НОБЭДыгъэгъазэм и 23, щэбэт УФ-м Экологие, технологие, атом кIэлъыплъыныгъэхэмкIэ и къулыкъум (Ростехнадзор) и махуэщ Урысейм и Дзэ-Хьэрш Къарухэм гъуэгуанэ кIыхь зэпызычыф я авиацэм и махуэщ 1905 гъэм Тэрч областым зауэ щытыкIэ щагъэувауэ щытащ. 1947 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ ищIащ ИлъэсыщIэр къыщихьэ щIышылэм и 1-р гъэ къэс гъэлъэпIэным икIи ар мылэжьэгъуэ махуэу гъэувыным теухуауэ. 1905 гъэм къалъхуащ Иорданием щыщ дохутыр, дипломат, адыгэ лъэпкъым и блэкIар джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, тхылъ зыбжанэ къыдэзыгъэкIа Хьэбжокъуэ Шэукэт. 1952 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист ЖьакIэмыкъуэ Iэминат. 1960 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор Азэщокъуэ Геннадий. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 6, жэщым градус 1 - 2 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: ЦIыху зыпI цIыху уасэ хон. Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 07:16 →
Нобэ
16.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
15.05.2024 - 12:44 →
НОБЭ
|