БзэщIэныгъэр удэзыхьэхщ

Абхъазым щыщ тхыдэдж-этнолог, журналист Дасание Давид езым и анэдэлъхубзэри фIыуэ зылъагъу, кIахэ адыгэбзэми щыгъуазэ щIалэщ. Интернетым къыщызэIуиха «Кавказ - наш общий дом» утыкум абы къыщигъэлъэгъуа и щапхъэхэм ящыщ зыбжанэм мыбдежым я гугъу щытщIынщ, япэр абхъазыбзэу - етIуанэр адыгэбзэу:

Сэ, сэра - сэ, сэрэ.

Уэ, уэра - уэ, уэра.

Йэра - ар.

Апхъа, эпхьа - пхъу.

Ашьа́, эща - шы, къуэш.

Аншьа, анщэ - анэш.

Айахьущэ, ахьущэ, шыпхъэ - дэлъху, шыпхъу.

Умш - уи мафэ (уи махуэ). Мыбыи гу лъытапхъэщ: абхъазыбзэм хэт «ш» макъыр «нэху», «хужь», «хуабэ» мыхьэнэхэр къыщикIыу адыгэбзэм къыщыкIуэ псалъэхэм пэгъунэгъущ, «м» макъыр абхъазыбзэм еигъэ къыщызыгъэлъагъуэщ (Дасание Давид зэригъэувымкIэ).

Сэра стыхуейтI - сэ сотхэ (абхъазыбзэкIэ «сэ сурэт сощI»).

ИсыжъууейтI, изжъууейтI - сешъо (псы софэ).

Асыр шкIуакIуоупI - уэсыр хужьщ.

Ашъуапш, эшъуапщ - кIахэ адыгэбзэкIэ «ошъуапщ» (уафэ пшэ).

Абри́ сыюны́ ауп (эбри сыюны аупI) - мыр си унэ.

Ацъуэ (ацу) - цу («вы» псэущхьэм кIахэ адыгэхэр зэреджэщ).

Ац (ац) - цэ (дзэ).

Абызшъуа (эбызшъуа) - бзэ.

Апсаа́ (эпсэа) - бзыу (бзу).

Апсаада́гуэ (эпсээдагуэ) - бзыудэгу (бзу дэгу).

Абылра́ - блэн.                                 

Агуы́ (эгу) - къэбэрдей - уигу, кIахэ - уыгу, Убых - уы-гьы.

Агуы змам (эгу змам) - гу зимыIэ (шынэкъэрабгъэ).

 Абгъара́ (эбгъэра) - бгэн.

 Иужьрей псалъэм ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэ щхьэхуэ иIэщ Дасание Давид. Абы зэрыхуигъэфащэмкIэ, адыгэбзэм хэт «бгы» псалъэр абхъаз-абазэ бзэхэм дызыщрихьэлIэ «абгъа» («бгъа») жыIэкIэм къытехъукIащ.

«Бгы» - «абгъа» - «бгэ»

«Абгъа»-«бгъа» псалъэм абхъаз-абазэ бзэхэм мыхьэнэуэ тIу щиIэщ: зыр (япэ пычыгъуэм нэхъ щытракъузэкIэ) - цIыхум е псэущхьэм и «тхыцIэщ», етIуанэр («бгъа» пычыгъуэр къыщыхагъэщкIэ) - «Iуащхьэщ», «бгыщ» е «къыр задэ лъагэшхуэщ», - щетх Интернетым езым къыщызэIуиха и сайтым зи гугъу тщIы щIалэм. - «Абгъа»-«бгъа» жыIэкIэм хуэкIуэу адыгэбзэм (кIахэми къэбэрдейми) хэт «бгы» псалъэми мыхьэнэуэ тIу иIэщ: япэр - «Iуащхьэ»-м хуэбгъакIуэ хъунущ, етIуанэр-цIыхум е псэущхьэм и тхыцIэм щыщ Iыхьэу дзажэналъэхэмрэ шхужьымрэ я зэхуаку дэлъ «бгы»-ращ. Ауэ, гъэщIэгъуэнракъэ, мы иужьрейуэ зи гугъу тщIы Iыхьэм хуэгъэзауэ абхъазыбзэм «абгъадзарэ» псалъэри къыщагъэсэбэп. Бзэ зэблагъэхэм зэщхьыщэу хэт я апхуэдэ зэхэухуэнэкIэр зэрымыщIэкIэ къэхъуа Iуэхукъым.

Языныкъуэ тхыдэтххэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абхъазхэми адыгэхэми я деж къызэрыщекIуэкIауэ, нэхъ пасэу псэуахэм ящыщ гуэр Тхьэшхуэм хуэтхьэусыхэну е Iуэху къыдэмыхъум ехьэлIауэ бгэн хуейуэ къилъытамэ, лъагапIэ гуэрым дэкIуейрт. Ди япэ итахэм апхуэдэ хабзи зэрахэлъам и щыхьэтщ ди бзэхэм къыхэна псалъэхэри: абхъаз - «абгъара» (макъ теуэр иужьрей пычыгъуэм тохуэ), адыгэ - «бгэн», «бгыбзэ» (кIахэ), «гыбзэ» (къэбэрдей).

Зи гугъу тщIы жыIэкIэхэм ехьэлIауэ иджыри зы телъыджэ. Адыгэхэм «бгыпэ» псалъэм кърагъэкIыр, зэрытщIэщи, «лъагапIэм и нэз» е бгы нэхъ лъагэм и лъабжьэкIэ щыIэ Iуащхьэ цIыкIу мыхьэнэхэращ. Ар дыдэм хуокIуэ абхъазыбзэм хэт «апгып», «абгъап» псалъэхэри.

Иужьрей макъыр жыжьэ къыщожьэ

Мыри гъэщIэгъуэнщ. «Гъуэгуэгъу» (кIахэ диалектымкIэ «гъогогъу») псалъэм адыгэхэм къидгъэкIыр, дызэрыщыгъуазэщи, «нэгъуэщIым дэгъуэгурыкIуэ цIыху» мыхьэнэращ, «гъуэгумрэ» «цIыхумрэ» зэпищIэу.

Ауэ, Дасание Давид гу зэрылъитамкIэ, зи гугъу тщIы мыхьэнэр а псалъэм къидгъэкIынумэ, дэ, адыгэхэм, «гъуэгуцIыху» жытIэн хуеящ, ди бзэм и зэхэухуэнэкIэм тетщIыхьмэ. Ауэ щыхъукIи, «гъуэгуэгъу» псалъэм и иужьрей макъ «гъу»-р дэнэ къыздикIар?

Абхъаз щIалэм зэрыжиIэмкIэ, ар дэркIэ зэрыгурыIуэгъуейуэ къэнэнут, ди бзэм и лъабжьэгъу абхъаз-абазэбзэхэм я деж демыплъэкIатэмэ. Абхъазхэм «цIыхум» щхьэкIэ «гIы-гъы» («ауагIы-ауагъы», «уаю-уагъуу»), абазэхэм «гIвы-гъгъу» жыIэкIэхэращ ноби къапсэлъыр. Абыхэм къэIукIэ гъэщIэгъуэн яIэщ, тэмэму дедаIуэмэ, «гъуэгуэгъу» псалъэм и кIэух макъым пэджэжрэ дэ, адыгэхэм, ди бзэм хэмытыж макъ пIытIа-хэукъуэдиикIа гуэрхэри хэту (Дасание Давид зэрытригъэчыныхьымкIэ).

Ауэ щыхъукIи, бзэщIэныгъэм дихьэх а щIалэм къызэрилъытэмкIэ, япэрауэ, «гъуэ­гуэгъу» псалъэр жьы дыдэщ, етIуанэрауэ, иужьрей «гъу»-р абхъаз-адыгэбзэхэр нэхъ зэгъунэгъуу щыщыта лъэхъэнэ жыжьэхэм къыщожьэ.

Бзэ зэблагъэхэм къызэрыщыкIуэр

Адыгэхэм къэдгъэсэбэп «шу» (кIахэ диалектымкIэ - «шыу») псалъэмрэ абхъазыбзэм хэт «атшыуаю»-мрэ мыхьэнэуэ къарыкIыр зыщ: «шым тес цIыху» жиIэу аращ.

«Атшыуаю»-р IыхьитIу зэрызэхэлъым гу лъытэгъуейкъым: «атшы» - рэ «уаю»-у.

ЯпэщIыкIэ «атшы» пычыгъуэм и гугъу тщIынщ. Дэ, адыгэхэм, щIыналъэкIэ нэхъ тпэгъунэгъу абазэхэм шым ехьэлIауэ «тшы» жаIэ щхьэкIэ, абхъазхэм «атшы»-щ къапсэлъыр.

 «Уаю» («уаг», «уагы») етIуанэ пычыгъуэм абхъаз-абазэбзэм къыщикIыр «цIыху» мыхьэнэращ.

Адыгэхэм къэдгъэсэбэп «шу»-м и кIэух макъыр, «у»-р, аргуэрыжьти, дэркIэ зэрыгурыIуэгъуейуэ къэнэнут, абхъаз-абазэбзэм дежкIэ демыплъэкIатэмэ. «ЦIыху» мыхьэнэ иIэу абыхэм къагъэсэбэпыр «уаг» («уагы») псалъэращ. Адыгэбзэм хэт «у» макъыр абы зэрыпэджэжым гу лъумытэну гугъущ.

«Шу»-м къикI мыхьэнэр къридгъэнэIуэн папщIэ, адыгэхэм «шым тес цIыхущ» жытIэн хуеяр. АрщхьэкIэ апхуэдэу хъуакъым. Ар аргуэру и зы щыхьэтщ абхъаз-абазэ-адыгэ бзэхэм я лъабжьэр ижь-ижьыж зэманхэм зыуэ зэрыщытам.

ЛУЦЭ СулътIан.
Поделиться: