Жэмхэр нэхъыбэ мэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэщ гъэхъун IэнатIэм зыщиужь зэпытщ. Псом хуэмыдэу нэхъыбэ хъуащ жэм къашу ягъэхъур - иужьрей илъэситхум шэуэ къашым процент 17-кIэ щыхэхъуащ ди деж. КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шэт МэчрэIил ар иджыблагъэ щыжиIащ республикэм и Жылагъуэ палатэм щекIуэкIа зэIущIэм.

«Республикэм щаIыгъ Iэщ щхьэ бжыгъэм илъэс къэс къыхохъуэ, жэм къашри яхэту. Псалъэм къыдэкIуэу, республикэм жэму иIэм проценти 10-кIэ хэхъуащ икIи дызэрыт илъэсым ипэ махуэхэм ирихьэлIэу абыхэм я бжыгъэр мини 146,3-рэ хъуащ. 2022 гъэм диIам елъытауэ ар проценти 4,7-кIэ нэхъыбэщ», - къыхигъэщащ Шэтым.

Iэщым ирагъэшхын IусыпхъэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр щынэхъыщхьэщ а IэнатIэм. Псы зыщIагъэхьэ щIыуэ диIэр нэхъыбэ щIыным, а лэжьыгъэр нэхъри егъэфIэкIуэным куэдкIэ елъытащ гъавэ щIапIэхэми Iэщым ирагъэш Iусыпхъэхэр къызытраххэми къахэгъэхъуэным пыщIа къалэнхэр гъэзэщIа зэрыхъунур.

Псы щIэгъэлъэдэн лэжьыгъэр республикэм щрагъэкIуэкI «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Хамэ щIыпIэхэм мэкъумэш продукцэр яхуегъэшэн» щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. 2023 гъэм псы зыщIагъэлъадэ щIым гектари 6,4-рэ къыхагъэхъуащ, а Iуэхум хуэщIа техникэу, машинэу 66-рэ къащэхуащ.

ХЬЭЩОКЪУЭ Едыдж.
Поделиться: