КхъуейплъыжькIэрыщIэ

         КхъуейплъыжькIэрыщIэр ижь зэманым сабийр дунейм къыщытехьа япэ махуищырт щыхуащIыр. Абы щхьэусыгъуэ иIэт. Адыгэхэм я фIэщ хъууэ щытащ лъхугъэм къарууншэ ищIа нысэмрэ сабиймрэ япэ махуищым бзаджэнаджэ къахуэлъэу, псом хуэмыдэу жэщкIэ. Арат япэ жэщым зэпымыууэ даущымрэ джэгу нэгузыужьымрэ пщIантIэм щIыдамыгъэкIыр. Зэманым зэрызихъуэжам къыхэкIкIэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэ дауэдапщэр зыхуащIыр нобэ куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ.

         КхъуейплъыжькIэрыщIэ пщIын папщIэ ухуейщ – чийм телъу быдэу ягъэгъуа кхъуей хъурей, фэ кIапсэшхуэ. Арат унэм я тхьэмадэм фэм е щIэпым къыхэщIыкIа кIапсэшхуэр дагъэ «иригъэфэну» щIыхилъхьэр кхъуейплъыжькIэрыщIэм зыщыхуагъэхьэзыркIэ. Унагъуэм исхэм къуажэм зыхагъэIуащэртэкъым хэхъуэ зэраIэнумкIэ, ауэ «дадэ кIапсэр дагъэм зэрыхилъхьар» ябзыщIыртэкъым, ар псоми къагурыIуэрт. Гуащэми жьэгу чий дапхъэм щигъэгъуну трилъхьэрт матэкхъуей кугъуанэ. Унагъуэм ис адрейхэми зэхуахьэсырт шхуэ, нахъутэ, щIопщ, лъахъэ, щIопщыпс, чысэ, бэлътоку, хэдыкI, цIыкIуфэкIу Iэджи. Зи щхьэм дыкъуакъуэ иIэ пкъо лъэщитI щIым быдэу хатIэрт, лъэбакъуитху-хы я зэхуакуу. Пкъохэм я лъагагъри абы нэхърэ нэхъ мащIэн хуейтэкъым. ПкъоуитIым я щхьэм зы бгыкъу къытрагъэбыдыхьыжри, абы и зэхуэдитIым деж хуэзэу кхъуей плъыжьыр кIэращIэ. ИтIанэ, а кхъуей плъыжьым и гъунэгъубзэу фэ кIапсэшхуэр пхъэшкум иралъэфри кърадзыхыж. КIапсэшхуэм и лъэныкъуитIымкIи бгыкъум хьэпшып цIыкIуфэкIухэр пащIэ, палъхьэ. Ипэ зэманым – шхуэ, нахъутэ, абы къинэмыщIауэ, унагъуэм я Iыхьлы хъыджэбзхэу, хэхъуэ зэраIэнур зэхэзыхахэм ягъэхьэзырауэ кIэращIэрт хэдыкIхэр, дэнлъэчхэр, нэгъуэщIхэр. Я IэщIагъэм щыщ кърагъэхьырт нэхъ IэпэIэсэ цIэрыIуэу къуажэм дэс дэтхэнэ хъыджэбзми. Абыхэм ящыщ щIалэхэм къыпаха нэужь, ахэр зыщIам щIэупщIэрт, абы фIыщIэ хуащIырт, и цIэр ираIуэрт, яфIэгъэщIэгъуэну ягъэхъыбарыжырт. Зэманым елъытауэ, иджы кIэращIэхэми хуабжьу зихъуэжащ – цIыхухъу джанэ, гуащэ, телефон, цIыхубз Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщIхэри.

КъыжыIапхъэщ, зэманым елъытауэ, иджы кIапсэм кIэращIэхэми хуабжьу зэрызихъуэжар, цIыхухъу джанэ, гуащэ, телефон, нэгъуэщI иджырей хьэпшыпхэм къадэкIуэу Iуэхум егъэлеиныгъэ хамылъхьэу пIэрэ жыуагъэIэу – дыщэ Iэлъын, фэтэр, машинэ жыпIэми саугъэт лъапIэхэр зыгъэхьэзырхэри мащIэкъым. Сом мелуаным нэблагъэ, абы фIыуэ щIигъу зи уасэ тыгъэхэр фIэзыдзэхэри щыIэщ.

Дагъэ егъэфа кIапсэм дэкIуеину зезыпщытыр зэрыдэкIуеин хуейр Iэпщэ защIэщ, и лъакъуэхэр кIапсэм лъигъэIэсыну хуиткъым. И щхьэм нэсмэ, псом нэхърэ нэхъапэ кхъуейм едзэкъэн хуейщ, итIанэщ, адрейхэм еIэбыну щыхуитыр (бгыкъум зыгуэр къыпызыхыфым пщIэшхуэ къелэжь).

         Сабийр щIымахуэу къалъхуамэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэр щIыбым щыпщIыфынутэкъыми, унэ кIуэцIым мыхъэр щагъахъэу, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къагупсысурэ щIопщакIуэм хуэдэу, ипэ зэманым нысэ цIыкIур трагъэурт. Мыри жэщищ-махуищкIэ зэпагъэуртэкъым, Iэуэлъауэмрэ даущымрэ а пIалъэм нысэмрэ сабиймрэ ящхьэщытт

         Иджыпсту кIуэдыжащ, ауэ, ижь зэманым хъыджэбзхэм щхьэкIэ хъыринэ иращIэрт, щIалэхэр нэщанэ еуэрт. Куэдрэ къэхъурт, нэхъ зылъэкIхэм кIапсэрыкIуи кърагъэблагъэу.

         КхъуейплъыжькIэрыщIэр дэнэ деж щемыкIуэкIми, а кIэрыщIэ закъуэмкIэ зэфIэкIыркъым. А тхьэлъэIум Iэнэ къыхуащтэ, нэхъыжьхэр ягъэхъуахъуэ. КъыжыIапхъэщ, дунейм къытехьа сабийм адыгэхэм хуащIэм, хуалэжьым хуэдиз зыщIэу хабзэ зиIэ лъэпкъ куэд зэрыщымыIэр.

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.

Поделиться: