Махуэгъэпс

Туризмэм и махуэ

1980 гъэм къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 27-р Туризмэм и дунейпсо махуэу ЩIы Хъурейм и къэрал куэдым щагъэлъапIэ. АбыкIэ унафэ къыщащтащ Испанием и Торремолинос къалэм 1979 гъэм щекIуэкIа, ООН-м деж щыIэ Дунейпсо турист зэгухьэныгъэм и зэIущIэм. 
Тхыдэм щыщщ

НОБЭ

ФокIадэм и 27,
бэрэжьей

Туризмэм и дунейпсо махуэщ
 ГъэсакIуэхэмрэ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр щапI IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ я махуэщ 
1933 гъэм
къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, литературэдж, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэщхъуэжь Раисэ.
1965 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къущхьэбий Анзор.

НОБЭ

ФокIадэм и 26,
гъубж

Ядернэ Iэщэр гъэкIуэдыжыпэным щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
НэгъуэщI къэралыбзэхэм я европэпсо махуэщ
1947 гъэм
къалъхуащ усакIуэ, публицист цIэрыIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Джэрыджэ Арсен.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, махуэм хуабэр градус 15 - 18, жэщым градус 14 щыхъунущ.

НОБЭ

ФокIадэм и 25,блыщхьэ

Зи тхьэкIумэхэм зэхамыххэм я дунейпсо махуэщ
Машинэ зыщIым и махуэщ
1934 гъэм
Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и колхоз-совхоз IуэхущIапIэхэм я япэ спартакиадэр.
1941 гъэм ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым унафэ ищIащ уIэгъэ хъуа зауэлIхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ комитет къызэрагъэпэщыну.
1915 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Еутых Аскэр.

НОБЭ

ФокIадэм и 23, щэбэт

♦КъуэкIыпIэ Жыжьэм щагъэлъапIэ ­ къаплъэным и махуэр

♦Сауд Хьэрыпым и къэрал махуэшхуэщ - пащтыхьыгъуэ щигъуэта махуэщ.

♦1869 гъэм Менделеев Дмитрий химие элементхэм я периодическэ законыр къызэIуихащ.

♦1924 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэншагъэр щыгъэкIуэдынымкIэ комиссэ къызэрагъэпэщащ.

НОБЭ

ФокIадэм и 19, гъубж

         Iэщэ зыщIым и махуэщ. УФ-м и Президентым 2011 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м къыдигъэкIа унафэмкIэ ягъэуващ.

1544 гъэм къалъхуащ урыс пащтыхь гуащэу щыта Идар Гуащэнэ.

1937 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ, публицист АбытIэ Владимир.

Дунейм и щытыкIэнур

   «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 - 22-рэ, жэщым градус 11 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

нобэ

ФокIадэм и 18, блыщхьэ

Псым и фIагъыр къэпщытэным и дунейпсо махуэщ
1929 гъэм
СССР-м япэ комбайнхэр, «Коммунар» зыфIащахэр, къыщыщIагъэкIыу щIадзащ.
1934 гъэм СССР-р Лъэпкъхэм я Лигэм хыхьащ.
1906 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Хьэбэчыр БетIал.
КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Мэшыкъуэ Феня къыщалъхуа махуэщ.

Дунейм и щытыкIэнур

ФокIадэм и 17-р Мэзым и махуэщ

Урысейм Мэз хозяйствэмкIэ и федеральнэ IуэхущIапIэм хъыбар зэрызэбгригъэхамкIэ, мэзхэм щаубыд щIыгумкIэ ди къэралыр мы зэманми дуней псом щынэхъ пашэщ.

Нобэ

ФокIадэм и 15,

мэрем

Демократием и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэувауэ, 2007 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ.

Дагъыстэным щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ

1932 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутыр къызэIуахащ.

2000 гъэм Австралием и къалэ Сидней къыщызэIуахащ ХХVII гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ абы чемпион щыхъуауэ щытащ Къардэн Мурат.

Нобэ

ФокIадэм и 14,

махуэку

1812 гъэм мафIэсышхуэм зэщIищта Москва дыхьащ Наполеон и дзэр. Ар бийм зауэншэу иратыну зэгурыIуат, къалэри дзэри хъума хъун папщIэ.

1896 гъэм Санкт-Петербург телеграф агентствэм лэжьэн щIидзащ.

1960 гъэм ЩIыдагъэ зыщэ къэралхэм я зэгухьэныгъэр (ОПЕК) къызэрагъэпэщащ. Абы хыхьащ Иракыр, Ираныр, Кувейтыр, Сауд Хьэрыпыр, Венесуэлэр.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс