ГъэунэхупIэ

Сокъур Мусэрбий тхакIуэ куэдым я къалэмыпэм къыщIэкIахэм теухуа тхыгъэ куэд итхащ. Пэжыр щIэзымыуфэу, ар нахуэу утыкум къизыхьэф цIыхут, абы къыхэкIыуи, тхакIуэхэм абы и критикэ тхыгъэр ягу дыхьэрт, мыхъуар, игу иримыхьыр къыщигъэлъагъуэми, зи зэфIэкIыр здынэсыр ящIэ Сокъурым и еплъыкIэм пщIэ хуащIырт. Абы и къалэмыр зыхуигъэбзахэм ящыщщ Къэжэр Хьэмиди.

«ТхакIуэм мащIэу къыфIэщIыж и къарухэм щымыдзыхэу зрипщытыфын хуейщ лъэхъэнэ екIуэкIыр зэщIэзыIыгъэ къалэн нэхъ инхэм. Нэхъ гуапэжщ махуэ къэс псэукIэм пыщIа нэщэнэ жьгъейхэмрэ цIыхубэ гъащIэм шэсыпIэ хуэхъу Iуэхугъуэшхуэхэмрэ усакIуэм бгъэдыхьэкIэщIэкIэ зэрипхыфмэ: гъащIэм и теплъэгъуэхэр зэхэухуэнауэ йокIуэкI.

Апхуэдэ мурадыр гъуазэ хуэхъуа хуэдэщ Къэжэр Хьэмид. Мис, и псэм фIэфI лэжьыгъэм бгъэдэувэн хьэзырщ жьыуэ къэтэджа цIыхур. Ауэ сыт къэхъуар? Унэ кIуэцI хьэпшыпхэр щхьэж и пIэ итыжкъым, абыхэм я фэми зихъуэжащ, зейм къэхъуар ищIэркъым, хъыбар дыджыр къэIуху:

КъыкъуопсэлъыкIри и плIанэпэм,

Си радиом и жагъуэ хъуауэ,

КъызжеIэ: сыжеиху ныжэбэ

НейтронкIэ далъэр къыхэхъуауэ.

Дуней мамырыр Iэщэ бзаджэкIэ ягъэгумэщIыну зи мурадхэм япэщIэтыф къарум и лъэщагъыр зыбгъэдэлъыр щIышхуэ хьэлэлым телэжьыхьхэрщ, щыжеIэ усакIуэм и нэгъуэщI тхыгъэм. ЛэжьакIуэр щIым апхуэдизкIэ хуосакъри, жылапхъэ фIэкIа нэгъуэщI хьэлъагъ абы и напэм иригъэIусэнукъым, щIым хэлъ Iэ къабзэр зыщIэхъуэпсыр зыщ - дуней хъурейр лъэныкъуабэ мыхъуу Iыгъынырщ, ар зауэ хуэIухуэщIэ къэзыулъэпхъэщ къарухэм ящыхъумэнырщ. А къалэнырщ хьэуар зыгъэкъабзэ жыгри къыщIэкIар, дунейр щIалэ зыщIэхъукI цIыкIухэри щIэпсэур, цIыхури угъурлыгъэмрэ гуапагъэмрэ ятхьэкъун щIыхуейр.

Уафэм и нэхури щIылъэм и фIыгъуэри зауэ лыгъэм щыхъумэн гупсысэрщ Къэжэрым и усэхэм я нэхъыбапIэм лъабжьэ яхуэхъур. Ар усакIуэм и гъуазэщ сабийм щыхуэбзэрабзэми, бзылъхугъэм щыхуэдэхащIэми, адэ-анэр щигъэбжьыфIэми, къэкIыгъэу щыIэм псэкIэ щыхуэпабгъэми, уэс хужьымрэ псы нэхумрэ щигъэщIэращIэми…

Хьэмид усэ фащэу къыхиххэм бжьыпэр щызыIыгъыр щIагъыбзэ уэр зыщIэлъ жыIэгъуэрщ. Ахэр цIыхубэ лэжьакIуэм ижь лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ ущие узыншэщ, ауэ иджыпсту гъащIэр хъумэн нэхърэ нэхъ Iуэхушхуэ зэрыщымыIэм псэлъафэ щIэщыгъуэкIэ а ущиер епха мэхъу… Мис аргуэру: щIымахуэм зэщIиIулIа жыгхэм ятегузэвыхь цIыхум жэуап зэхех:

«Дэ щIыIэм зедгъэсынкъым,

Уэ мафIэм думыгъэс».

Хьэмид апхуэдэ щIагъыбзэ нэхухэм къадэкIуэу егъэлъащэ публицистикэм и псалъэ укъэбзахэри, шыпсэм и пкъыгъуэ гурыхьхэри, псалъэжьхэм ехьэехуэ сатыр жанхэри - жыпIэнуракъэ, тхэкIэм и Iэмал жыджэрхэр къыщIэуIукIыным гъунэ зэримыIэр къабыл къытщищIыну щIокъу усакIуэр. Мыбдежым гулъытэншэу къанэ хъунукъым зы Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн - Къэжэрым и къарур жанр зэхуэмыдэхэм зэрыщигъэунэхур.

Адыгэ усэр зэса къупхъэхэр къызэригъэщIэрэщIэным щIобэн усакIуэр. Абы и мурадхэр Iэпхлъэпх мыхъуным хущIэкъуурэ «екъутэ» ди тхыдэм щызэрыубыда усэ тхыкIэр, уеблэмэ сатыр зэпэбжхэм, рифмэ зэдэIуэжхэм «зэран» яхуэхъункIэ щымышынэу, Хьэмид рифмэ «дзыхьщIыгъуэджэхэр» егъэIурыщIэ, усэ сатырхэр макъ зэщIэжьыуэкIэ щызэримыпххэри гъунэжщ, усэр жьэрыжыIэ къэIуэтэкIэм хуигъэкIуэн щхьэкIэ «щхьэрыутIыпщ» ищIурэ прозэм щыбгъэдишэри мащIэкъым. А псом къикIыркъым усакIуэм дэ дызэса усэ тхыкIэм и хабзэхэр щхьэзыфIэфIрэ нэуфIыцIщхьэрыуэу «зэхикъутэжу»: Хьэмид IэщIыб ищIыркъым щIэблэ куэдым зэрагъэпэща усэ тхыкIэр, абы и фащэ къыхэхыкIэр зэлъытар тхыгъэ къэс къыщиIуэтэну и мурад гупсысэр цIыхухэм япхыкIын щхьэкIэ Iэмал нэхъ къезэгъхэр къэлъыхъуэнырщ. Еджэхэр зэсэжауэ къыпфIэщI макъамэхэмрэ гупсысэхэмрэ нэщэнэ щIэращIэхэм ягъэжан, гукъинэ ящI, нэхъ щIэщыгъуэу къаIуатэ.

Иджыпсту IэпцIупцIу къэтIуэтэнкъым иджырей усэм и теплъэр къэгъэщIэрэщIэнымкIэ Хьэмид дерсэгъу къыхуэхъу къарухэр. КъыдигъэкIа тхылъхэм къыбжаIэфынущ и макъыр хуиту игъэIун хьисэпкIэ дунейпсо поэзиер куэд щIауэ зыщыгъуазэ «щхьэхуит» усэкIэр усакIуэм тегъэщIапIэу къызэрыхихар. Дауи щрет, усэр, тхэкIэм и лIэужьыгъуэ дэтхэнэми хуэдэу, IэщIагъэ нэс зыщIар акъылырщ, гупсысэрщ, усакIуэм пкърылъ дуней еплъыкIэм и кууагъымрэ и жанагъымрэщ, гъащIэмрэ щIэныгъэмрэ къахих зэхэщIыкIым и къулеягъырщ, «къэухьым» и лъагагъэрщ. Сатырхэр сыт хуэдизу «мыпщIыпщIми», напIэзыпIэм мэункIыфыжри сэрэш сахуэу къонэж, гупсысэ шэщIа щапкърымылъым. Ауэ гупсысэр ямылейуэ хуэлъэщ усэ «щхьэхуиткIэ» зэджэжым. Усэм и фащэр «игъэпщкIуфын» хуейщ гупсысэм - а мурадыр Хьэмид щиIэпэгъущ и усэ нэхъыфIхэм.

 Хьилагъэр зымыщIэ сабиипсэр дуней щIэращIэм хуиту хузэIуха хуэдэу хотэджыкI Хьэмид и IэдакъэщIэкIхэм. Зигурэ зи псэрэ чэщейуэ итхьэщIыкIа сабийм иIэ зыхэщIэ нэхурщ а IэдакъэщIэкIхэр зыгъэуэзджынэр, уэзджынэ макъым и зыIэтыкIи и ужьыхыпIи иIэж хабзэщ.

Ди гуапэщ а зыIэтыпIэр зэхэзыххэм гухэхъуэ нэс ягъуэтыну».

Поделиться: