Абы дегъэпIейтей

ДэIэпыкъуныгъэ ират

ДНР-мрэ ЛНР-мрэ къикIыу Дон Iуфэ Iус Ростов къэкIуахэм Къэбэрдей-Балъкъэрым иджы етIуа­нэу защIегъакъуэ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек и унафэкIэ ягъэхьэзыращ ахэр нэхъ зы­хуеину хъункIэ хьэпшып, ерыскъы тонн 20.

Уи унэ зыщыгъаси хасэм кIуэ

 Кавказым щыщхэм ятеухуауэ хъыбар мыщхьэпэ къыщыIум деж, зи гугъу ящIыр уи мылъэпкъэгъуми, зыгуэркIэ къуаншэу зыкъыболъытэж.
 ЩIышылэм и I5-м хъыбар къэIуащ Мэзкуу щыIэу автобусым дэс шофёрри абы къришэкI цIыхухэри зыгъэпуда дагъыстэн щIалэм и хъыбар. Зыхуейм деж щрамыгъэкIа, илъэс 29-рэ ныбжьым ит Болатукаев Шухьэиб гублащхьэдэсми цIыхухэми ящыхьа къудейкъым, «аращ урысхэм фхуэфащэр» псалъэхэмкIэ къригъажьэри, автобусым исхэм яхуэмыфащэ куэд захригъэхащ.

Чэфу рулым дэтIысхьэныр шынагъуэщ

Урысей МВД-м Шэджэм районым щиIэ къудамэм, ОГИБДД-м и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэщри, КъБР-м щыIэ Урысей ФСИН-м Управленэм и район IэнатIэм и лэжьакIуэхэр ящIыгъу яхуэзащ УФ-м и УК-м и 264.I статьям ипкъ иткIэ суд зытрщIыхьа шоферхэм.
- Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэр щытеухуэжар хабзэм тетын, чэфу рулым удэтIысхьэ зэрымыхъуныр къагурыгъэIуэнымрэ нэхъ Iейм щыхъумэнымрэщ, - къыхигъэщащ Урысей МВД-м Шэджэм районымкIэ и къудамэм и ОГИБДД-м и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ полицэм и капитан Тхьэмокъуэ Валерий.

Урысей гражданствэр къеIыпхыну нэхъ тынш мэхъу

 «Урысейм хуэдэ щIыналъэшхуэм дежкIэ цIыху мелуани 146-р мащIэ дыдэу мащIэщ», - щыжиIащ УФ-м и Президент Путин Владимир дыгъэгъазэм и 23-м екIуэкIа и пресс-конференцым. 

ЩIэныгъэр республикэм и экономикэм зэрыхуэлажьэр

Ди жагъуэ зэрыхъущи, урысей щIэныгъэм иужьрей илъэсхэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм ар экономикэм куэдкIэ пэIэщIэ ищIащ, ар щынэрылъагъущ ди республикэми. Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм щIэныгъэр и тегъэщIапIэу пхужыIэнукъым.

Интернетымрэ афиянымрэ

Австрием щыщ дохутыр цIэрыIуэ Яцди Курош къелъытэ Интернетыр афияным хуэбгъадэ хъуну.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терроризмэм ебэныным щызэкъуэувэным и махуэмкIэ цIыхухэм зэрызахуигъазэ

Урысей махуэгъэпсымкIэ фокIадэм и 3-р Терроризмэм ебэныным щызэкъуэувэным теухуа махуэщ. Ар къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ 2004 гъэм фокIадэ мазэм и япэ махуэхэм Беслъэн къалэм къыщыхъуа гукъутэ Iуэху­гъуэ­хэм. Абы щыгъуэм терактым цIыху 300-м щIигъу хэ­кIуэ­дауэ щытащ, я нэхъыбэр сабийуэ. А къэхъукъащIэ шы­нагъуэм къигъэлъэгъуащ абы и къызэгъэпэща­кIуэхэмрэ и гъэзэщIакIуэхэмрэ я нэ­мыукIытэншагъэм, гу­щIэгъун­шагъэм, бзаджагъэм, гъэпцIагъэм гъунэ зэримыIэр.

«КъызыхэкIыр къахуэмыщIэ»

Махуи 100-м щIигъуащ «къызыхэкIыр къахуэмыщIэ пневмониер» (COVID-19-р) Китайм къызэрыщыхъейрэ. Абы лъандэрэ вирус гущIэгъуншэм дуней псор зэщIицIэлащ. ПIалъэ кIэщIым ­къриубыдэу коронавирусым зэхъуэ­кIыныгъэ куэд къыщихьащ дуней псом. НобэкIэ COVID-19-р къызэуэлIа сымаджэхэм я бжыгъэр мелуанитIым нэблэгъащ, цIыху мини 120-м щIигъу илIы­кIащ.

КАВКАЗ ЗАУЭР «ШЫПСЭ ДАХАЩЭКЪЫМ» КАФФЕД-м Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей ирита жэуап

 

Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей «Спутник» агентствэм 2020 гъэм мазаем и 13-м ирита интервьюм щыжиIахэмкIэ адыгэхэм я тхыдэр пхэнжу къигъэлъагъуэри лъэпкъри игъэпудащ.

Тыркум щыIэ УФ-м и лIыкIуэ Ерхов Алексей адыгэхэм зэрытепсэлъыхьар

Мазаем и 13-м Абхъаз Республикэм и «Спутник» агентствэм Тырку Республикэм щыIэ УФ-м и лIыкIуэ Ерхов Алексей Урысеймрэ Тыркумрэ зэрызэбгъэдэт щIыкIэм тепсэлъыхь пэтрэ, адыгэхэм ятеухуауэ псалъэ зыбжанэ жиIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей