Абы дегъэпIейтей

Зи ныбжьыр пенсэ кIуэгъуэм нэблагъэхэм папщIэ льготэхэмрэ шэсыпIэхэмрэ

Пенсэм цIыхур щыкIуэ ныбжьыр нэхъыбэ зэращIам зэуэ зы махуэм хуэкIуэнукъым. 2019 гъэм щегъэжьауэ абы илъэс къэс зэман пыухыкIа щIагъуурэ екIуэкIынущ икIи а зэманым апхуэдэ цIыхухэм папщIэ нэхъ япэкIэ ягъэувауэ щыта льготэхэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэм пыщIа Iуэхухэмрэ хъума хъунущ. Апхуэдэхэм ящыщщ зыхуэфащэхэм хущхъуэхэр пщIэншэу етыныр, гъуэгупщIэхэм я лъэныкъуэкIэ яхудэчыхыныр, мылъкум, щIым ятехуэ налогхэр ящхьэщыхыныр, фэтэрхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжын папщIэ къыIах взносхэм, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэм кIэрыгъэхуныр.

ФщIэн папщIэ

Пенсэм зэрыкIуэну щIыкIэм теухуауэ иджыри зэ

ЩIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ Урысейм къару щигъуэтащ ди цIыхухэр пенсэм зэрыкIуэну щIыкIэр зыгъэбелджылы хабзэм. Сыт абы теухуауэ тщIапхъэр?
Япэрауэ, икIи ар нэхъыщхьэщ, мащIэ-мащIэурэ хохъуэ цIыхухэр пенсэм щыкIуэфыну ныбжьыр. Ар гъэ къэс илъэс ныкъуэкIэ нэхъыбэ хъууэрэ, 2028 гъэм щыщIэдзауэ цIыхубзхэр илъэс 60-м, цIыхухъухэр илъэс 65-м пенсэм кIуэнущ. Абы тещIыхьауэ къапщтэмэ, мы гъэм пенсэ ирату щIадзэнущ зи ныбжьыр илъэс 55,5-рэ, 60,5-рэ ирикъу цIыхубзхэмрэ цIыхухъухэмрэ (зэрызэкIэлъыкIуэу).

Лышхыр дуней псор зыпэщIэт узыфэщ

Языныкъуэхэм жаIэ лышх узыфэ шынагъуэр цIыхум и зыужьыныгъэм къыдэунэхуауэ, цIыхур щIыуэпсым пэжыжьэ зэрыхъуам, ерыскъы тэмэм зэримышхым, хьэуар зэрымыкъабзэм къыхэкIауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Урысейм и адрей щIыналъэхэми хуэдэу, щыхэхъуащ лышх узыфэр зыпкърытхэм я бжыгъэм. Ди щIыналъэм щыпсэу цIыху 2543-м 2017 гъэм къалъыкъуэкIащ лышхыр (2016 гъэм - 2398-м).

Сыт лышхыр зищIысыр?

Гъуэзэджэрэ шэрыуэу

«Абхъаз-адыгэбзэхэм я гуащIэр, я дахагъэр хыболъагъуэ я бзэм хэлъ зы гъэщIэгъуэнагъым: гупсысэр кърипIуэтэну гъуэ­зэ­джэу, урипсэлъэну шэрыуэу, уригушыIэну гухэхъуэу, хъуэхъу ири­п­Iэтыну хуэдэ зэрыщымыIэмкIэ», - апхуэдэ псалъэ дахэхэр, Iущхэр ди анэдэлъхубзэм хужиIащ Аб­хъазым и цIыхубэ усакIуэ, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тха­кIуэ Шинкубэ Бэгърат. Пэжу, щIэныгъэлI цIэрыIуэ куэдым ­къа­лъытэ ди бзэр дуней псом щынэхъ пасэрей дыдэхэм, гъэ­щIэгъуэныщэхэм, купщIафIэхэм ящыщу, ар Азие Ипщэм щыIауэ кIуэ­дыжа бзэхэм я щэхухэр къэ­хутэнымкIэ «IункIыбзэIух» хъуфыну.

Президенту Российской Федерации В. В. ПУТИНУ

Уважаемый Владимир Владимирович!
С 2012 г. в Российскую Федерацию, в частности, в  Кабардино-Балкарскую Республику,  прибывают наши соотечественники из зон военных действий в Сирийской Арабской Республике. В последнее время в условиях начала стабилизации ситуации в Сирии поток соотечественников в Россию значительно уменьшился.

Битокъу Владимир и «Псышхуэхэр» фильмым теухуауэ аргуэру зэ

Сочи къалэм мэкъуауэгъуэм щекIуэкIа 29-нэ «Кинотавр» Урысей кинофестивалым «Дебют нэхъыфI дыдэр» унэтIыныгъэм саугъэт нэхъыщхьэр щыхуагъэфэщащ Горчилин Александр и «Кислота» фильмымрэ Битокъу Владимир и «Псышхуэхэр» («Глубокие реки») жыхуиIэмрэ. АдыгэбзэкIэ траха теплъэгъуэр Налшык кинотеатрхэм жэпуэгъуэм къыщагъэлъэгъуащ.

Дымыгъэунэхуа ехъулIэныгъэ

Коррупцэм пэщIэтыным теухуа псалъэмакъ

Коррупцэм пэщIэтынымкIэ дунейпсо махуэм теухуа семинар иджыблагъэ щекIуэкIащ Бахъсэн районым и щIыналъэ администрацэм. Абы кърагъэблэгъат Бахъсэн районым и администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, Бахъсэн районым и прокурор Бэшорэ Аслъэн, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым конституцэ, административнэ правэмкIэ и кафедрэм и доцент Исхьэкъ  Аслъэн, район администрацэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэджэныгъэмкIэ, спортымкIэ, щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ советхэм я депутатхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей