|
|
Махуэгъэпс
10 апреля, 2026 - 08:28
Мэлыжьыхьым и 10, мэрем
Фашизмэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Зэдэлъхузэшыпхъухэм я дунейпсо махуэщ
1945 гъэм Иуан Хьэсэн Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. 1964 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ», «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.
1897 гъэм къалъхуащ япэ адыгэ бзэщIэныгъэ еджагъэшхуэ Iэщхьэмахуэ Даут.
9 апреля, 2026 - 04:30
Мэлыжьыхьым и 9, махуэку
1938 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Азэмэт Лалушэ.
1947 гъэм къалъхуащ литературэдж, критик, къэрал лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Тхьэгъэзит Юрэ.
1954 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ Къайсэр вилайетым и губернатору щыта Джамбулэт (Яхэ гуауэ) Нихьэт.
8 апреля, 2026 - 08:04
Мэлыжьыхьым и 8, бэрэжьей
♦Урысей анимацэм и махуэщ
♦УФ-мрэ Белоруссиемрэ я дзэ комиссариатхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦1918 гъэм адыгэ узэщIакIуэ, щIэныгъэлI Сихъу Сэфарбий и усэхэр зэрыт тхылъ къыдэкIащ.
♦1908 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щыщ парт, совет лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Чэмокъуэ Аслъэнджэрий.
7 апреля, 2026 - 06:55
Мэлыжьыхьым и 7, гъубж
Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ
Рунетыр - урысыбзэкIэ лажьэ интернетыр (Ru дамыгъэр зиIэр) - къыщызэрагъэпэща махуэщ
Урысейм ягу къыщагъэкIыж псыщIагъырыкIуэ кхъухьым къулыкъу щызыщIэу хэкIуэдахэр
1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм я унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я журналист Мэзыхьэ Борис.
6 апреля, 2026 - 07:35
Мэлыжьыхьым и 6, блыщхьэ
♦Зыужьыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ яхуэлажьэ спортым и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м и МВД-м и следственнэ органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Урысейм щагъэлъапIэ Геологым и махуэр
♦1937 гъэм къалъхуащ дирижёр, композитор, УФ-ми Къалмыкъ Республикэми я цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Темыркъан Борис.
5 апреля, 2026 - 11:19
ЩIы щIагъым щIэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр къэхутэнымкIэ еш жыхуаIэр зымыщIэ IэщIагъэлI-щIэныгъэлIхэущ геологхэр къызэралъытэр я цIэр зэхэзыххэм я нэхъыбэм.
3 апреля, 2026 - 09:45
Мэлыжьыхьым и 3, мэрем
ГуфIэгъуэ пшыхьым и дунейпсо махуэщ
1963 гъэм къалъхуащ усакIуэ, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуий Щыхьымбий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Махуэм хуабэр градус 17 - 18, жэщым градуси 10 - 12 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зи бзэм хуитыжым и насыпщ.
2 апреля, 2026 - 04:51
Мэлыжьыхьым и 2, махуэку
Сабий тхылъым и дунейпсо махуэщ
Белоруссиемрэ Урысеймрэ я лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
1911 гъэм Цагъуэ Нурий Истамбыл адыгэбзэкIэ къыщыдигъэкIащ «Гъуазэ» газетым и япэ номерыр.
1948 гъэм адыгэ тхакIуэ щэджащэ КIэрашэ Тембот СССР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ.
1932 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфIэунэ Рае.
1 апреля, 2026 - 09:31
Дунейм и щытыкIэмрэ махуэхэм я зэблэхъукIэмрэкъым гъатхэр ипэжыпIэкIи къызэрихьар нэхъ къыдэзыгъащIэу куэдым къалъытэр, атIэ бзухэм я макъ убзэрэбзэжу дэнэкIи къыщыIумкIэщ.
1 апреля, 2026 - 06:58
Мэлыжьыхьым и 1, бэрэжьей
♦Къуалэбзухэм я дунейпсо махуэщ
♦Ауанымрэ дыхьэшхымрэ я махуэщ
♦1930 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артисткэ Щауэжь Розэ.
♦1937 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м щIыхь зиIэ и механизатор Дадэ ХьэмытIэ.
♦1943 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ дохутыр, жылагъуэ лэжьакIуэ Тэмазэ Анатолэ.
Страницы
|