|
|
Махуэгъэпс
21 апреля, 2026 - 13:09
Мэлыжьыхьым и 21, гъубж
УФ-м щагъэлъапIэ щIыпIэ самоуправленэм и махуэр
1920 гъэм Налшык цIыхубэ хозяйствэм и щIыналъэ совет къыщызэрагъэпэщащ.
1921 гъэм Налшык Лъэпкъ музей къыщызэIуахащ.
1925 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, генерал-майор, Иорданием и лIыкIуэу Тыркум, Иракым, Китайм щыIа, Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу щыта БырмамытI Фоуаз.
21 апреля, 2026 - 10:03
УэсхэкIыкIыр – гъатхэр къызэрихьар къозыгъащIэ, псом нэхъ пасэу щIым къыхэунэхукI, зи дахагъэкIэ зыми хуомыгъэдэн удз лъэпкъыгъуэ зыбжанэщ. Усэ куэдыщэ зытраусыхьа а гъэгъа цIыкIуэм, къызэрыщIэкIымкIэ, езым и махуэ махуэгъэпсым щаIэжщ.
20 апреля, 2026 - 08:12
Мэлыжьыхьым и 20, блыщхьэ
Урысейм щагъэлъапIэ Лъы зытым и махуэр
1937 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Прохладнэ станицэр къалэ хъуащ.
1925 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Сындыку Тобий (Анатолэ).
1932 гъэм къалъхуащ режиссёр, УФ-ми КъБР-ми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Теувэж СулътIан.
1933 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Ибрэхьим.
17 апреля, 2026 - 14:26
«Дыщалъхуа щIыналъэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм иригъуазэ махуэ хэха хэгъэунэхукIынымрэ ар илъэс къэс гъэлъэпIэнымкIэ унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО-м Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо советым и зэгухьэныгъэм (ИКОМОС) къыщащтащ. ИлъэситI нэхъ дэмыкIыу, абы кърикIуащ щэнхабзэм и щIэин щIыпIэхэмрэ фэеплъхэмрэ жылагъуэм гулъытэ хэха щыхуащI а махуэр 1984 гъэм къыщыщIэдзауэ мэлыжьыхьым и 18-м дуней псом щыгъэлъэпIэныр.
17 апреля, 2026 - 07:47
Мэлыжьыхьым и 17, мэрем
♦Гемофилием (лъыр пцIэным пыщIа узыфэщ) и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэмрэ къэрал кIуэцIыдзэхэмрэ я ветеранхэм я махуэщ
♦1927 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIуащ Верэ.
♦1929 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м щIыхь зиIэ и машинэухуэ Ахъуэхъу Анатолэ.
16 апреля, 2026 - 06:22
Мэлыжьыхьым и 16, махуэку
Макъым и дунейпсо махуэщ
1905 гъэм Урысейм и япэ профсоюзыр, печатым и лэжьакIуэхэм ейр, къызэрагъэпэщащ.
1920 гъэм цIыхубэ милицэм и Налшык управленэр къызэрагъэпэщащ.
1934 гъэм СССР-м и ГъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм и унафэкIэ ягъэуващ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр.
Дунейм и щытыкIэнур
15 апреля, 2026 - 11:35
Мэлыжьыхьым и 15, бэрэжьей
Щэнхабзэм и дунейпсо махуэщ
Экологием теухуа щIэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я радиоэлектроннэ дзэхэм я IэщIагъэлIым и махуэщ
1395 гъэм Тамерланрэ Тохъутэмыщрэ я дзэхэр Тэрч и деж щызэзэуащ.
1934 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Слъон Лудин.
Дунейм и щытыкIэнур
14 апреля, 2026 - 06:00
Мэлыжьыхьым и 14, гъубж
♦1950 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр Безрокъуэ Олег.
♦1951 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Тау Ибрэхьим.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 - 10, жэщым градуси 2 - 3 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
13 апреля, 2026 - 08:54
Мэлыжьыхьым и 13, блыщхьэ
Гъуазджэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэм защIэзыгъакъуэм, псапащIэм и махуэр Урысейм щагъэлъапIэ
1517 гъэм Каир щаукIащ мамлюкыдзэм и дзэпщ ин АлАшраф Тумэн-бей.
1905 гъэм къалъхуащ адыгэ узэщIакIуэ, IуэрыIуатэдж ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - 10, жэщым градуси 5 - 6 щыхъунущ.
10 апреля, 2026 - 14:57
IутIыж махуэшхуэм и пэ къихуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэ хэха щыхуащI кхъэхэм кIэлъыплъыным. ЦIыхухэр зэрылъэIуам къыхэкIыу, Прохладнэм дэт кхъэжьым и щытыкIэр къапщытащ къулыкъущIэхэм.
Кхъэр куэншыб идзыпIэ зэращIам къалэдэсхэр тегузэвыхьу зыкъыхуагъэза нэужь, КъБР-м и Парламентым и депутат, «Урысей зэкъуэт» фракцэм хэт Марцуль Олегрэ ПсэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ управленэм и унафэщI Маар Евгенийрэ щIыпIэм кIуащ, абы и щытыкIэр къапщытэну.
Страницы
|