|
Махуэгъэпс
10 октября, 2023 - 05:06
Жэпуэгъуэм и 10, гъубж
Психикэ узыншагъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ.
ЦIыхум и судыр укIкIэ ящIэу мыдэным и европэпсо махуэщ
1910 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Щомахуэ Амырхъан.
1925 гъэм къалъхуащ франджы балеринэ цIэрыIуэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа Черинэ (Щамырзэ) Людмилэ.
9 октября, 2023 - 14:00
Дызэрыт илъэсыр къэтщтэнщи, жэпуэгъуэм и 8-р Мэкъумэш IэнатIэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Ар, Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ 1999 гъэм къыщыщIэдзауэ ди къэралым и щIыналъэ псоми щагъэлъапIэ.
Мы махуэм зэришэлIахэр нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр къуажэдэсхэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъурщ, я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ хэкIыпIэщIэу щыIэхэрщ.
9 октября, 2023 - 12:31
Жэпуэгъуэм и 9, блыщхьэ
Пощтым и и дунейпсо махуэщ
1909 гъэм къалъхуащ убых тхакIуэ, журналист Щхьэплъы Зуьейдэ.
1955 гъэм къалъхуащ ухуакIуэ, хьэрычэтыщIэ, «ААА» фирмэм и унафэщI Къурашэ Валерэ.
1966 гъэм къалъхуащ актрисэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Мысостышхуэ Маринэ.
Дунейм и щытыкIэнур
6 октября, 2023 - 10:14
Адыгэ Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 32-рэ зэрырикъур жэпуэгъуэм и 5-м щагъэлъэпIащ ди къуэш республикэм. ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Чернышенкэ Дмитрий, федеральнэ къулыкъущIэхэр, депутатхэр, сенаторхэр. Махуэшхуэм теухуа зэхыхьэхэр щекIуэкIащ Адыгейм и районхэми, Мейкъуапи.
6 октября, 2023 - 09:44
Жэпуэгъуэм и 6, мэрем
Ущыпсэуну къезэгъ щIыпIэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
Архитектурэм и дунейпсо махуэм
1947 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор КIадэ Азэмэт.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20, жэщым градус 13 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зы мэлыфэ тIэу трахыркъым.
5 октября, 2023 - 06:00
Жэпуэгъуэм и 5, махуэку
♦ЕгъэджакIуэм и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м и уголовнэ розыскым и лэжьакIуэм и махуэщ
♦Адыгэ Республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
♦1950 гъэм къалъхуащ генерал-лейтенант, УФ-м и ВВС-м и командующэм и къуэдзэу щыта, техникэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Урысей Федерацэм дзэ хуэIухуэщIэхэмкIэ щIыхь зиIэ и IэщIагъэлI Быж Айтэч.
4 октября, 2023 - 09:42
Жэпуэгъуэм и 4, бэрэжьей
Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
УФ-м и МЧС-м граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэхэм я махуэщ
1986 гъэм «Iуащхьэмахуэ лъапэ» къэрал лъэпкъ паркыр къызэрагъэпэщащ.
1957 гъэм къалъхуащ журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Къумахуэ Аслъэн.
1968 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарь Къаншокъуэ Эллэ.
Дунейм и щытыкIэнур
3 октября, 2023 - 09:00
Жэпуэгъуэм и 3, гъубж
Архитектурэм и дунейпсо махуэщ
1933 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Кабардинка» къэрал ансамблыр къызэрагъэпэщащ.
1927 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, генерал-майор Къатхъэн Мухьэмэд.
1936 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Къэбэрдей ФатIимэ.
1966 гъэм къалъхуащ журналист, усакIуэ ГъущIо Зариф.
2 октября, 2023 - 09:35
Жэпуэгъуэм и 2, блыщхьэ
♦Залымыгъэ мылэжьыным и дунейпсо махуэщ
♦1945 гъэм Къэбэрдей пединститутым школ-интернат къыщызэIуахащ.
♦1951 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм, КъБР-м, АР-м, КъШР-м, Дагъыстэным я цIыхубэ артист Тут Заур.
♦1954 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-живописец Ерчэн Исуф.
29 сентября, 2023 - 10:00
ФокIадэм и 29, мэрем
Гум и дунейпсо махуэщ
Дэгухэм я дунейпсо махуэщ
Машинэ зыщIым и махуэщ
КъуэкIыпIэ Жыжьэм къаплъэным и махуэр щагъэлъапIэ
1806 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ, дзэ къулыкъущIэу щыта Къаз-Джэрий СулътIан.
1921 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Хьэбэчыр Умар.
Страницы
|