|
Спорт
16 июня, 2021 - 05:35
Сочэ къалэ щекIуэкIащ атлетикэ псынщIэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. «Кубок Федераций» зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ, лъагэу дэлъеинымкIэ спортсмен Акименкэ Михаилрэ диск зыгъэлъатэ Добренький Александррэ.
11 июня, 2021 - 05:00
Адрей бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэм елъытауэ, Япониер зи къежьапIэ дзюдор ди гъащIэм къыщыхыхьар нэхъ иужьыIуэкIэщ - ХХ лIэщIыгъуэм и кIэухращ. Апхуэдэу щыт пэтми, адыгэхэр абыи щехъулIащ.
9 июня, 2021 - 05:00
Дуней псом тхуэнейрэ щытекIуа, Европэм щэнейрэ щынэхъыфIа, Урысей Федерацэм куэд дыдэрэ псоми щефIэкIа, спортым щIыхь зиIэ и мастер Кушу (Гуф) Светланэ «Акрабатикэм и пащтыхь гуащэкIэ» еджэрт блэкIа лIэщIыгъуэм и кIэухымрэ дызэрытым и пэщIэдзэмрэ. Абы и гъащIэ кIэщIыр вагъуэижым хуэдэт, зэуэ нуру къызэщIэблэрэ псынщIэу ужьыхыжу, икIи гъэнщIат зэхьэзэхуэ гуащIэхэмрэ зыгъэсэныгъэ хьэлъэхэмкIэ.
4 июня, 2021 - 05:00
Иужь зэIущIэхэм къигъэлъагъуэ джэгукIэм жыжьэуи арэзы къызэримыщIымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм накъыгъэм и 10-м къэкIуауэ Краснодар и «Кубань»-м ди командэр бжыгъэшхуэкIэ къызэрыхигъэщIамрэ «Спартак-Налшыкым» и унафэщIхэм къахуигъэуващ гупым и тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур трагъэкIыну. Абы и пIэкIэ екIуэкI зэпеуэр иухыхукIэ ягъэуващ Шакъ Ашэмэз.
2 июня, 2021 - 05:00
Атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо ассоциацэм Допингым пэщIэт и комитетыр арэзы техъуащ Урысей Федерацэм и языныкъуэ спортсменхэр 2021 гъэм екIуэкIыну лъэпкъхэм зэдай зэхьэзэхуэхэм хэтыну. Хуит ящIа цIыхуипщIым ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуарэ зыщызыгъэсахэу Ласицкене (Кучинэ) Мариерэ Акименкэ Михаилрэ.
28 мая, 2021 - 05:00
Адыгэ щIалэхэр ехъулIэныгъэ яIэу топ щоджэгу Урысей Федерацэм и командэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Абыхэм ящыщ зыщ Новороссийск и «Черноморец»-м нэгъабэ лъандэрэ зыкъыщызыгъэлъагъуэ Машэжь Ратмир.
26 мая, 2021 - 05:00
«RedFox Team» командэм щыщ спортсмен Кравченкэ Еленэ «Километр задэ» псынщIэу бгым дэкIынымкIэ дунейпсо рекорд игъэуващ. Иркутск щыщ пщащэм Iуащхьэмахуэ метр 2450-м къыщыщIэдзауэ метр 3450-м нэс дакъикъэ 48-рэ секунд 31-кIэ дэкIащ. Иджы еханэу Кравченкэ апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм щытокIуэ. АбыкIэ хъыбар къыдигъэщIащ «Курорты Северного Кавказа» АО-м и пресс-IуэхущIапIэм.
21 мая, 2021 - 05:32
Урысей Федерацэм футболымкIэ и зи чэзу чемпионатыр накъыгъэм и 16-м иухащ. Илъэс ещанэ хъуауэ абы и дыщэ медалхэр зыIэрегъэхьэ къэралым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр зыIэщIэлъ «Газпром» акционер зэгухьэныгъэм и жьауэм щIэт Санкт-Петербург и «Зенит»-м. Премьер-лигэм щыджэгу адыгэ закъуэр зыхэт Мэзкуу и «Спартак»-р абы къыкIэлъокIуэ.
19 мая, 2021 - 05:36
Мэзкуу областым хыхьэ Одинцовэ къалэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ «Битва в Подмосковье» урысейпсо зэхьэхзэхуэ. Ар къызэрагъэпэщащ олимп чемпион, Урысейм и ЛIыхъужь Лазутинэ Ларисэ и фэеплъу. Медалхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 25-м щыщ ныбжьыщIэ 800-м щIигъу.
15 мая, 2021 - 05:15
1998 гъэм щыщIэдзауэ Налшык и Сабий стадионым илъэс къэс зэ щызэхуос абы и ныбжьэгъухэмрэ Iыхьылхэмрэ. Топджэгум щыхуагъасэ сабий-ныбжьыщIэ спорт школ хэхар здэщыIэ мы щIыпIэм щокIуэкI Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ я чемпион, Къэбэрдей-Балъкъэрым физическэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Iэпщэ Александр и фэеплъ турнир.
Страницы
|