Лъэтеувэ

Сабийм езыр-езыру лъэбакъуэ ича иужькIэ лъэтеувэ лъэIур хуащI. ТхьэлъэIур нэхъыбэу унагъуэ тхьэлъэIущ, кърихьэлIэри сабийр зейхэм я благъэ, я Iыхьлы, гъунэгъуу ныбжьэгъугъэкIэ къагухьэхэрщ.

Псом нэхърэ нэхъыщхьэу сабийм, япэ лъэбакъуэр зычам щхьэкIэ, хьэлыуэ Iэнэ яубэ. А Iэнэм щащыху къабзэ трапхъуэри, щIалэ цIыкIумэ, абы тралъхьэ цIыхухъу IэщIагъэм епха  Iэмэпсымэхэр. Ипэ зэманым – гъукIэ Iэмэпсымэхэр, шы Iэмэпсымэхэр, шы Iэпслъэпсхэр тралъхьэрт. Иджы абыхэм щIагъужащ макъамэ къызэрыкI Iэмэпсымэхэр, дохутыр IэщIагъэм ехьэлIа пкъыгъуэхэр, сурэттех, нэгъуэщIхэр. Хъыджэбз цIыкIухэм хутралъхьэр бзылъхугъэ IэщIагъэм ехьэлIа пкъыгъуэхэрщ: бохъшэ, чысэ, хэдыкI, мастэ-Iуданэ, лэныстэ, нобэрей гъащIэм къыздихьауэ щIалэ цIыкIухэм хутралъхьэхэм ящыщи.

А псори хьэзыр хъумэ, лъэтеувэ зыхуащI сабийр Iэнэм лъэбакъуитI-щыкIэ пэжыжьэу къагъэув. Япэм щыгъуэ: «Лъахъэр зэпыдоупщI!», - жаIэрти, сабий къэувам и лъакъуэ зэхуакум мэжаджэ дахырт. Иджы апхуэдэу зыщIыж щIагъуэ щыIэжкъым.

КъебжэкIым иужькIэ сабийр яутIыпщри, Iэнэм бгъэдагъэхьэ, абы телъхэм ящыщу нэхъ и нэ къыфIэнэр къищтэмэ, и хъуреягъым щыт балигъхэр мэгуфIэ, «IэщIагъэ хуэхъунур къищта» хуэдэу защIри.

Лъэтеувэм кърихьэлIа балигъхэми сабийхэми гуфIэгъуэ Iэнэ къыхуащтэ. ИужькIэ сабийхэр ягъэджэгу. ТхьэлъэIур зей цIыкIур и кум иту, псори зэдежьууэ мыр жаIэ: «Мимэ, мимэ, щытхэм сахэлъадэмэ, абыхэм сабгъэдыхьэмэ...» Мыр жаIа нэужь лъэтеувэ зыхуащI цIыкIур зебыршэу (адрейхэр псори къоувыIэ) зыгуэрым бгъэдохьэ. Зыбгъэдыхьэм и цIэр зэгъусэу псоми жаIэри, ар утыкум къохьэ... Апхуэдэу сабийхэр ешыху мэджэгу, зыри зэран къахуэмыхъуу. Лъэтеувэр щIымахуэу хуэзэмэ, е уэлбанэмэ, псори щрагъэкIуэкIыр унэ кIуэцIырщ.

Лъэтеувэ тхьэлъэIури ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадекIуэкI хабзэ дахэщ, Iыхьлыхэр зэрызыгъэлъагъущ, сабийхэр зыгъэгуфIэщ. Унагъуэм къихъуэ дэтхэнэ сабийми ар хуэщIын хуейуэ адэ-анэм я пщэрылъу къалъытэжри, ар хъарзынэщ, дахэщ.

Лъэтеувэр нэхъыбэху, лъэпкъым къыхохъуэ, зеужь. Дэтхэнэ адыгэ унагъуэри лъэтеувэм и дауэдапщэм гъэ къэс хэмыкIыурэ АдыгэщIым тебэгъухьыжыну ди лъэпкъым дыхуохъуапсэ!

Тедзэным хуэзыгъэхьэхьэзырар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.

Поделиться: