Шакъэ

Шакъэ нэхъ пасэрей дыдэр археологхэм къыщагъуэтыжауэ щытащ Мысырым. Ар къыхащIыкIырт папирусым и сахуэмрэ балий-кIарц зэхэгъэвамрэ. Апхуэдэ шакъэм и ныкъусаныгъэт, ар гъуща нэужь, тхылъымпIэм къызэрыкIэрыщэщыжыр. Пасэрей Алыджымрэ Урымымрэ цIыху къызэрыгуэкIхэр иритхэну щыхуиту щытакъым шакъэ плъыжькIэ. Ар къэзыгъэсэбэпыр къулыкъущIэхэрт. Шакъэ плъыжьыр къыхащIыкIрт киноварымрэ (джынасум и минералщ) пурпурымрэ. Шакъэ фIыцIэр зэхэпщIэну нэхъ тыншт. Ар къыхащIыкIырт жызумыпкъым, кIэгъуасэм, пхъэщхьэмыщхьэхэм я купкъым. Шакъэ фIыцIэм зэхэлъхьэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэри иIэт. 
Жыгей тхьэмпэхэм вирусхэмрэ бактериехэмрэ жьэхэуа нэужь е хьэпщхупщхэм дзэкъапIэ ящIамэ щыкIэрищIэ щыIэщ тыкъыр хъурей цIыкIухэр – галлхэр. Пасэрейхэм ахэр  шакъэ щащIкIэ къагъэсэбэпырт. Галлхэр серчэм (уксусым) халъхьэрти, хуабапIэм ягъэувырт. ТкIуаткIуэ хъуа нэужь, гъущI щIэщэщхэр, балий мэзышхыр (смола) хакIутэрт. Апхуэдэ шакъэхэр Европэ псом щызэщIэлъэIэсауэ щытащ. ТхакIуэ Полоцкий Симеон и Iэрытххэм хъума щыхъуауэщ «гъущI шакъэ» зыфIаща шакъэ фIыцIэм и пасэрей зэхэлъхьэкIэр. 
XIX лIэщIыгъуэм урыс литературэм иIа классикхэм псоми къагъэсэбэпащ жыгей тхьэмпэхэм кIэрищIэ галлхэм къыхащIыкIыу щыта шакъэ. Пушкин Александр «Си шакъалъэм» зыфIища усэ иIэщ.
ЗэхэпщIэну нэхъ тыншт шакъэ зэхэгъэвар. Ауэ абы ныкъусаныгъэ нэхъыбэ иIэт. Абы халъхьэрт жыгейм и пхъафэр, Iэгъэбэгухэр, мэракIуэпс нэгъунэ. 
XIX лIэщIыгъуэм и кIэуххэм тхыгъэ зэрытрадзэ машинэхэр къэунэхуащ. «Ремингтон» машинэмкIэ япэу традза тхыгъэу къалъытэ инджлыз тхакIуэ Твен Марк и «Том Сойер» романыр. 
VII - XIX лIэщIыгъуэхэм шакъэкIэ тхэрт къаз къауц хагъауэурэ. Ноби хъума хъуащ Пушкиныр зэрытха къауц зыбжанэ. 
ШакъэкIэ гупсысэрэ щIэныгъэрэ зэIэпахыу щытащ. Инджылыз усакIуэ Байрон Джордж жиIауэ щытащ мыпхуэдэу: «Зы шакъэ ткIуэпсыр ирикъунущ цIыху мелуан бжыгъэхэм я гупсысэр къэбгъэушын папщIэ». 
Дуней псом шакъэ нэхъ лъапIэ дыдэ къыщIэзыгъэкIыр дизайнер Диддощ. Ар ахъшэ купюрэхэм къыхещIыкI. Зы шакъэ тюбикым токIуадэ доллар 10 000-рэ. Дауи, ар къэзыгъэсэбэпыр егъэлеяуэ къулейхэрщ. 
Американ Паркер Джордж игъэхьэзыру зригъэсауэ щытащ шакъэ гъущэ. Ар псым хэпкIутэрти хэткIухьырт. 1889 гъэм абы къауцыр къигъэсэбэпри шакъэ зэрыт ручкэ къыдигъэкIащ и патенти зэригъэпэщащ. 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: