IэIэтым – унагъуэкIэрэ

Къэралым и щIыпIэ псоми хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iуащхьэмахуэ районми хэхыныгъэм къыхузэрагъэпэща екIуэлIапIэхэр къыщызэIуахат. Ахэр 21-рэ хъурт.
КIэлъыплъакIуэхэм гу зэрылъатамкIэ, абыхэм псом нэхъапэу Iэ щызыIэтар районым щыпсэу нэхъыжьыфIхэмрэ жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэт щIалэгъуалэмрэщ. 
Республикэм и хэхыпIэхэм ящыщу бгыщхьэхэмкIэ я нэхъ лъагэ дыдэр къыщызэIуахар Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм дэс Терскол къуажэ цIыкIур арат. Хэхыныгъэхэм щыщIадза япэ сыхьэтищым къриубыдэу, абдежым Iэ щаIэтащ хэхакIуэ цIыху миным щыщу щитIым нэблагъэм. ИужькIэ Iэ зыIэтахэм яхэтащ, районым щыпсэухэм нэмыщI, Iуащхьэмахуэ лъапэ щылажьэ къегъэлакIуэхэри, къулыкъу щезыхьэкI гъунапкъэхъумэхэри, а щIыпIэм зыщызыгъэпсэхухэри. ЕкIуэлIапIэ псори пщэдджыжьым сыхьэти 8-м къыщыщIэдзауэ сыхьэт 20-м нэсыху лэжьащ. 
Бэдыдж (Бедык) къуажэм дэт сабий гъэсапIэм къыщызэрагъэпэща хэхыпIэ №340-м Iэ щаIэтащ Ахъмэтхэ (Ахматовхэ) я унагъуэми. Эльдаррэ Анжелэрэ зэрызэдэпсэурэ илъэс 30-м щIигъуащ. КъызыхэкIа лъэпкъкIэ, лIыр - балъкъэрщ, фызыр – адыгэщ. А тIум быни 10 зэдагъуэтащ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Анжелэ къыхуагъэфэщауэ щытащ «Анэ лIыхъужь» цIэ лъапIэр. Зэщхьэгъусэхэм зэрыжаIэмкIэ, къуэрэ пхъууи абыхэм къащIэхъуэжауи яIэр хэкупсэу икIи къэралышхуэр фIыуэ ялъагъун зэрыхуейм къыхураджэущ зэрагъасэр.
А хэхыпIэ дыдэм Iэ щызэдаIэтащ Гаевхэ я унагъуэм ис балигъхэми. Махътирэ Зухърарэ зэрызэдэпсэурэ илъэс 50 зэрырикъуар иджыблагъэ зэдагъэлъэпIащ. А тIум къуищ зэдапIащи, абыхэм къащIэхъуажа бын цIыкIуиплIми я нэIэ трагъэтщ. ЗэрыжаIэмкIи, Урысей Федерацэм и Президентыр къыщыхахым Гаевхэ зэщхьэгъуситIыр зэгупсысар къащIэхъуэ щIэблэм гъащIэ насыпыфIэ дяпэкIи зэраIэнырщ. 
Тырныауз къалэм къыщызэрагъэпэща хэхыпIэ №346-м къекIуэлIат КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Къумахуэ Людмилэ Азрэт ипхъури. Iуэхугъуэ щхьэпэр а бзылъхугъэр къыщалъхуа махуэм зэрырихьэлIар къыщащIэм, абы ехъуэхъуну хэхыпIэм къэкIуащ Iуащхьэмахуэ районым и щIыпIэ самоуправленэм и тхьэмадэ Джаппуев Русланрэ республикэм и Жылагъуэ палатэм и Iуащхьэмахуэ щIыналъэ къудамэм и унафэщI Селяев Азрэталийрэ.  

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: