Япэрей кофер щыIэжкъым

  Европей зэгухьэныгъэм (ЕС) хэт къэралхэм дызэрыт илъэсым и мэлыжьыхь мазэм къащта унафэм ипкъ иткIэ абыхэм я хъумапIэхэм щаIыгъ кофе жылэхэмрэ какаомрэ тонн минищэ бжыгъэкIэ ягъэсыжынкIэ хъунущ. Апхуэдэ шынагъуэхэр къызыхэкIар жыгхэр мардэншэу щраупщIыкI, сабий лэжьыгъэхэр куэду къыщагъэсэбэп къэралхэм къыщыщIагъэкI хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэкIхэмрэ я щIыналъэхэм кърашэну хуитыныгъэ абыхэм ямыIэу къызэрыщыгъэлъэгъуарщ. 

Иджыпсту ЕС-м и хъумапIэхэм псори зэхэту щIэлъщ какао тонн мин 200-рэ кофе жылэу тонн мини 150-рэ. Дунейпсо сату центрым и унафэщI Коук-Хэмилтон Памелэ иджыблагъэ зэрыжиIамкIэ, 2024 гъэм къриубыдэу ахэр ямыщэу щытмэ, къэнар ягъэсыжынущ.

Псом хуэмыдэу абы хилъэфэнур Африкэм щыщ Ганэмрэ Кот-д'Ивуарымрэщ. Дуней псом какао лIэужьыгъуэу къыщагъэкIым и процент 70-р а къэралитIым къалъос.  Апхуэдэуи а унафэм и Iэужь бзаджэр ялъэIэсынущ кофе куэду къэзыгъэкI Бразилием, Вьетнамым, Колумбием, Индонезием. Ахэри дуней псом щыпэрытщ кофе гъэкIынымкIэ.

         Европей зэгухьэныгъэм хыхьэ къэралхэм я хъумапIэхэм щIэлъ кофемрэ какаомрэ къэзыгъэкIахэм хэкIыпIитI яIэу аращ. Япэр – ахэр ЕС-м хэмыхьэ щIыналъэхэм щащэну, етIуанэр – ягъэсыжыну.

Абы нэмыщI, а унафэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, кофемрэ какаомрэ къадэкIуэу, жыгхэр мардэншэу щраупщIыкI къэралхэм щыщIахуа пальмэм и дагъэри я щIыналъэхэм кърагъэшэнукъым. Апхуэдэ дэкъузэныгъэр лъэIэсащ каучукми.

         А унафэм къыдэкIуэну зэкIэлъымыкIуагъэхэм ящыщщ кофемрэ какаомрэ я уасэм дэнэ щIыпIэкIи зэрыщыдэкIуеинур. Индонезием уэгъу къыщыхъуу, кофер мы гъэм къазэрыхуэмыхъуар абы хэбгъэхьэжмэ, уасэм зэрыхэхъуэнур дапхуэдизкIэми жыIэгъуейщ. Дуней псом къыщыщIагъэкI кофем и Iыхьэ плIанэр а къэралым къылъос. Мыбдеж къыжыIэн хуейщ: зи уасэр нэхъыбэу хэхъуэнкIэ хъунур робустэ кофе лIэужьыгъуэрщ (псы къэкъуэлъакIэ зэхащIэ коферщ), арабикэ лIэужьыгъуэм нэхърэ нэхъ пуду щытарщ.

Индонезием нэмыщI, уэгъум и зэран екIащ кофер нэхъыбэ дыдэу къэзыгъэкI Вьетнамми. Мы гъэм гъавэр абы къехъулIакъым икIи кърахьэлIэжар апхуэдизкIэ мащIэщи, иужьрей илъэс 12-м апхуэдэ къэхъуауэ ящIэжыркъым. Языныкъуэхэм абы и щхьэусыгъуэу къалъытар мэкъумэшыщIэхэм щIыгъэпшэрхэр ирикъуу къазэрыхуэмыщэхуарщ, абы и уасэми зэрыхэхъуам къыхэкIыу.

         Iуэхур апхуэдизу хэплъэгъуэ хъунутэкъым, Урысей Федерацэм къращIылIэ дэкъузэныгъэхэр щхьэщахыжу а къэралхэр щIыгъэпшэрхэмкIэ къызэригъэпэщыну Iэмал иратауэ щытэмэ. Ауэ, ЕС-р ерыщ екIуащи, езыр псым итхьэлэми едэ, ди къэралым зэран къыхуэхъу къудеймэ. Апхуэдэ щытыкIэм хелъафэ езым и цIыхухэм ящыщу кофер фIыуэ зылъагъухэри.

Арабикэ кофе лIэужьыгъуэр зэрылъапIэм къыхэкIыуи, европейхэм робустэм зратыж. Ауэ, ари хэкIыпIэ хъуркъым, псори зэхэту къагъэкIа кофер зэрымащIэм щхьэкIэ, сыт хуэдэ лIэужьыгъуэми и уасэр зэхуэдэу докIуей. Псалъэм папщIэ, ди къэралым щимызакъуэу, псы къэкъуэлъам хэткIухь кофем и уасэм процент 20-кIэ Германием щыхэхуащ.

         Языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, кофем и уасэр зэрыдэкIуеям и зэран ди цIыхухэм екIын хуейкъым, я зэфIэкIхэр зэпалъытэжу щытмэ. ЗэрыжаIэщи, уи тепIэн еплъи, уи лъэ укъуэдий. Иджы, махуэм 5 ефэу щытамэ, ар ягъэмэщIэнщи, крушкIитI е щы нэхъыбэ ирафынкъым, я узыншагъэм и сэбэп екIынщ, я ахъшэри хъума хъунщ.

         Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, робустэуи арабикэуи ди къэралым и цIыхухэм ягъэкIуэщIу щытащ тонн мини 160-рэ, дэтхэнэ лIэужьыгъуэми хуэдэу. 20I9 гъэм щегъэжьауэ нэхъыбэм арабикэм зратащ.

         Ауэ, дауэ мыхъуми, робустэми арабикэми я уасэхэм зэгъусэу зэрыхэхъуэр проценти 10-15-кIэкъым, атIэ хуэди 2,5-кIэ хэхъуащ. Языныкъуэ гушыIэрейхэм зэрыжаIэмкIэ, фадэм зептыжыну нэхъ тыншщ иджыпсту, ар фIыуэ нэхъ пудщ. Хэт ищIэрэ?

         ГушыIэ хэмылъу Iуэхум ухэплъэмэ, бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ ар зэрымыдыхьэшхэныр. Иужьрей илъэсиблым кофе миллиграмми 150-200 зэрыхуэ кIрушкIэм и уасэм проценти 118-кIэ хэхъуащ. Дызэрыт илъэсым и шыщхьэуIу - фокIадэ мазэхэм апхуэдэ кIрушкIэм соми 166-рэ хуэзащ, ар процент 11-кIэ нэхъыбэщ, 2016 гъэм хуэбгъадэмэ. Кофем и уасэм ику иту хэхъуэн щыщIидзар 2022 гъэрщ – процент 28-кIэ зиIэтащ абы.

 «Платформа ОФД»-м и унафэщI  Баров Алексей зэрыжиIамкIэ, кофем и уасэм хохьэ абы хакIэ шэм, халъхьэ пкъыгъуэхэм, ар зыгъавэм, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм хуэзэри, езым дыщIагъуж уасэри, нэгъуэщIхэри.

                                                                           ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

 

 

Поделиться: