Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм зэрызыщIагъакъуэм дыщIагъу

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр гъатхэпэм и 21-м иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ УФ-м и Президентым и полномоченнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и Аппаратым Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхухэмкIэ и федеральнэ инспектор КъуэщIысокъуэ Тимур, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м и прокурор Хабаров Николай сымэ.

ЗэIущIэм Прохладнэ районым и суд IуэхущIапIэ №2-м и зэзыгъэкIуж хеящIэу щыхахащ Шыкъ Анжелэ. 
Депутатхэр арэзы техъуащ «КъБР-м дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэным теухуауэ» КъБР-м и Законым, «Псыр къызэрагъэсэбэп Iэмалхэмрэ зэрахъумэмрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ» КъБР-м и Законым и 3, 5-нэ Iыхьэхэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зыгъэпсэхупIэхэмрэ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ и щIыпIэхэмрэ я IуэхукIэ» КъБР-м и Законым, КъБР-м и ЩIы ­кодексым, «КъБР-м адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэнахэмрэ сабий зеиншэхэмрэ зэрыщызыщIагъакъуэ Iэмалхэм дыщIагъум теухуауэ» ­КъБР-м и Законым и 6-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэнымкIэ КъБР-м и законхэм я проектхэм.
Иужьрейр зытеухуар зеиншэу, адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэхъуа­хэм ящыщ дзэ Iуэху хэхам хэту хэкIуэдамэ, къэралым къритын хуея фэтэрыр и унагъуэм къылъысыну Iэмал зэраIэнурщ. Законопроектыр къыхилъхьащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. 
- Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэтлъхьэныр къызыхэкIар пенсэм щыс зы цIыхубзым и Iуэхур зэхэдгъэкIыну къыдэлъэIуу зыкъызэрытхуигъэзарщ. Абы зэхигъэкIыну хуейт япIыну къащта и къуэрылъхур хэкIуадэ­мэ, щIалэм къратын хуей фэтэрыр и унагъуэм къыIэрыхьэнрэ къыIэ­рымыхьэнрэ. «УФ-м адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэнахэмрэ сабий зеиншэхэмрэ зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм теухуауэ» федеральнэ законым дыщыхэплъэм, къыщIэщащ зеиншэр дунейм ехыжамэ, фэтэр къратыну абы иIэ хуитыныгъэхэр зэрыкIуэдыр. Иджыпсту дызэрыт щытыкIэр, цIыхухэм къэралыр яхъумэу дзэ Iуэху хэхам зэрыхэтыр, къап­щтэмэ, къэхъунур зыми ищIэркъым. Абы къыхэкIыу, сэ нэхъ тэмэму къызолъытэ СВО-м хэт зауэлIыр хэкIуадэмэ, фэтэр къратыну абы иIа хуитыныгъэхэр и унагъуэм къыхуэнэн хуейуэ», - жеIэ Егоровэ Татьянэ. 
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и жэрдэмыр УФ-м и Къэрал Думэм ирагъэхьащ икIи ар щIыналъэ, къэрал къулыкъущIапIэ куэдым къыщыдаIыгъащ. «Республикэм игъэзэщIэн хуей къалэнхэр куэд хъу­ми, мы Iуэхур къыддиIыгъащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки», - ды­щIигъуащ Егоровэм. Законым халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр ягъэ­зэщIэн папщIэ, республикэм и бюджетым щыщу сом мелуан 24-м нэблагъэ къыхагъэкIынущ. 
ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэ­гъуалэ палатэм хэтхэм. 
ЗэIущIэм щедэIуащ КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм 2023 гъэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэм. Депутатхэр еплъащ министерствэм и Iуэхухэр къыщызэщIакъуэжа фильмым. Крючков Вячеслав къыхигъэщащ министерствэр, республикэ унафэщIхэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я гъусэу зэрылэжьам и фIыгъэкIэ, цIыхухэм я     хуитыныгъэхэр хъумэнымрэ къэралым и Iуэхухэр къызыхуэтыншэу екIуэ­кIынымрэ къызэрызэрагъэпэщыфар, лIэужьыгъуэ зэхуэ­мы­дэхэмкIэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэращIар. 
- Процент 16,7-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ нэгъуэщIым и мылъку зэрадыгъур. Апхуэдэ щIэпхъаджагъэу 2023 гъэм ялэжьар 9 къудейщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, цIыхухэмрэ абыхэм я мылъкур зэрадыгъумрэ теухуауэ ялэжь щIэпхъаджагъэ хьэлъэу къыщIэдгъэщар процент 80-м щIегъу, - къыхигъэщащ къэпсэлъам. - Iулъхьэ зэрызэIэпахым ехьэлIа щIэп­хъаджагъэу къыщIэдгъэщар процент 76,2-кIэ нэхъыбэщ, сату-энергетикэ IэнатIэм епха экономикэ щIэпхъаджагъэхэр - процент 66,7-кIэ. Илъэси 8 - 17 хъу сабийхэм хухах ахъшэу сом мелуани 108-м нэс зыдыгъуа гупым я Iуэхур къызэпыдудащ. 
Крючков Вячеслав жиIащ лъэпкъхэм я зэхуаку зэгурымыIуэныгъэ къыдэмыгъэхъуэнми набдзэгубдзаплъэу IуэхущIапIэр зэрыкIэлъып­лъар.
Къэпсэлъар къытеувыIащ хамэ къэрал къикI цIыхухэр къэп­щы­тэ­нымрэ хабзэм къемызэгъыу къакIуэхэр къэгъэувыIэнымрэ ехьэ­лIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэми. Апхуэдэу, 2023 гъэм къыщIагъэщащ хамэ къэралхэм къикIауэ республикэм и хабзэм къемызэгъыу щы­лажьэхэм ятеухуа Iуэху 1 369-рэ. Къэралым ирагъэкIыжащ цIыху 21-рэ. 
Наркотик зэрызэбграгъэкI Iэмал 18 министерствэм къызэтрагъэувыIащ, апхуэдэу килограмм 40-м щIигъу къытрахащ, акъылыр зыгъэутхъуэу - килограмми 6. «Мак» зыфIаща Iуэхум хыхьэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым наркотик зыхэлъ къэкIыгъэхэр езыр-езыру къыщыкI и щIыпIэ 49-м ахэр щагъэкIуэдащ. Крючков Вячеслав къыхигъэщащ наркотикым зэрыпэщIэт Iуэхухэм егъэджэныгъэ IэнатIэхэри къыхы-хьэн зэрыхуейр, ныбжьыщIэхэр абы пэIэщIэ зэрыщащIыным елэжьу. 
Абы жиIащ терроризм Iуэхухэм пыщIауэ цIыхуи 7 къызэрагъуэтар, апхуэдэ гупсысэхэр зэрызэбграгъэкI тхыгъэхэр Интернетми къы­зэрыщызэтрагъэувыIар. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, илъэсым къриубыдэу ятха щIэпхъаджагъэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэщ, цIыху куэд зэкIуалIэ щIыпIэхэм шынагъуэншагъэр тэмэму къыщызэрагъэпэщащ. Гъуэгум хабзэхэр къызэрыщызэпаудым и гугъу щищIым, къэпсэлъам жиIащ транспорт зэжьэхэуэхэм хэкIуэдар нэгъабэ куэд-кIэ нэхъ мащIэу зэрыщытар. «Ди къалэнхэр псори дгъэзэщIэфын пап­щIэ, республикэм и IуэхущIапIэ псори дызэдэлэжьэн хуейуэ къызолъытэ, дэ адэкIи пытщэнущ ди цIыхухэр хъума зэрыхъуну лэжьыгъэр едгъэкIуэкIыным», - дыщIигъуащ къэпсэлъам.
КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и унафэщI КIасэ Динэ тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэр 2023 гъэм зэлэжьа Iуэхухэм. Абы зэрыжиIамкIэ, УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм 2020 гъэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къегъэлъагъуэ ахъшэр тэмэму къэзыгъэсэбэп щIыналъэу. Палатэм нэгъабэ къэпщытэныгъэ лэжьыгъэу 54-рэ иригъэкIуэкIащ, IуэхущIапIэ 88-рэ къызэщIаубыдэу. Абыхэм япкъ иткIэ, сом мелуан 66,2-м ехьэлIауэ хабзэр къызэрызэпаудар, сом мелуани 4,2-рэ хъу бюджет ахъшэр зэгъэзэхуауэ къызэрамыгъэсэбэпар ирагъэгъэзэкIуэжащ. Жэуапым ирашэлIащ къулыкъу зыIыгъ цIыху 28-рэ. Палатэм и IэщIагъэлIхэм административнэ хабзэхэр къызэрызэпауда Iуэху 25-рэ къызэIуахащ. Мы зэманым ирихьэлIэу Iуэху 19-м ехьэлIауэ административнэ жэуап зэрырагъэхьынум теухуа унафэхэр къищтащ судым. 
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим зэIущIэм къыщыпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2023 гъэм къищта хабзэхэм теухуауэ. 
БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться: