Махуэгъэпс

НОБЭ

ЩIышылэм и 12, махуэку

ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыпIэхэр

Дыкъэзыухъуреихь дунейм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ) зэрыщыIэр IэмалыфIщ щIыуэпсыр зэрыщытам хуэдэу къызэтегъэнэнымкIэ. 
ЦIыхуIэ зылъэмыIэса мэз дэгухэр хъумэнымкIэ федеральнэ IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ, 1997 гъэм ди къэралым япэу щагъэлъэпIащ Мэзкъуэдыхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ я махуэр. 

НОБЭ

ФIыщIэ щIыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и мэзгъэфIэнхэмрэ (заповедникхэмрэ) лъэпкъ паркхэмрэ я махуэщ

НОБЭ

ЩIышылэм и 10, гъубж
1915 гъэм къалъхуащ «Черкес плъыжь» (иджы «Черкес хэку») газетым и япэ редактор нэхъыщхьэу щыта Уэхъутэ Анзор.
1918 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, драматург, IуэрыIуатэдж, КъБР-м и цIыхубэ артист КъардэнгъущI Зырамыку.
1949 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шукай ФатIимэ.
Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

ЩIышылэм и 9, блыщхьэ

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 31, щэбэт

1917 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБАССР-мрэ РСФСР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Балъкъэр Борис.

1929 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр Хьэгъундокъуэ Нурбий.

 1935 гъэм къалъхуащ композитор, уэрэджыIакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэрэгъун Владимир.

ИлъэсыщIэм и теплъэр тхуэзыщIа художник

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэхэм ирихьэлIэу фэдгъэцIыхуну ди гуапэщ ИлъэсыщIэм и теплъэр тхуэзыщIа урыс художник Iэзэ Зарубин Владимир. Илъэс 30-м къриубыдэу абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ и сурэтхэр зытет ИлъэсыщIэ открыткэ, конверт миллиарди 1,5-м щIигъу.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 30, мэрем

♦1972 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ орденыр къыхуагъэфэщащ.

♦1931 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Чым Юрий.

♦1934 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, УФ-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я дохутыр Бер Мухьэдин.

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 29, махуэку

НОБЭ

Узыфэр зэран къахуохъу
Китайм иужьрей махуэхэм къигъэлъэгъуэжыркъым COVID-I9 узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэм я бжыгъэр.
«Bloomberg» агентствэм, КНР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и лъэпкъ комиссэм зэхуэщIауэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щыжаIахэр и тегъэщIапIэу, къегъэлъагъуэ дыгъэгъазэ мазэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ узыфэ зэрыцIалэм игъэсымаджэхэм я бжыгъэр мелуан 248-рэ хъууэ. Ар Китайм щыпсэу цIыхухэм я процент I8 мэхъу. Тхьэмахуэ кIуам и зы махуэ закъуэм коронавирус узыфэ зэрыцIалэр япкърыту цIыху мелуан 37-рэ къахутащ.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс