Махуэгъэпс

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 29, гъубж

         Ядернэ Iэщэхэр гъэунэхуныр мыдэным и дунейпсо махуэщ

         Урысейм и МВД-м и къэрал кIуэцI дзэхэм я гуп хэхахэм я махуэщ

         1972 гъэм Германием и Мюнхен къалэм щекIуэкIа XX  гъэмахуэ Олимп джэгухэм лъакъуэрыгъажэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ дыщэ медаль къыщихьащ адыгэ щIалэ Шыхъуэ Борис.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 28, блыщхьэ

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 25,  мэрем

Дзыгъуэнэфым и дунейпсо махуэщ

1530 гъэм къалъхуащ Рюриковичхэ ящыщ япэ урыс пащтыхь, адыгэпщ Идар Темрыкъуэ и малъхъэ Иван IV Грознэр.

1960 гъэм къалъхуащ нейрохирург, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Семэн Жаннэ.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 24, махуэку

1830 гъэм дунейм ехыжащ Къэбэрдей пщы уэлий хахуэ Жанхъуэт Кушыку.
1943 гъэм Къардэн Къубатий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
2008 гъэм Пекин щызэхуащIыжащ XXIX гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Китайм и къалащхьэм дыщэ медаль къытхурихауэ щытащ адыгэ бэнакIуэ Хъущт Аслъэнбэч.
1943 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, зэдзэкIакIуэ КъумпIыл Къадырбэч.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 23,  бэрэжьей
ГъэрхэмкIэ сату щIыным хэкIуэдахэм я фэеплъыр щагъэлъапIэ дунейпсо махуэщ
1992 гъэм
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер къызэрагъэпэщащ.
1926 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Даниткэ.
1956 гъэм къалъхуащ пшынауэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэпащIэ Заудин.
Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 22, гъубж

         Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэщ

         1937 гъэм КIыщокъуэ Алим и адэ Пщымахуээ дунейм ехыжащ.

         1959 гъэм Тэрч къалэ щатащ налмэс Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкI завод.

         1910 гъэм къалъхуащ «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зрата Мусэ Менлы.

         1924 гъэм къалъхуащ комбайнер, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Кудряшовэ Александрэ.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 21, блыщхьэ
Терроризмэм и зэранкIэ хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Офицерым и махуэр
1561 гъэм Урысейм и пащтыхь Грозный Иван щхьэгъусэу ишащ къэбэрдеипщ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие).
1964 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубзхэм я V съездыр екIуэкIащ.
Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 18, мэрем

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 17, махуэку

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 16,  бэрэжьей
Астронавтикэм и дунейпсо академиер къыщызэрагъэпэща махуэщ
Фошыгъу хэлъу гъэва мамкъутым и махуэщ
1939 гъэм «Кабардинка» ансамблым концертхэр КъуэкIыпIэ Жыжьэм тын щыщIидзащ.
1960 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Изобразительнэ гъуазджэмкIэ музей. 
1965 гъэм Урысейм щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкIэ и зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр къызэрагъэпэщащ.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс