Щхьэж и псапэм хуитыжщ

Сэ Налшык сыщопсэу, фэтэр хьэху сыщIэсщ. СыкъыздэIэпхъуа хьэблэм щыщхэм я нэхъыбэр нэгъуэщI лъэпкъщ. Адыгэ унагъуитI яхэтми аращ фэтэр тIощIым. Абы къыхэкIыу, зыкъомрэ жьэрымэ згуэшакъым, къазэрыщыхъунур сщIэртэкъыми. ИтIани, узэрыцIыкIурэ узэсам щыужыгъуафIэкъым. НэгъуэщI мыхъуми, зэзгъэцIыхунщ гъунэгъухэр жызоIэри, пщэдей хуэдэм нэщI дихьэу, жьэрымэ згуэшыну сожьэ нэгъабэ.

НэхъыжьыIуэу ди хьэблэм дэс нанэр урыст, баш иIыгъыу фIэкIа земыкIуэжыфу. Лэкъумрэ кIэнфетрэ зэрылъ тепщэчыр щыхуэсшийм, мащIэу нэхъ хэгъэреи дызэхуэхъуауэ, нанэр къызоупщI: «КъурIэн уиIэ?». «НтIэ». «Урысыбзэ хьэмэ хьэрыпыбзэ зэрытхар?». «УрысыбзэкIи хьэрыпыбзэкIи сиIэщ». «КхъыIэ урысыбзэр къызэти сегъаджэ».

КъыкIэлъыкIуэ гушыгъуэм гъунэгъу зыбжанэ щIэмысу къыщIэкIати, си лэкъумхэр щIэсхьэжрэ пэт, квитанцхэр зыгуэш цIыхубз гуэрым сыхуэзащ, бжэхэм тхылъымпIэ дилъхьэурэ ирикIуэу. «Зыхуэсхьахэр щIэмысу къыщIэкIащ. Жьэрымэ сIыпхын?» - жызоIэ зэи сымылъэгъуа гъуэгурыкIуэм. Ари урыс цIыхубзт, сыщымыуэмэ. «Нобэрей махуэм зы дзэкъэгъуэ сIухуакъым. Ауэ сытми къыпIысхын!» - жиIэри, гуфIэжу сIихащ си жьэрымэм щыщ.

НэщIикIыж хьидри къос. Иужьрей лэкъум-кIэнфетхэр сIыгъыу си КъурIэныр зыIыгъ нанэм деж сокIуэ. Мо хуиту къэзымыкIухьыжыфым сыщIешэри сегъэтIыс. «Фи махуэшхуэмкIэ сынохъуэхъу», - жеIэри, хьэкъущыкъу гъэщIэрэщIа гуэр зэрыт къутышхуэ къысхуеший.

Ауэрэ Къурмэнри къоблагъэ. «Ар сыт зищIысыр? Дауэ ар зэрывгъэлъапIэр?» - жеIэри къыспкъроупщIыхь. ИужькIэ Къурмэн махуэм къокIуэри къытоуIуэ. И пакетым удз гъэгъа Iэрамэ кърехри, Iэнэм къысхутрегъэувэ. «Мыр фи махуэшхуэм щхьэкIэ узот».

Дауи, мы хъыбархэм нэхъыщхьэу къыхэщыр зи гугъу сщIы цIыхухэр зэрыпсэ хьэлэлхэрщ. ИтIани, а гупагъэр я гум къызэриутIыпщам щхьэусыгъуэ хуэхъуар нэщI мазэмрэ абы и хьэтыркIэ зэIэпытха ерыскъымрэщ.

Иужьрей илъэс зыбжанэм жьэрымэм теухуауэ зэдауэ куэд къоIу. Зыгуэшхэм загъэадыгэ, зымыгуэшхэм загъэмуслъымэн. Аргуэрыжьщи, нэхъ быдэу дызэрыубыдыным и пIэкIэ, лъэпкъыр жьэрымэ зыгуэш-зымыгуэшу дызэхокI. А Iуэхум сэ сызэреплъри? Ислъам диным тету Алыхьталэм бгъэдэтыр адыгэхэм я закъуэкъым. Фарзым теухуауэ псори дызэхуэдэу щытми, псапэ лэжьыгъэхэр къапщтэмэ, абы уэ пхуэдэ цIыхур зыщыгуфIыкI псори хиубыдэркъэ? Ди жьэрымэри, тобэ ирехъуи, диным къищта пасэрей псапэ лэжьыгъэу арагъэнщ, зэманым лъэпкъ хьэл тхуищIауэ. Уи узбеки, уи тыркумэни, уи балъкъэри, уи шэшэни апхуэдэ щхьэхуагъ гуэр ислъамым зэрыхалъхьам шэч хэлъкъым. Зызэман жьэрымэ гъэуныр, нэхъыжьхэм зэрыжаIэм хуэдэу, дагъэм и мэм епхауэ щытами, куэд щIащ абы ислъам дуней тетыкIэр зэрызыщIифрэ. Уеблэмэ нэщIихьэм, хьидым, мэрем пщыхьэщхьэхэм хьэблэм лэкъум тепщэчышхуэ яIыгъыу яхэмыхьэмэ, я муслъымэныгъэм епцIыжауэ къызыщыхъур нэхъыбэщ. Си гугъэмкIэ, жьэрымэ гъэуныр диным къигъэув фарзу щымыту аркъудейщ, умыгъэукIэ гуэныхь къыптемыхуэу. ИтIани, мэжалIэр бгъэшхэныр, гъунэгъухэмрэ благъэхэмрэ фIыуэ уахущытыныр зымыгъэдахэ щэнхабзэ гъуэтыгъуейщ, диныр къэгъэнауи. Сыт ягъэ кIырэ ар адыгэ муслъымэныкIэм и Iыхьэу къанэмэ?!

Нэмэз зыщIым, КъурIэн еджэм, сытми, дин хуэIухуэщIэхэм хэзыщIыкIым и тхьэ хуэпщылIыкIэр нэхъ нэгъэсащ, шэч хэмылъу. Ауэ диным зыри жэрыжэкIэ хуэкIуэркъым, и къалэнхэм бгъэдэувэнуи псынщIэу тегушхуэркъым. Ауэ щыхъукIэ, а жьэрымэ зыгуэшми ар езыгъащIэр и гум и къабзапIэрщ, зэрымуслъымэнырщ. Нэмэз зыщIи зымыщIи зэгъусэу а мазэм нэщIын къалэным зэрыбгъэдэувэр Алыхьталэм и фIыгъуэщ, и тыгъэщ. МуслъымэныфIым цIыхум хузэфIэкI мащIэр Iэпиудыркъым. НэхъыфIыж зэрыщыIэм иригъэхъуапсэу аращ, уэ сэ укъыслъэщIыхьэркъым жиIэу игу зримыгъэбгъэжу. ЦIыхум и пщIэр нэрылъагъуу ебудыхыныр куэдкIэ нэхъ джаурыгъэу къыщIэкIынкIи мэхъу, жьэрымэ бгъэуным е умыгъэуным нэхърэ.

Зэрыфлъагъущи, жьэрымэр диным къигъэувыркъыми бгуэш хъунукъым жыпIэу ущIэдэуэни, ар ди хабзэщи, абы ебакъуэр адыгэкъым жыпIэу ущIэныкъуэкъуэни щыIэкъым. Щхьэж и псапэм хуитыжщ. Алыхьталэр ди нэмэзым къелъэпауэу, абы и жьэрымэр Iихынуми тщIэркъым. Апхуэдэ Iуэху жьгъейхэм папщIэ дызэвмыгъэдауэ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: