|
Махуэгъэпс
18 октября, 2023 - 09:33
Дэнэ лъэныкъуэкIи щагъэлъапIэ шхыным гулъытэ хэха щыхуащI махуэр щыIэн зэрыхуейм теухуауэ япэ дыдэу жэрдэм къыщыхалъхьауэ щытар ЩIакхъуэгъажьэхэмрэ IэфIыкIэ зыщIхэмрэ я къэрал зэхуаку зэгухьэныгъэм 2006 гъэм иригъэкIуэкIа зэхыхьэрщ.
18 октября, 2023 - 08:26
Жэпуэгъуэм и 18, бэрэжьей
♦КIэнфетхэм я дунейпсо махуэщ
♦ЦIыхухъухэм я джанэхэм далъхьэ пщэдэлъым и дунейпсо махуэщ
♦1941 гъэм къалъхуащ КъБР-м и япэ Президенту щыта, къэрал лэжьакIуэ, политик Iэзэ КIуэкIуэ Валерэ.
♦1942 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м и цIыхубэ дохутыр ХьэцIыкIу Борис.
17 октября, 2023 - 06:00
Жэпуэгъуэм и 17, гъубж
♦Къулейсызыгъэр гъэкIуэдыным и дунейпсо махуэщ
♦1905 гъэм Урысейм и япэ Къэрал Думэм и зэхуэс екIуэкIащ.
♦1938 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ ягъэуващ «Хахуагъэм папщIэ», «Зауэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ» медалхэр.
♦1961 гъэм Къэрал Кремль Уардэунэр къызэIуахащ.
16 октября, 2023 - 13:55
Илъэс къэс ар зэрагъэлъапIэр и нэщэнэщ дунейпсо экономикэм зегъэужьыным, я зэфIэкIхэмкIэ промышленностымрэ сатумрэ зэхъуэжэным, тIуми я сэбэп зыхэлъхэр пхыгъэкIыным, технологие пэрытхэр къэгъэсэбэпыным - а псоми яхуэгъэзауэ пщалъэхэм ягъэзащIэ мыхьэнэр зэрыин дыдэм.
16 октября, 2023 - 13:05
Жэпуэгъуэм и 16, блыщхьэ
Ерыскъым и дунейпсо махуэщ
ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэщ
Анестезиологым и дунейпсо махуэщ
1991I гъэм Налшык щызэхэтащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я нэхъыжьыфIхэм я зэхуэс.
1868 гъэм къалъхуащ Къаир щыщ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ, «хьэрып усакIуэхэм я пащтыхьу» къалъытэ Щэукъий Ахьмэд.
13 октября, 2023 - 14:06
Иджырей дунейм хэпсэукI цIыхухэм, езыхэр зыхуей-зыхуэфIу къалъытэхэр зрагъэхъулIэн хьисэпкIэ, зэрамыгъэзэкIуэжыфын хуэдиз ныкъусаныгъи зэраныгъэ ирахыу, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр къыщагъэсэбэпыр нэхъыбэщ, ди жагъуэ зэрыхъунщи.
13 октября, 2023 - 11:50
Жэпуэгъуэм и 13, мэрем
♦ЩIыуэпсым къыщыхъу къэхъукъащIэ шынагъуэхэм къашэ гузэвэгъуэхэр гъэмэщIэным и дунейпсо махуэщ
♦1904 гъэм Тэрч-Псыжь полкым хыхьэ адыгэ сотням хэтхэм зыкъаIэтащ.
♦1891 гъэм къалъхуащ къэрал, парт лэжьакIуэ, нартыхугъэкI цIэрыIуэ, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ГуащIэдэкIым и Бэракъ Плъыжь орденищ зыхуагъэфэщауэ щыта ХьэщIэлI Мухьэмэд.
12 октября, 2023 - 06:16
Жэпуэгъуэм и 12, махуэку
Къупщхьэ узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
УФ-м и МВД-м и медицинэ IуэхущIапIэхэм я махуэщ
1957 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэIуахащ. Абы и япэ ректору ягъэуват Бэрбэч ХьэтIутIэ.
1937 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору, ЩIДАА-м и академикыу щыта Быж Алий.
11 октября, 2023 - 09:00
Жэпуэгъуэм и 11, бэрэжьей
Хъыджэбз цIыкIухэм я дунейпсо махуэщ
ЦIыхум лы лей зытрилъхьэным ебэныным и дунейпсо махуэщ
1956 гъэм къалъхуащ полицэм и генерал-майор, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Кумыщ Мухьэрбий.
1958 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ, республикэм и ЩIыхь тхылъыр зыхуагъэфэща Бекъул Аслъэнбэч.
10 октября, 2023 - 05:06
Жэпуэгъуэм и 10, гъубж
Психикэ узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ.
ЦIыхум и судыр укIкIэ ящIэу мыдэным и европэпсо махуэщ
1910 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Щомахуэ Амырхъан.
1925 гъэм къалъхуащ франджы балеринэ цIэрыIуэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа Черинэ (Щамырзэ) Людмилэ.
Страницы
|