Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубз лъапIэхэ!
Сынывохъуэхъу къэблэгъа махуэшхуэмкIэ - ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэмкIэ!
А махуэщIыр гъэнщIащ бзылъхугъэхэм яхуэгъэза псалъэ нэхъ гуапэхэмкIэ, нэ­ху­хэмкIэ, гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIхэмкIэ. ИгъащIэ лъандэрэ къызэрекIуэкIыр аращи, цIыхубзхэращ унагъуэ жьэгум, абы дэлъ фIыгъуэхэм, хабзэм я хъума­кIуэу щытыр, унагъуэм и зэIузэпэщыгъэр ирагъэфIакIуэу, гупагъэрэ хуабагъэрэ ­къабгъэдэкIыу. Бзылъхугъэм и гулъытэм хуэныкъуэу цIыхур мэпсэу, дунейм къы­щытехьа дакъикъэм къыщыщIэдзауэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым исщ зэфIэкI лъагэхэр зыбгъэдэлъ бзылъхугъэ зэчиифIэ куэд, гъащIэм и унэтIыныгъэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щы­зы­Iэрагъэхьэу. Псом хуэмыдэж пщIэ лъагэ хуэфащэщ цIыхубз-анэм - гъащIэм лъапIэныгъэу щыдиIэхэм я нэхъыщхьэм. ФIыщIэ ин яхузощI Урысей къэралыгъуэм и  щхьэхуитыныгъэмрэ  шынагъуэнша-гъэм­рэ яхъумэу СВО-м хэт ди хэкуэгъу щIалэхэм я анэхэм, щхьэгъусэхэм. Фэ фи ­къуэхэмрэ щхьэгъусэхэмрэ ди къэралыр зэрыгушхуэ лIыхъужь нэсхэщ. Абыхэм гурэ псэкIэ зыхащIэ фи лъагъуныгъэр, ­зэ­рыфпэIэщIэм емылъытауэ. ТекIуэныгъэ къахьу икIэщIыпIэкIэ я унагъуэхэм ихьэжыну дапоплъэ. 
Ди республикэм и цIыхубз псоми си ­гуапэу сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ, насып фиIэу фыпсэуну.

Поделиться: