СпортТхэквондо Мэзкуу областым хыхьэ Одинцовэ къалэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ «Битва в Подмосковье» урысейпсо зэхьэхзэхуэ. Ар къызэрагъэпэщащ олимп чемпион, Урысейм и ЛIыхъужь Лазутинэ Ларисэ и фэеплъу. Медалхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 25-м щыщ ныбжьыщIэ 800-м щIигъу. Зи хьэлъагъыр килограмм 42-м нэблагъэхэм я гупым щекIуэкIа зэпэщIэтыныгъэхэм дыжьын медалыр къыщихьащ ди лъахэгъу Шалгынбаевэ Софие. Ар ягъасэ Хан Станиславрэ Ким Викторрэ.
Шахматхэр ЕтIуанэу къэралым Урысейм шахматхэмкIэ спортым и мастер Джэдгъэф Чэмал иджы етIуанэу къэралым и чемпион хъуащ. Зи узыншагъэм сэкъат кIэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэм Джэдгъэфым очкоибгъум щыщу 8,5-рэ щызыIэригъэхьэри, пашэныгъэр иубыдащ.
Атлетикэ хьэлъэ Зэхьэзэхуэ нэхъыщхьэм кIуэнухэр къыхах Тырныауз дэт «Геолог» спорткомплексым щызэхэтащ Настуев Хь. и фэеплъу къызэрагъэпэща цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ атлетикэ хьэлъэмкIэ я щIыналъэ чемпионат. Ар ирагъэкIуэкIащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэмрэ Атлетикэ хьэлъэмкIэ и федерацэмрэ. Чемпионатым хэтащ Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Дагъыстэным, Шэшэным, Ставрополь крайм къикIа спортсменхэр. Зи хьэлъагъыр килограмм 73-м нэблагъэхэм я деж пашэныгъэр щиубыдащ Къаскъул Аслъэн. Нэхъ хьэлъэ дыдэхэм, килограмми 109-м щIигъухэм, я зэпэщIэтыныгъэм дыжьын медалыр къыщихьащ Мариев Тимур. Япэ увыпIэр къэзыхьам абы нэхърэ зы килограммкIэ нэхъыбэ къиIэтащ. Иджыри ди республикэм и зы лIыкIуэ ХъуэкIуэн Щамил домбеякъ медалыр зыIэригъэхьащ. ЕтIуанэ увыпIэр зыубыдам къиIэтам хуэдизым ди щIалэри пэлъэщат, арщхьэкIэ и хьэрхуэрэгъум бгъэдыхьэгъуэ нэхъ мащIэщ къигъэсэбэпар.
Алыдж-урым бэнэкIэ Европэм и чемпионыр кърагъэблэгъэж «Налшык» аэропортым къыщрагъэблэгъэжащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Европэм и чемпион хъуа Локьяев Жамболэт. Варшавэ щекIуэкIа спорт бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэм дыщэ медалыр къыщызыхьамрэ абы и тренерымрэ пежьащ КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам. Фигу къэдгъэкIыжынщи, зи гугъу тщIы зэпеуэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысейм и командэ къыхэхам медали 7 къыщихьащ, абы щыщу 5-р дыщэу. Ди къэралым и ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Жамболэт. Зи хьэлъагъыр килограмм 63-м нэблагъэхэм я финал зэпэщIэтыныгъэм Локьяевым щыхигъэщIащ азербайджан бэнакIуэ Мамедов Талех.
Бокс Медаль Черкесск къалэм и «Юбилейный» спортым и уардэунэм щызэхэтащ боксымкIэ ныбжьыщIэхэм я щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэс 13 - 14-хэм ит, Кавказ Ищхъэрэм щыщ спортсмени 160-м щIигъу. КИФЩI-м и зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и боксёрхэм медаль зэмылIэужьыгъуэу 7 къыщахьащ. Зыхэта гупхэм дыщэ медалхэр щызыIэрагъэхьащ Iэгъуей Азрэтрэ (кг 66-рэ) Къумыкъу Имранрэ (кг 70). Дыжьыныр къахьащ Щауэжь Тамерланрэ (кг 54-рэ) Анаев Тимуррэ (кг 90). Зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр щаубыдащ ХьэпцIэ Алан (кг 44-рэ), Кулиев Омар (кг 63-рэ), Шавердинов Аслъэн (кг 80) сымэ.
Атлетикэ псынщIэ Дунейпсо зэпеуэхэм хэтыну хуитыныгъэ кърат Атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм хуит ищIащ урысей спортсмениплI я щхьэ хущытыжу дунейпсо зэхьэзэхуэхэм хэтыну. Абыхэм ящыщу япэ зи цIэ къраIуар илъэс 28-рэ зи ныбжь, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Ласицкене (Кучинэ) Мариещ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||




