|
Календарь событий
07 августа 2020
7 августа, 2020 - 08:20
Къэрал Думэмрэ ФедерацэмкIэ Советымрэ мылъкуу хуаутIыпщыр хуагъэмэщIэнущ
Урысейм ФинансхэмкIэ и министерствэм къыхилъхьащ Къэрал Думэмрэ ФедерацэмкIэ Советымрэ ятригъэкIуадэ мылъкур 2021 гъэми къыкIэлъыкIуэ 2022, 2023 илъэсхэми ягъэмэщIэну.
7 августа, 2020 - 08:20
ЦIыхубэ уэрэдхэр гум нэсу зыгъэзащIэу щыта, зи макъ гуакIуэр куэдым ягу къинэжа Руслановэ Лидие Саратов губернием хыхьэ Чернавкэ къуажэм 1900 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м къыщалъхуащ. Япэ дыдэу абы тегушхуэу уэрэд щыжиIам и ныбжьыр илъэсих къудейт зэрыхъур.
7 августа, 2020 - 08:17
Етхуанэ Iыхьэ
ПщIыхь шынагъуэ ухуэмей,
Уэ, сэ си Светланэ!
Жуковский
I
7 августа, 2020 - 08:10
Ар 1925 гъэм Амман къалэм хыхьэ Мухьэджрин хьэблэм къыщалъхуащ. Фэуаз и адэ Махьейр пащтыхь гвардием илъэс 15-кIэ пщIэрэ щхьэрэ иIэу къулыкъу щищIащ. Къэзылъхуам ижь къыщIихуагъэнщ къуэми. 1942 гъэм Фэуаз дзэм хохьэ. СССР-р зауэ бзаджэм щыIут зэманым ЩIыкурытыхымкIэ (Средиземнэ тенджыз) Америкэм кърашу Палестинэм, Трансиорданием, Иракым, Ираным блаш Iэщэр, гуэдзыр, хьэпшыпхэр зыхъума гупым яхэтащ Бырмэмытыр.
7 августа, 2020 - 08:08
Куэд щIакъым илъэс 70 гъащIэ гъуэгуанэр зэригъэлъапIэрэ Урысеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щIыхь зиIэ я ухуакIуэ Аргун Олег Абубэчыр и къуэм.
7 августа, 2020 - 08:08
Анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ ЕплIанэ урысейпсо зэпеуэм, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ щIэныгъэм зегъэужьынымкIэ абы и федеральнэ IуэхущIапIэм Лъэпкъ щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и институтымрэ къызэрагъэпэщым, ди республикэм къыбгъэдэкIыу хэтахэм ящыщщ Налшык дэт курыт школ №26-м и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Хур Мадинэ.
7 августа, 2020 - 08:05
Нэхъыжьым жиIэм уемыдаIуэмэ…
Хъыбар
7 августа, 2020 - 08:05
«Ди бзэр ди псэщ» - жаIэ адыгэхэм. Тхыбзэри аращ. Лъэпкъым и анэдэлъхубзэр къыдекIуэкIыу, къыщIэхъуэ щIэблэм ар Iурылъу къэтэджыныр уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. Адрей тхыбзэхэм еплъытмэ, дыдейм къикIуа гъуэгуанэр кIыхькъым, арщхьэкIэ абы зыкIи игъэлъахъшэркъым и лъапIагъыр, игъэмащIэркъым и IэфIагъыр. Ди лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр.
|