Календарь событий

18 марта 2024

IэIэтым – унагъуэкIэрэ

Къэралым и щIыпIэ псоми хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iуащхьэмахуэ районми хэхыныгъэм къыхузэрагъэпэща екIуэлIапIэхэр къыщызэIуахат. Ахэр 21-рэ хъурт.
КIэлъыплъакIуэхэм гу зэрылъатамкIэ, абыхэм псом нэхъапэу Iэ щызыIэтар районым щыпсэу нэхъыжьыфIхэмрэ жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэт щIалэгъуалэмрэщ. 

Гъатхэмрэ мурад дахэхэмрэ

Нэхъыжьхэм ящIэ: цIыхухэм сыт щыгъуи хэхыныгъэхэм щIэ гуэрхэр, зыщIэхъуэпсхэр ирахьэлIэ. Ахэр сыт хуэдэ зэманым екIуэкIми. Иджырей IэIэтыр гъатхэм, дунейм и къэщIэрэщIэжыгъуэм ирихьэлIащ. Ар гугъапIэфIхэр къызэрыдэхъулIэнум и нэщэнэуи къыщIэкIыну дыхуейщ.

Къанкъылыш и къуэ Сэнджэлей

Къэбэрдейм и тхыдэр къэзыIуэтэж уэрэдхэм ящыщщ Сэнджэлей и уэрэдыр. Ар Сэнджэлей и щхьэ закъуэм траусыхьа пэтми, Къэбэрдейм и тхыдэр зыгъэпсу, лIы бланэу, хэкум батэр щызыгъэшу иса лIыхъужьхэм ящыщщ.

Псысэм хуэдэ щIыналъэ

Тэрч Iуащхьэхэм удэкIа нэужь, Къаншыуей жылэр къиухъуреихьу таурыхъ щIыпIэ щыIэ хуэдэу жаIэрт къуажэдэс щIалэ нэхъ балигъхэм. КъапыкIэм я инагъкIи IэфIагъкIи къапэхъун нэгъуэщI зы щIыпIи ущримыхьэлIэну, щыкуэдт абы тутей хадэ хьэлэмэтхэр…

Дыщэ медалу плIы

Мейкъуапэ къалэм и «Уэщтын» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм дзюдомкIэ я чемпион Галстян Арсен и саугъэтхэр къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 12-м я бэнакIуэ 200-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18 хъууэ, гупибгъуу гуэшауэ щытащ. 

Лэскэн ЕтIуанэм сом мелуаным нэблагъэ хуаутIыпщынущ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ республикэм и районхэм я Iэтащхьэхэр тхьэмахуэм зэ къыздрагъэблагъэ зэIущIэр.
 Абы къыщащтащ КъБР-м и Правительствэмрэ «Роскадастр» федеральнэ IэнатIэмрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа унафэр. КъБР-м ЗыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр «Земля для туризма» Iуэхум хэтын папщIэ дэфтэрыр зэрагъэхьэзырар. 

Жьэжьей лышхым фыхуэсакъ

Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм къраIуэ жьэжьей лышхыр къызэрыпцIыхуну щытыкIэхэр. 
Гъатхэпэм и 15-р жьэжьейхэм я дунейпсо махуэщ. Iэпкълъэпкъым пкъырылъкъым зыгуэрым хуэмылажьэ, мыхьэнэшхуэ зимыIэ пкъыгъуэ, ауэ жьэжьейхэм я къалэнхэр ямыгъэзащIэу щытатэмэ, цIыхум и лъыр фIей хъунурэ, абы илIыкIынут. Жьэжьейхэм ягъэкъабзэ Iэпкълъэпкъым мыхъумыщIагъэу, лейуэ нэсыр, цIыхум зэран хуэхъуну къалъытэр. 

ШхапIэхэм я хэхъуэр

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и шхапIэхэм псоми зэхэту фейдэуэ кърагъэщIам и куэдагъымкIэ къэралым и щIыналъэ нэхъыфIипщIым яхыхьащ. Дызэрыт илъэсым къриубыдэу абыхэм хэхъуэу яIэр сом мелуан 945,1-рэ хъуащ, е проценти 135,4-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм елъытауэ. Апхуэдэ хъыбархэр иджыблагъэ зэбгригъэхащ Урысейм СтатистикэмкIэ и къэрал управленэм.

Къэбэрдей-Балъкъэрым зыхуейр къыхихащ

Махуищым къриубыдэу къэралым щекIуэкIа хэхыныгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрми и чэзум щызэхуащIыжри, комиссэм бжэн щIидзащ. 
КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм гъатхэпэм и 17-м, сыхьэт 18-рэ дакъикъэ 11-м къызэритамкIэ, а зэманым ирихьэлIэу республикэм Iэ зыIэтын хуейуэ исым и процент 92,57-р хэхыпIэхэм екIуэлIат. 

Лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр

Щхьэпэ

НОБЭ

Гъатхэпэм и 18, блыщхьэ

1913 гъэм Налшык къыщызэIуахащ округым и лъэпкъхэм я I съездыр.
1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и 4-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр зыхуагъэфэща Хъупсырокъуэ Хъызыр.
1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ.