|
|
Махуэгъэпс
16 марта, 2026 - 12:02
«Псыежэххэм я махуэ» зыфIащар къыщащтар Ныджэхэр зэрыIуащIэм пэщIэтынымкIэ япэ дунейпсо зэIущIэу Бразилие къэралыгъуэм и Куритибэ къалэм 1997 гъэм щекIуэкIарщ.
16 марта, 2026 - 07:49
Гъатхэпэм и 16, блыщхьэ
1942 гъэм къалъхуащ УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Дагъыстэным я цIыхубэ дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Лий Адэлджэрий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 6 - 7, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.
14 марта, 2026 - 12:13
Даргом (Даргъом) – осетиныбзэм «гъуэгу кIыхь» мыхьэнэращ къыщикIыр. Адыгэхэм «Дэргъуэм ауз» жаIэ.
13 марта, 2026 - 10:41
Гъатхэпэм и 14, щэбэт
Адыгэ тхыбзэм и махуэщ
1853 гъэм адыгэбзэкIэ къыдэкIащ Берсей Умар и «Адыгэ псалъалъэр».
1995 гъэм Налшык экономико-правовой лицей къыщызэIуахащ.
1913 гъэм къалъхуащ абхъаз тхакIуэ, Куржымрэ Абхъазымрэ гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Гулиа Георгий.
1937 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, литературэдж, критик, КъБР-м щэнхабзмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид.
13 марта, 2026 - 09:26
Гъатхэпэм и 13, мэрем
Вагъуэхэм щакIэлъыплъ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Геодезиемрэ картографиемрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр
1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Шумахуэ Владимир.
12 марта, 2026 - 06:29
Гъатхэпэм и 12, махуэку
ИнтернеткIэ цIыхухэм якIэлъыплъыныр мыдэным и дунейпсо махуэщ
Жьэжьейм и дунейпсо махуэщ
Урысейм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
1912 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта, 1965 - 1973 гъэхэм КъБКъУ-м и ректору щыта КIэрэф Къамболэт.
11 марта, 2026 - 06:00
Гъатхэпэм и 11, бэрэжьей
УФ-м Наркотикхэм якIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
Уней хъумакIуэ агентствэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищта унафэм ипкъ иткIэ «Ленин гъуэгу» газетым и цIэр «Адыгэ псалъэ» жиIэу зэрахъуэкIащ.
1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Уэщхъун МуIэед.
Дунейм и щытыкIэнур
10 марта, 2026 - 09:25
Гъатхэпэм и 10, гъубж
♦Урысей Федерацэм и Архивхэм я махуэщ
♦Адыгэ Республикэм и Конституцэм и махуэщ
♦1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и нартыхугъэкI, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Емышэ Хьэлий.
♦1939 гъэм къалъхуащ «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъыр къыдэзыгъэкIа, инженер-технолог Къубатий Борис.
♦1944 гъэм къалъхуащ сурэтыщI Къудей МэчрэIил.
6 марта, 2026 - 04:46
Гъатхэпэм и 6, мэрем
Дзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ
Глаукомэ узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
1929 гъэм къалъхуащ абхъаз тхакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Искандер Фазиль.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм къешх-къесу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 5 - 6, жэщым градус 0 - 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЦIыху акъылыншэрэ мафIэншэ джэгурэ.
5 марта, 2026 - 07:44
Гъатхэпэм и 5, махуэку
♦Гаджетхэр гъэункIыфIауэ щыгъэтыным и дунейпсо махуэщ
♦1911 гъэм къалъхуащ КъШР-м и къэрал лэжьакIуэ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щыта, Къэрэшей-Шэрджэс автоном округым и Адыгэ-Хьэблэ щIыналъэм и унафэщIу лэжьа Къардэн Iэдэм.
♦1950 гъэм къалъхуащ полковник, жылагъуэ лэжьакIуэ Гъыш Самир.
Страницы
|