|
Календарь событий
07 марта 2024
7 марта, 2024 - 23:17
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубз лъапIэхэ!
Сынывохъуэхъу къэблэгъа махуэшхуэмкIэ - ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэмкIэ!
А махуэщIыр гъэнщIащ бзылъхугъэхэм яхуэгъэза псалъэ нэхъ гуапэхэмкIэ, нэхухэмкIэ, гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIхэмкIэ. ИгъащIэ лъандэрэ къызэрекIуэкIыр аращи, цIыхубзхэращ унагъуэ жьэгум, абы дэлъ фIыгъуэхэм, хабзэм я хъумакIуэу щытыр, унагъуэм и зэIузэпэщыгъэр ирагъэфIакIуэу, гупагъэрэ хуабагъэрэ къабгъэдэкIыу. Бзылъхугъэм и гулъытэм хуэныкъуэу цIыхур мэпсэу, дунейм къыщытехьа дакъикъэм къыщыщIэдзауэ.
7 марта, 2024 - 17:30
Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм щыпсэухэм я унэхэм псы къабзэ зэрекIуалIэ, километри 3,2-рэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр мы махуэхэм зэрахъуэкI, иджырей мардэм кърагъэтIасэ.
7 марта, 2024 - 17:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм псоми зэхэту кIэртIофу къыщрахьэлIэжам и процент 50-р Дзэлыкъуэ щIыналъэм къылъос: нэгъабэ, зэкIэ къызэрабжамкIэ, тонн мин 77-рэ абы къыщатIыжащ.
7 марта, 2024 - 16:55
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу Налшык къалэм и уэрамхэр зэпэщ щIыным ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм мы гъэми пащэнущ. Иджы абы хиубыдэнущ къалащхьэм и уэрамибл. Абыхэм тетщ къалэдэсхэм я дежкIэ социальнэ мыхьэнэ зезыхьэ IуэхущIапIэхэр - курыт еджапIэхэр, сабий садхэр, сымаджэщхэр, поликлиникэхэр, щэнхабзэм пыщIа IуэхущIапIэхэмрэ спорт ухуэныгъэхэмрэ, нэгъуэщIхэри.
7 марта, 2024 - 16:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэщ гъэхъун IэнатIэм зыщиужь зэпытщ. Псом хуэмыдэу нэхъыбэ хъуащ жэм къашу ягъэхъур - иужьрей илъэситхум шэуэ къашым процент 17-кIэ щыхэхъуащ ди деж. КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шэт МэчрэIил ар иджыблагъэ щыжиIащ республикэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIа зэIущIэм.
7 марта, 2024 - 15:00
«Уафэ къабзэ» программэм ипкъ иткIэ Налшык къалэм щызэфIагъэкIащ Владикавказ къалэм хуэкIуэ дэкIыпIэм хыхьэ, метр 1200-рэ зи кIыхьагъ гъуэгу гъунэм Iут пкъохэм иджырей уэздыгъэхэр фIэдзэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр.
7 марта, 2024 - 14:00
IуэрыIуатэм къихьэсарэ ди бзэм лъэ быдэкIэ къыхэнауэ къыдогъэсэбэп псалъэ куэд. Абыхэм къарыкI дыдэр нэсу къыдгурымыIуэжми, лъым хэту къыддогъуэгурыкIуэ. ЩIэныгъэлIхэм зэпкъраха псалъэ зыбжанэм дрикIуэнщи, зыщыдгъэгъуэзэнщ абыхэм я мыхьэнэ дыдэм.
7 марта, 2024 - 13:00
Кавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, уней IуэхущIэхэм, фермерхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм псоми зэхэту пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу нэгъабэ кърахьэлIэжащ тонн мин 785,9-рэ икIи ар процент 19,5-кIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм елъытауэ.
7 марта, 2024 - 12:00
Сокъур Мусэрбий тхакIуэ куэдым я къалэмыпэм къыщIэкIахэм теухуа тхыгъэ куэд итхащ. Пэжыр щIэзымыуфэу, ар нахуэу утыкум къизыхьэф цIыхут, абы къыхэкIыуи, тхакIуэхэм абы и критикэ тхыгъэр ягу дыхьэрт, мыхъуар, игу иримыхьыр къыщигъэлъагъуэми, зи зэфIэкIыр здынэсыр ящIэ Сокъурым и еплъыкIэм пщIэ хуащIырт. Абы и къалэмыр зыхуигъэбзахэм ящыщщ Къэжэр Хьэмиди.
7 марта, 2024 - 11:00
Отаров Керим Кавказ Ищхъэрэм и усакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ хэкум ирагъэкIа балъкъэрхэм, шэшэнхэм, къэрэшейхэм, ингушхэм, къалмыкъхэм ятеухуа тхыгъэ гъуэзэджэхэр.
7 марта, 2024 - 10:00
Сэ Налшык сыщопсэу, фэтэр хьэху сыщIэсщ. СыкъыздэIэпхъуа хьэблэм щыщхэм я нэхъыбэр нэгъуэщI лъэпкъщ. Адыгэ унагъуитI яхэтми аращ фэтэр тIощIым. Абы къыхэкIыу, зыкъомрэ жьэрымэ згуэшакъым, къазэрыщыхъунур сщIэртэкъыми. ИтIани, узэрыцIыкIурэ узэсам щыужыгъуафIэкъым. НэгъуэщI мыхъуми, зэзгъэцIыхунщ гъунэгъухэр жызоIэри, пщэдей хуэдэм нэщI дихьэу, жьэрымэ згуэшыну сожьэ нэгъабэ.
7 марта, 2024 - 09:30
Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэр гъэлъэпIэныр Урысейм къызэрыщыхалъхьэрэ илъэси 100-м щIигъуащ. Гъатхэпэм и 8-р ди къэралми дунейм и нэгъуэщI щIыпIэхэми щаIэт, цIыхубэм я гум, я псэм къехуэбылIэ махуэшхуэ дахэщ. Дунейм и щIэрэщIэгъуэр, гъащIэм и IэфIыпIэр псоми захригъащIэрэ цIыхубзхэр дапщэщи гулъытэ хэха зэрыхуэныкъуэмрэ ар зэрыхуэщIыпхъэмрэ куэдым ягу къигъэкIыжу апхуэдэщ а махуэр.
7 марта, 2024 - 09:00
Гъатхэпэм и 7, махуэку
♦Театрым зэрыщIыхьэ билетхэр зыщэ кассирым и махуэщ
♦1960 гъэм Куба щыщ жэмыш Пащты Салимэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
♦1919 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Жанэ Къырымызэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 4, жэщым градуси 2 щыхъунущ.
|