Адыгэ IуэрыIуатэм и лъэужь

IуэрыIуатэм къихьэсарэ ди бзэм лъэ быдэкIэ къыхэнауэ къыдогъэсэбэп псалъэ куэд. Абыхэм къарыкI дыдэр нэсу къыдгурымыIуэжми, лъым хэту къыддогъуэгурыкIуэ. ЩIэныгъэлIхэм зэпкъраха псалъэ зыбжанэм дрикIуэнщи, зыщыдгъэгъуэзэнщ абыхэм я мыхьэнэ дыдэм.

Абрэмывэ –мывэ лIэужьыгъуэ, къызэрымыкIуэу ину. IуэрыIуатэм, псысэхэм, хъыбарыжьхэм къахощыж лIыхъужьым и къарур къралъытэу. ДжэгукIэ лIэужьыгъуэхэми хэту къокIуэ, лIыхъужьыр абрэмывэм натIэкIэ, лъакъуэкIэ еуэурэ, бгым дрихуейуэ. Дэбэч и сыджыр абрэмывэщ, щэху гуэр щахъумэ щIыунэ, бгъуэнщIагъ ихьэпIэхэр абрэмывэкIэ гъэбыдащ.

Псалъэм папщIэ, Деринкую къалэр Тыркум и Каппадокие бгъуэнщIагъхэм я лъабжьэ къыщIэлъщ. Къалэр 1963 гъэм къагъуэтащ икIи а щIыналъэм хьэтхэр щетIысэха лъэхъэнэм (ди эрэм ипэкIэ 3000 - 2000 гъэхэм) яухуауэ хуагъэфащэ. 1963 гъэм а щIыпIэм щыпсэу гуэрым и унэр зрихьэну кърихьэжьауэ, блыныр щикъутэм пэш телъыджэ къигъуэтащ абы и щIыбагъ къыдэлъу. Археологхэр абдеж щылэжьэн щIадза нэужьщ щIы лъабжьэм къалэ псо зэрыщIэлъыр къыщащIар. Абы иIэт шэщхэр, бэкхъхэр, шхын гъэтIылъыпIэхэр, санэ, шагъыр щыщIаху, щахъумэхэр, тхьэ елъэIупIэхэр, сымаджэхэм щеIэзэ пэшхэр, лIыщхьэхэм унафэ къыщащтэ зэхуэсыпIэхэр. Къатхэр дэкIуеипIэкIэ зэпыщIат, псы къабзэрэ хьэуарэ хуэчэмтэкъым, щIы къалэр къахутэрэ бийр я кIэ къиувамэ, абрэмывэхэр ирагъэжэкIыурэ загъэбыдэрт. Апхуэдэ абрэмывэри адэкIэ къыщыпхуIумыгъэжыну бзаджэу гъэуват. Абыхэм тонн 200 - 500 я хьэлъагът, метрэрэ ныкъуэрэ я лъагагът, сантиметр 30 - 35 я Iувагът.

ТхьэIухуд – пщащэ дахэ дыдэщ, фIыщIакIуэ телъыджэхэм ящыщщ, урысыбзэкIэ фея жыхуэтIэращ. Ахэр лIыхъужьхэм я дэIэпыкъуэгъуу къокIуэ, зэуакIуэ хахуэу ущрихьэлIи къохъу, уIэгъэхэр псынщIэу ягъэхъужыфу зэфIэкI телъыджэхэр яIэщ. НобэкIэ тхьэIухуд псалъэр жыдоIэ IэпкълъэпкъкIи, псэкIи, щытыкIэкIи бзылъхугъэ дахэхэм щхьэкIэ.

Бзылъхугъэ миф образхэм ящыщщ тхьэшырыпхъухэри. Ар нартхэм я дэIэпыкъуэгъу тхьэпэлъытэщ, Iуэхур къадэхъункIэ, я насып текIуэнкIэ лIыхъужьхэр зэлъэIу гъусэщ. УрысыбзэкIэ – «богиня-покровительница». Бэдынокъуэ тхьэшырыпхъухэр и гъусэу, абыхэм лIыхъужьыр къахъумэу дыщрохьэлIэ IуэрыIуатэм.

Хьэнцэ-Гуащэм ехьэлIауэ нобэр къыздэсым адыгэм диIэщ тхьэлъэIу. Уэгъу хъуа нэужь сабийхэм башыр яхуапэ, ягъэщIэращIэри: «Хьэнцигуащэ зыдошэрэ, Хьэнцигуащэ махуэрэ! Ялыхь уэшх къегъэщэщэх!», - жаIэурэ, хьэблэр къызэхакIухь, псыутх мэджэгу. ИпэжыпIэкIэ, пасэрей зэманым ягъэщIэращIэр хьэнцэт. Гуащэм и цIэр къызытехъукIыжари аращ – Хьэнцэ-Гуащэ. ИужьыIуэкIэ, бзэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр иритащ а псалъэм: Хьэнцыгуащэ, Хьэнцейгуащэ, Хьэнцигуащэ, Хьэмцигуащэ, нэгъуэщIхэри.

Хьэнцэ-Гуащэр къезышэкIыр сабийхэмрэ бзылъхугъэхэмрэт. Хьэблэм дэсхэм я деж Iухьэти, шхын къратт, Хьэнцэ-Гуащэр къезышэкIхэми езы пыпхэми псы тракIэрт. КъэкIухьын яуха нэужь, псыхъуэм дыхьэти къаугъуея шхынхэр яшхт, псым зэрыхэлъафэрт, хьэндыркъуакъуэм хуэфIу щыгъын ядырт, щатIагъэти, псым хадзэрт. Нэчыхьыншэу лъхуа фызым и вакъэ къадыгъурти, ари псым хадзэрт. А псори щIащIэр уэлбанэ хъун папщIэт. Уэшхым еджэу арат.

Мы хабзэр яIэщ абазэхэм, абхъазхэм, куржыхэм, къущхьэхэм, зэреджэри Хандза-Гуаесэщ.

Хьэпэщыпхэ псалъэм нобэ Iей, мыхъумыщIэ, хьэрэмагъ гуэр къикIыу къытщохъу. Нобэ ар Iуэху зэрыхъэщ, цIыху зэфIэгъанэщ, унагъуэ къутэщ. Пасэрей зэманым абы и мыхьэнэр нэгъуэщIт. Хьэ, пэ, щыпхэ псалъэхэмкIэ зэхэтщ мы псалъэр. Iэщ кIуэдар дыгъужьым пэщIэхуэмэ имышхын папщIэ Iэзэхэм зэрахьэу щыта тхьэлъэIут ар. Iэщыр зэрыкIуэду Iэзэр сэм епщэурэ зэдилъхьэти, къагъуэтыжыху зэдахыртэкъым. Къызэрагъуэтыжу, «хьэкIэкхъуэкIэр нэщIу, мэжалIэу, иримыкъужу, нэпсейуэ, зимыгъэнщIыжу къэмынэн папщIэ», жаIэурэ, сэр зэдахыжырт.

Ауэрэ, хьэпэщыпхэ псалъэм епщэным, тебжэным къызэщIиубыдэ мыхьэнэ псори щIалъхьащ цIыхухэм. Апхуэдэу, гъуэгу техьэр, зауэ кIуэр кърахъумэну шэтемыгъахуэ дыуэхэр, мылъкур зэран пэщIэмыхуэн, лъагъуныгъэ IуэхукIэ, лэжьапIэм, еджапIэм къащыхуэсэбэпын мурадкIэ хьэпэщыпхэ ирагъэщIу щIадзащ.

ЦIыхур зыгуэрым игъэгубжьамэ, мыхъумыщIагъэ зыщIам и гур тригъэзагъэу хьэщхьэвылъэ хужеIэ. Мы псалъэри зэхэтщ хьэ, щхьэ, вы, лъэ псалъэхэмкIэ. И мыхьэнэ дыдэр къызэрыпщIэнури аращ. Зи щхьэр хьэщхьэу, зи пкъыр вы сурэт жыхуиIэщ, дунейм и къэхъукъащIэ мыцIыхухэм я дамыгъэщ. IейкIи фIыкIи лIыхъужьым къыжьэхэуэркъым, и зэрани къекIыркъым, лIыхъужьыр зэплъэкIыу хьэщхьэвылъэм Iумыплъэмэ. Ар щопсэу хы Iуфэхэм, къуэ дыджхэм.

Уафэр хъуэпскIыу къэгъуэгъуа нэужь, зэгуэтхъыпIэм къыдэщ нэхуу уафэ джабэм къытридзэм папщIэ щыблэ жыдоIэ. Пасэрей алыджхэм уафэм и тхьэу Зевс зэраIам хуэдэу, пасэрей адыгэми уафэм, уэлбанэм и тхьэу Щыблэщ яIар.

Щыблэр и сурэткIэ зыхуэдэр наIуэкъым, ауэ тхьэлъэIухэм, уэрэдхэм къызэрыхэщымкIэ ар антропоморфщ – цIыху сурэт зиIэ тхьэщ.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: