Зы дыщэрэ домбеякърэАлыдж-урым бэнэкIэ Зы дыщэрэ домбеякърэ Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и телеграмм-каналым къызэритамкIэ, Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Омск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм я бэнакIуэ ныбжьыщIэу, илъэс 21-рэ иримыкъуауэ 350-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм хэта щIалэхэм ящыщу тIум медалхэр къахьащ. Килограмм 60 хъухэм я деж щыбанэ Къуныжь Хьэмэтбий кIэух зэпеуэм и бжыгъэр 8:0-у хигъэщIащ мэзкуудэс Шунгурциков Доджи икIи япэ увыпIэр иубыдащ. Бапинаев Къурмэн зэхьэзэхуэм ещанэ щыхъуащ. Финал «цIыкIур» абы къыфIихьащ Новосибирск областым и спортсмен Байышов Кутман. ЗэIущIэм и бжыгъэр 7:4-уэ иухащ абыхэм я зэпеуэр.
НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 15:37 →
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ
06.05.2024 - 15:33 →
Тхум щыщу тIум
06.05.2024 - 14:02 →
Спорт хъыбархэр
04.05.2024 - 11:00 →
Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч
03.05.2024 - 17:48 →
Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу
|