Календарь событий

23 марта 2024

КъБР-м и Iэтащхьэм и зэIущIэхэр

Республикэм и унафэщI КIуэкIуэ Казбек иужь махуэхэм зэIущIэ зыбжанэ иригъэкIуэкIащ:

Зэлэжьынухэр ягъэбелджылы

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ зыбжанэм щытепсэлъыхьа, проектхэр къыщащта зэIущIэ. 

Гъуэгу махуэ, «Спартак-Налшык»

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ лигэм и «Б» ­ди­визионым хэт командэхэм 2024 гъэм ирагъэкIуэкIыну зэ­хьэ­зэхуэхэм нобэ щIадзэж. «Спартак-Налшыкым» и япэ зэ­IущIэр Краснодар крайм и Павловскэ щIыналъэм щыщ «Ку­бань Холдинг»-м и деж щы­хьэщIэу ирегъажьэ. 

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм зэрызыщIагъакъуэм дыщIагъу

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр гъатхэпэм и 21-м иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ УФ-м и Президентым и полномоченнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и Аппаратым Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхухэмкIэ и федеральнэ инспектор КъуэщIысокъуэ Тимур, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м и прокурор Хабаров Николай сымэ.

Зэкъуэтыныгъэм и щапхъэт

2024 гъэм гъатхэпэм и 21-м Урысейм и ЦИК-м 163-нэ зэIущIэр иригъэкIуэкIащ икIи  Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэм къарикIуа­хэм теухуа протоколым мы­хъур трагъэуащ.