу щытащ 1967-1979 гъэхэм.
Чабдаров Борис Къасым и къуэ (1936-2001)
1936 гъэм Белая Речкэ къыщалъхуащ, балъкъэрщ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Ростов щыIэ парт школ нэхъыщхьэр къиухащ. 
КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщI (I979-I990), КъБАССР-м, КъБССР-м я Совет Нэхъыщхьэхэм я Президиумым яунафэщIым я япэ къуэдзэу 1990-1991 гъэхэм лэжьащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретархэр
Денисов Федор Федор и къуэ (1892-?)
1892 Харьков къалэ къыщалъхуащ, урысщ, и кIэм нэмыгъэса щIэныгъэ нэхъыщхьэ иIэщ. 
КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару щытащ I938-I940 гъэхэм. 
Кудряшов Леонид Павел и къуэ (1902-1993)
1902 гъэм Куйбышев къыщалъхуащ, урысщ, КПСС-м и ЦК-м деж щыIэ парт школ нэхъыщхьэр къиухащ. 
 КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщIым и къуэдзэу (I939-I940), КъБАССР-м, КъАССР-м я Совет Нэхъыщхьэхэм я Президиумым я секретару 1940-1947 гъэхэм щытащ. 
Пыхтин Дмитрий Григорий и къуэ (1901-1981)
1901 гъэм Грознэм къыщалъхуащ, урысщ, Краснодар парт школыр къиухащ. 
КъБАССР-м, КъАССР-м я Совет Нэхъыщхьэхэм я Президиумым я унафэщIым и къуэдзэу (I940-I947), КъАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару щытащ 1947-1949 гъэхэм.
Тхьэмокъуэ Мухьэмэд Хьэмид и къуэ (1911-2002)
1911 гъэм Шэджэм Езанэ къуажэм къыщалъхуащ, адыгэщ, КПСС-м и ЦК-м деж щыIэ парт школ нэхъыщхьэр къиухащ. 
КъАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретаращ 1951-1952 гъэхэм.
Галачиев Къасым Боцай и къуэ (1905-1958)
1905 гъэм Анзорей къуажэм къыщалъхуащ, осетинщ, Ленин и цIэр зезыхьэ Дзэ-политикэ академиер Москва къыщиухащ. 
КъАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэщIым и къуэдзэу (I950-I95I), КъАССР-м, КъБАССР-м я Совет Нэхъыщхьэхэм я Президиумхэм я секретару 1952-1958 лэжьащ.
Иванников Павел Андрей и къуэ (1902-1983) 
1902 гъэм Кемеров областым хыхьэ Мариин къалэм къыщалъхуащ, урысщ, ВКП (б) и ЦК-м деж щыIэ Парт къызэгъэпэщакIуэхэм я школ нэхъыщхьэр къиухащ. 
КъАССР-м, КъБАССР-м я Совет Нэхъыщхьэхэм я Президиумхэм я унафэщIхэм я къуэдзэу (I954-I958), КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару 1958-1961 лэжьащ.
Хъымбэзэр Жанпагуэ Ахьмэд ипхъу (1916-2003) 
1916 гъэм Акъбащ Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ, адыгэщ, Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум щеджащ, ВКП (б)-м и ЦК-м деж щыIэ Парт школ нэхъыщхьэм унафэщIхэм я Iэзагъым щыхагъахъуэ курсхэр къыщиухащ. 
 КъАССР-м, КъБАССР-м я Совет Нэхъыщхьэхэм я Президиумхэм я унафэщIхэм я къуэдзэу (I955-I957, I959-I96I), КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару (1961-1963) лэжьащ.
Уэрсей Фаинэ Тембулэт ипхъу
1926 гъэм Курп Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ, адыгэщ, Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ институтыр къиухащ. 
КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару лэжьащ I963-I985 гъэхэм.
ДыщэкI Ася Мушахьид ипхъу (1937-1985)
1937 гъэм Тэрч къалэ къыщалъхуащ, адыгэщ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, КПСС-м и ЦК-м деж щыIэ парт школ нэхъыщхьэр къиухащ. 
КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару лэжьащ I985 гъэм гъатхэпэ, мэлыжьыхь мазэхэм.
Къэрмокъуэ Майе Мухьэмэд ипхъу 
1940 гъэм Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ, адыгэщ, Текстилымрэ промышленность псынщIэмрэкIэ Союзпсо заочнэ институтыр къиухащ. 
КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару 1985-1990 гъэхэм лэжьащ.

 

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться: