Абы дегъэпIейтей

И теплъэр - гуакIуэу, и кIуэцIыр - дзыхьщIыгъуэджэу

Германием и къалащхьэ Берлин мэжджыт зыфIэзыщыжа унэ гъэщIэгъуэн дэтщ. «Ибн Рушд – Гёте» цIэм уигу къигъэкIын хуейр ар къызэзыгъэпэщам къуэкIыпIэми къухьэпIэми я щэнхабзэр къабыл зэрищIырщ. ИтIани, муслъымэн дунейр къызэщIигъэхъеящ мэрем махуэхэм я зым ирихьэлIэу, абы и IуплъапIэм «адрейхэм емыщхь дуней тетыкIэ зиIэхэм» яIэт нып зэмыфэгъур къызэрыфIадзар.

Пэжым и гъэр Ассанж Джулиан

 Инджылызым и суд нэхъыщхьэм унафэ къищтащ илъэсипщI хъуауэ Лондон тутнакъыу щаIыгъ журналист Ассанж Джулиан США-м ирагъэшэжыну.

Егъэджэныгъэмрэ ар къызэрапщытэ Iэмалхэмрэ

 Зыми хужыIэнукъым гъэсэныгъэ Iэмалхэу ткIиягъымрэ щабагъымрэ я пщалъэр зыхуэдизыр. Псори зэлъытар сабийм и хьэлырщ. Зыр щхьэзыфIэфIщи, уи нэщхъыр хузэхыумыукIэу хъуркъым. Адрейм «тху» къыхуэмыхьмэ, адэ-анэм фIыуэ къамылъагъужыну къыщохъури, хуагъэувар къыпфIэмыIуэху хуэдэу зыкъебгъэлъагъун хуейщ. 
 «Пхуэмытмэ, укъыдэмыхьэж!», «Си напэр тепхауэ бжы!», «Нэхъ мащIэ къэпхьауэ зызумыгъэлъагъу!» Апхуэдэ «лъагъуныгъэм» щIапIыкIа сабийхэрщ иужькIэ я адэ-анэхэм япэувыжхэри, егъэджакIуэхэм ефыщIауэхэри, мыхъумыщIагъэ нэхъ икIэхэм тегушхуэхэри. 

Уэрэ сэрэ

 Узбекистаным къыщыхъуа нысашэ хъыбарым дунейр къызэхикIухьри, Кавказми къэсащ. ЩIали хъыджэбзи, жьыи щIэи я нэгу щIэкIам я щхьэфэцыр игъэтэджащ жыпIэныр мащIэщ, апхуэдизкIэ къигъэгубжьащи. 

Къуалэбзум къахохъуэж

Урысейм и щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, Къэбэрдей - Балъкъэрым щыбагъуэу хуежьащ дыкъэзыухъуреихь дунейм мащIэу фIэкIа узыщримыхьэлIэж къуршыбгъэхэр.

Акъылыншэм и Iуэхур щхьэхуэщ

Муслъымэнхэр зылъагъу мыхъу цIыху зэрыщыIэр гурыIуэгъуэщ, ауэ НэщI мазэм утыкум укъихьэу, дуней псор къыпщIэплъу КъурIэн бгъэсын папщIэ, е акъылкIэ усымаджэу, е укъызэкъуэгушхукI щыIэу щытын хуейщ.

Дызэрыпсалъэр адыгэбзэу пIэрэ?

Бзэм и псэр хэкIын щыщIидзэр

Дигу къэдгъэкIыжынщ анэдэлъхубзэм кIуэдын зэрыщIидзэ щIыкIэр. Япэр сабий IыгъыпIэхэм, пэщIэдзэ курыт еджапIэхэм анэдэлъхубзэр щрамыгъащIэмэщ.

ЩIэныгъэлIхэр йолэжь

Дунеймрэ щIыуэпсымрэ пластикэ пкъыгъуэхэм къахуихь зэраныгъэм нобэ дэтхэнэ зыри щыгъуазэщ. АрщхьэкIэ, зы къэралыгъуэми ар къыщIагъэкIыныр щызэпыуркъым, къыкIэлъыкIуэнкIэ хъуну псор щIыми псыми нэрылъагъу къыпщащI пэтми.

Дауэ гъащIэр къызэрыунэхуар?

Мы хьэршыр зи инагъ сыт хуэдиз щэху хэлъ, цIыхур акъылкIэ нэмысауэ, щIэныгъэр лъэщIэмыхьауэ, нэм имылъагъуу!

Нэщхъеягъуэр дагуэш

Къэбэрдей-Балъкъэрым иужь­рей гъуэгуанэм щы­трагъэхьащ Донецк, Луганск республикэхэм щы­псэухэр яхъумэн папщIэ зэхаубла спецоперацэм хэту я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда зауэлIхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей