Спорт

Чемпионхэм я лигэр и плъапIэт

«Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэныкъуэу щытауэ иджы Павловскэ станицэм и «Кубань-Холдинг»-м дэщIыгъуу Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым хыхьэну ерыщу хущIэкъу ДыщэкI Аслъэн къэкIуэну дахэ зиIэ ди щIалэщIэхэм хабжэрт илъэс зыбгъупщI ипэкIэ. Уеблэмэ ар щIэхъуэпсырт дэтхэнэ зы футболистми и плъапIэ Европэм и Чемпионхэм я лигэм щыджэгуну.

«Спартак-Налшыкыр» гъатхэпэм зэрырехьэлIар

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и мыгъэрей Iыхьэм мазищрэ ныкъуэкIэ темыпыIэжу пэплъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэр. 

Красножан Юрэ: ФIыуэ сызыщыгъуазэ топджэгум щызогъасэ

 

Мы гъэм и пэщIэдзэм Урысей Федерацэм футболымкIэ цIыхубзхэм я командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу зэрагъэуврэ, ди лъахэгъу Красножан Юрэ иджыщ япэу журналистхэм зыубгъуауэ щепсэлъар. Абы щыщ пычыгъуэхэм нобэ фыщыдогъэгъуазэ.

Мэшыкъуэ зэтIолъхуэныкъуэхэм зыхэт гупхэр ягъэбжьыфIэ

Мэшыкъуэ Iэмырхъан и унагъуэм 1995 гъэм мазаем (февралым) и 22-м зэтIолъхуэныкъуэу щIалитI къихъуащ. Абы щыгъуэм хэт ищIэнт а тIум топджэгу цIэрыIуэ къахэкIыну?!

Иужь псалъэр иджыри жызымыIа Урыш Анзор

Бурятием и къалащхьэ Улан-Удэ тхьэмахуэ кIуам щекIуэкIа Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионатым хуабжьу дыщыкIэлъыплъащ килограмм 92-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм. 

Шахматхэм щыпащтыхь Къармэ Мажмудин

Дунейм лъэужь дахэ къыщигъэнащ КъБР-м Шахматхэмрэ шашкэхэмкIэ и федерацэм щIыхь зиIэ и президент, урысейпсо категорие зиIэ судья, категорие нэхъыщхьэ зиIэ тренер, Къэбэрдей-Балъкъэрым физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къармэ Мажмудин. Спорт лIэужьыгъуэ нэхъыжь дыдэм блэкIа лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм абы ди деж щиIа тепщэныгъэм зыми шэч къытрихьэртэкъым. ЖыпIэну ирикъунщ ар тIощIрэ зэрэ (!) ди республикэм и чемпион зэрыхъуар, Кавказ Ищхъэрэми къэралми зэфIэкIышхуэхэр къызэрыщигъэлъэгъуар.

Иджы гъуащхьэтетхэр егъасэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы футболисти къихъуакъым гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур фIэкIа командэ зэмылIэужьыгъуищым яхэту къэралитIым плIэнейрэ я чемпион хъуауэ. 

Балъкъ Iуфэ къыщыхъуа пелуан

Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ адыгэ жылэжьым къыщалъхуащ икIи къыщыхъуащ 1967 гъэм хьэлъэ къэIэтынымкIэ Совет Союзымрэ Европэмрэ я рекорд зыгъэува, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу япэ дыдэу атлетикэ хьэлъэмкIэ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер хъуа Къып Iэмырбий.

Зэхьэзэхуэм хуэхьэзыру къытщохъу

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм гъатхэпэм и 6-м щIэзыдзэжыну и кIэух Iыхьэм зыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» и зыгъэсэныгъэхэм Нартсанэ (Кисловодск) къалэм щыпищащ мазаем и пэщIэдзэм.

ЩэщIрэ еплIанэу зэкIэлъхьэужьу

Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу гъэ къэс Къэхъун къуажэм щокIуэкI Афганистаным щыхэкIуэда, зэрихьа лIыгъэм папщIэ Вагъуэ Плъыжь орденыр мыпсэужу зыхуагъэфэща НэгъэцIу Хьэсэнбий волейболымкIэ и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Мы гъэм ар щэщIрэ еплIанэу зэхаублащ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт