Зы цIыху ныбжь 85 гъуэгуанэ

Прохладнэм щыIэ сабий унэ-интернатыр илъэс 85-рэ зэры­рикъум и щIыхькIэ, абы и гъэ­сэнхэм деж щыIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Его­ровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ.

- Республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и депу­татхэр хущIокъу мы Iуэху­щIа- пIэм я нэIэ зэрытрагъэтынум икIи абы и махуэшхуэм дыкъэмы-кIуэу къытхуэгъэ­нэ­нутэкъым, - жи­Iащ Егоровэм. - Илъэс 85-р зы цIыху гъащIэ мэхъу. Абы къриу­быдэуи Прохладнэм и сабий интернатыр унэ зыхуэхъуа-хэр мин бжыгъэкIэ къыпхуэбжынущ. Долъагъу мыбдеж ныбжьыщIэхэр сыт и лъэны­къуэкIи къызэ­ры­щы­зэгъэпэщар, я узыншагъэм зэ-ры­щы­кIэлъыплъыр, ныкъуэды­къуэхэм зэрадэлэжьэну щIыкIэр щхьэхуэу зэраIэр. Зы унагъуэш­хуэм щыпсэуми ярейуэ, зэтеублащ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр. Абы и фIыгъэкIэ сабийхэр зэгурыIуэу, зэныбжьэгъуу, гукъы­дэж яIэу зэрыпсэуным хуегъэпабгъэ. Ахэр мыбдеж балигъ гъащIэм щыхуагъэхьэзыр, хьэл-щэн дахэ щыхалъхьэ. Мы IуэхущIапIэр щыхьэт тохъуэ шыIэ пхэлъмэ, умыщхьэхыу улажьэмэ, текIуэ­ныгъэ куэд зэрызыIэрыбгъэхь­э­фынум. Шэч хэмылъу, гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэ цIыкIу къэс лэ­жьыгъэшхуэ иращIылIэ гъэса­кIуэхэм. Абыхэм ирагъэкIуэкIыр Iуэху тыншкъым, ауэ псапэ зы­пылъщ. Абы къыхэкIыу дэтхэнэми фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ. Зы щIэблэкъым фэ вгъэсар, итIани фемызэшу, Iуэхум гудзакъэ хувиIэу фызэрыбгъэдэтым, дэIэ­пы­къуныгъэрэ гулъытэрэ хуэныкъуэ сабийхэм гуапэу фазэрыхущытым уасэ иIэкъым. УФ-м и Президентым и унафэкIэ 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIа­кIуэмрэ я илъэсу зэрыщытар мыгувэу къызэщIэткъуэжынущ. Ауэ ар зэриухым емылъытауэ, фи лэжьыгъэм къэралым и пашэм хуищIа гулъытэм адэкIи хэдгъэхъуэнущ. Сынывохъуэхъу адэкIи зы­ву­жьыну, гъэсакIуэхэмрэ абы щыпсэухэмрэ на­сып фиIэну, фи мурадхэр къывэхъулIэну.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ соци­альнэ дэIэпы­къуныгъэмкIэ и министр Асанов Алими жи­Iащ: «Къыхэзгъэщыну сыхуейт мыбдеж уна­гъуэ жьэгум илъын хуей хуабагъэр, зэгурыIуэр зэрыщы­зыхэп­щIэр. Си фIэщ мэхъу къэб­лагъэ 2024 гъэри, Унагъуэм и илъэсу ягъэувар, фхуэфIыну».
Къызэхуэсахэр ирагъэплъащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Родинэ Викторие IуэхущIапIэм и лэжьа­кIуэхэм яхуэгъэзауэ псалъэ гуа­пэхэр щыжиIэ видеом.
Сабий унэм щылажьэхэмрэ гъэ­­сэнхэмрэ ягъэгушхуэну махуэшхуэм зрагъэхьэлIат республикэм и министерствэхэм, Прохладнэ къалэм и щIыпIэ администрацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым СледствэмкIэ и IэнатIэм, УФ-м и УФСИН-м КъБР-м щиIэ къудамэм, псапэ зы­щIэ фондхэм я лIыкIуэхэм, IуэхущIапIэм зы­щIэ­зыгъакъуэхэм, артистхэм. Абыхэм бы­сым­хэм фIыщIэ хуа­щIащ гуапэу къазэрыIущIам пап­щIэ.
Зэхуэсым щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмкIэ щагъ­э­пажащ интернатым и лэжьакIуэхэр. Гъэса­кIуэ­хэмрэ сабийхэмрэ хьэщIэхэм хуа­гъэ­хьэ­зырат теплъэгъуэ цIы­кIу­хэр. Псом хуэ­мы­дэу гулъытэ игъуэ­тащ IуэхущIапIэм и илъэс 85-м теухуауэ ящIа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэм.
КъБР-м и Парламентым и депутатхэр сабийхэм хуэупсащ спорт хьэпшыпрэ IэфIы­кIэ­хэмкIэ. 
Прохладнэ сабий унэ-интернатым и унафэщI Лашина Еленэ хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ зэпымыууэ зыкъызэрыщIагъа­къуэм щхьэкIэ. НыбжьыщIэхэм езыхэм я IэкIэ ящIа саугъэт цIы­кIухэр депутатхэм тыгъэ къы­зэ­рыхуащIар гуапэ зыщымыхъуа къэнакъым. 

КъБР-м и Парламентым и 
пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться: