Суздаль къалэм щытокIуэ
Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Суздаль къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ илъэс 16 зи ныбжьхэр - къэралым и щIыналъэ 62-м я бэнакIуэ 600-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэм ящыщу зэхьэзэхуэм хэтахэм дыщэ медалищ абы къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ щыбэна гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ ХьэщIэлI Нурдин (кг 35-рэ), Къудей Арсен (кг 73-рэ), Лыфыщ Рустам (кг 62-рэ) сымэ. Аджырэ Залым, Нэгъуей Азэмэт, Елъчэпар Мурат, Темырчы Темырлан сымэ абыхэм я гъэсакIуэщ. НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 14:32 →
Дыщэ медалу тху
12.10.2026 - 14:29 →
Спорт хъыбархэр
06.10.2026 - 18:51 →
Спорт хъыбархэр
05.10.2026 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
04.10.2026 - 16:38 →
Спорт хъыбархэр
| ||




