Ди махуэшхуэм и щIыхькIэ![]() КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым макъамэрэ къафэрэ щытепщэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм и щIыхькIэ. Ар ирагъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу Хьэмырзэ Ахьмэдрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ. - ФIэхъус апщий, Адыгэ Хэку! ФIэхъус апщий, ди лъэпкъ дахащэ! ЩIэкIауэ щытми куэд уи нэгу, иджыри Iэджэ уи гуращэщ! Тетыху адыгэр мы дунейм, теуэнкъым Хэкум зеиншафэ, бзэрабзэ ди бзэу дахэкIей, узэпымыу адыгэ къафэ! Ди къуэш лъапIэхэ, ди шыпхъу гумащIэхэ, нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, адыгэ лъэпкъым я махуэ лъапIэщ. Ди лъэпкъыр нэхъри зэкъуэувэн, бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр езыгъэфIэкIуэн, анэдэлъхубзэр тIэщIэмыхуу зи лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ зыхъумэжын лъэпкъ Тхьэм дищI! - жаIащ Хьэмырзэ Ахьмэдрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ пшыхьыр къыщызэIуахым. - Фащэр зейр зезыхьэрщ. Ди бзэмрэ ди хабзэмрэ, ди пщIэмрэ ди фащэмрэ тхъумэжу зи махуэр зыгъэлъэпIэн лъэпкъ Тхьэм дищI! Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
29.11.2023 - 16:00 →
Страдивари и скрипкэ телъыджэхэр
20.11.2023 - 14:40 →
Макъамэм и фIыпIэмкIэ къытхуэупса композитор
16.11.2023 - 11:57 →
Афэрым, Идар!
13.11.2023 - 14:19 →
ПсапащIэ концертхэр
05.11.2023 - 12:00 →
И щIэинхэр фIыуэ зылъагъухэр
|