Жыг хадэщIэхэм къахохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, уней IуэхущIэхэм, фермерхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм псоми зэхэту пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу нэгъабэ кърахьэлIэжащ тонн мин 785,9-рэ икIи ар процент 19,5-кIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм елъытауэ.

Зы гектарым хуэзэу пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу нэгъабэ къытрахам и куэдагъми проценти 8,8-кIэ хэхъуащ икIи ар ику иту центнер 354,6-м нызэрыхьэсащ. Ар фIыгъэр пхъэщхьэмыщхьэхэр япэу къэзыт жыгыщIэхэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуэрщ.

Илъэс куэдкIэ къызыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм, мэракIуэ лIэужьыгъуэхэм дызэрыт илъэсым и пэщIэдзэм ирихьэлIэу республикэм щаIыгъащ гектар мин 26,4-рэ, абы щыщу гектар мин 23-р къалъос пхъэщхьэмыщхьэхэр зэман кIэщIым къатын щIэзыдзэ, зэхуакушхуэ ямыIэурэ иджыпсту къагъэкI жыгхэм.

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкI зэрыхасэрэ илъэс 20-м щIигъуа, жьы хъуа жыгхэр къыхэчыжыным, ахэр здыхэта щIыпIэхэр гъэкъэбзэжауэ иджырей Iэмалхэр къагъэсэбэпу щIэхэр абыхэм щыхэсэжыным ехьэлIауэ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: